ТЭРЧ БЭНАКIУЭХЭМ Я ТЕКIУЭНЫГЪЭ

ЩIышылэм и 7 - 9-хэм Налшык дэт «Гладиатор» спорт комплек­сым щекIуэкIащ 2002 - 2007 гъэ­хэм къалъхуа ныбжьыщIэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я республикэпсо зэхьэзэхуэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу абы хэтащ спортсмен 300-м нэблагъэ. 

Зэхьэзэхуэм зэфIэкI лъагэ­хэр къыщагъэлъэгъуащ Тэрч ­куейм и бэнакIуэхэм. Я хьэлъагъ елъытауэ зэщхьэщыха гупхэм пашэныгъэхэр щаубыдащ Тэркъан Къазбэч, Хъуп Астемыр, КIыщ Аслъэнбэч сымэ. КIыщ Мурат и нэIэ щIэту щIалэщIэхэм зыщагъасэ Акъбаш Ипщэ дэт спорт школым. 
Тамбовскэ жылагъуэм щыIэ олимп резервхэр щагъэхьэзыр спорт школым и гъэсэн Щомахуэ Албиян килограмм 82-м нэблагъэ зи хьэлъагъхэм я деж пашэныгъэр щиубыдащ. Ар ягъасэ Умархэ Залымрэ Валерэрэ. 
КъищынэмыщIауэ, етIуанэ, еща­нэ увыпIэ куэд зыIэрагъэхьащ Тэрч щIыналъэм и спортсмен ­ныбжьыщIэхэм. 
Алыдж-урым бэнэкIэмкIэ республикэ зэхьэзэхуэм щыте­кIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ хэтынущ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и зэпеуэу щIышылэм и 26 - 30-хэм Дагъыстэным и Каспийск къалэм щекIуэкIынум. 

 

Къэхъун Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым. 

17.04.2024 - 16:05

ДУНЕЙПСО ЩIЭИНЫМ И МАХУЭ

«Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэр дывгъэхъумэ» къыхуеджэныгъэм щIэту а махуэр гъэ къэс гъэлъэпIэным теухуа унафэр 1982 гъэм ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ хьэлэмэтхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо

17.04.2024 - 09:01

ЩIЫХЬЫЦIЭ КЪЫХУАГЪЭФАЩЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэхэм я цIыхубэ артист, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр зыхуагъэфэща уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Нэхущ Чэрим иджыблагъэ къра