ОМИКРОНЫР ДИ ЩIЫПIЭМИ КЪЭСА?

Коронавирусым и штаммыщIэр ди щIыналъэм къэсауэ хуагъэфащэ. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зэрыжиIамкIэ, «омикрон» пкъырыту хуагъэфащэу зы сымаджэ щыIэщ, абы и анализхэр мыгувэу хьэзыр хъунущ.
«Анализхэр «омикроным» щыхьэт техъуэу къэсыжмэ, вирусым къаруущIэ щIэлъу зыкъызэкъуихауэ жыпIэ хъунущ. Абы узэребэныну зы Iэмал закъуэщ дэ нобэкIэ диIэр – вакцинацэ егъэщIыныр. ТхьэмахуитI диIэщ, а штаммыщIэр къэсар пэжмэ. Зэи хуэмыдэжу жэуаплыныгъэ пылъу мы Iуэхум дыбгъэдыхьэну фыкъыхузоджэ. ЕкIуэлIапIэ 83 щыIэщ ди щIыналъэм, вакцинэр цIыхухэм щыхалъхьэу. Дэтхэнэ зыри хуэхьэзыру щытын хуейщ коронавирусым къаруущIэ щIэлъу зыкъытхиубгъуэнкIэ зэрыхъуным», - жиIащ КIуэкIуэм.
КъБР-м и Iэтащхьэм къызэрыхигъэщамкIэ, зы жэщ-махуэм къриубыдэу цIыху 500-м нэс зэрыцIэлэнкIэ хъунущи, курыт еджапIэхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм, цIыхухэр куэду щызэхуэс щIыпIэхэм деж анализ щатыфын папщIэ, зыхуей псомкIи къызэрагъэпэщынущ. КъищынэмыщIауэ, сымаджэхэм я бжыгъэр хэхъуэнкIэ шынагъуэщи, тIукIэ нэхъыбэу къащэхунущ Iэмэпсымэхэмрэ хущхъуэхэмрэ.
«НобэкIэ сымаджэ 7I0-рэ зыхуей хуэдгъэзэфыну, дызыхуэныкъуэ щымыIэу, дыхуэхьэзырщ вирусым. Дримыкъурэ, а бжыгъэр тIукIэ гъэбэгъуауи тхуэгъэIэкIуэнущ мылъкукIи, хущхъуэкIи, IэмэпсымэкIи», - къыхигъэщащ унафэщIым.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, япэ дыдэу Африкэм къыщыунэхуа, коронавирусым и «омикрон» штаммыр щIыналъэ I3-м къыщагъуэтащ махуэ бжыгъэ фIэкI дэмыкIыу. Абыхэм ящыщщ Башкортостан, Ингуш Республикэхэмрэ Рязан областымрэ. КъызэрыщIэкIымкIи, Къэбэрдей-Балъкъэрым къэсагъэнущ.

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)