ДЭГУБЭ (ДОГУАБ)

Ар зи фIэщыгъэ къуршыпс уэр цIыкIур Геленджик (Хъулъыжъый, ХъупIэ ЦIыкIу) пэмыжыжьэу хы ФIыцIэм хэлъэдэж Пшадэ и къуэпс нэхъ инхэу бгыщхьэ жьанэхэмкIэ къыщежьэхэм языхэзщ.
ЩIыпIаплъэхэм я деж цIэрыIуэ щыхъуа Дэгубэ зыщигъазэр Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм къыгуэщхьэхукIа тхыцIэу Къуацэгъур зи фIэщыгъэр зыгъэдахэ Тхыбэ бгым (метр 905-рэ и лъагагъщ) хы IуфэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэрщ.
Языныкъуэ лъахэхутэхэм (Твёрдый Александр – «Топонимический словарь Кавказа») къызэралъытэмкIэ, Дэгубэ зэреджэр зэпкърытх хъунущ адыгэбзэм хэт «дыгъэ», «бэ» псалъэхэмкIэ, къызэрыдгурыIуэн хуейри - «дыгъэр куэду зыдэпсэ», «дыгъэпскIэ гъэнщIа» егупсысыкIэущ.
НэгъуэщIхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, фIэщыгъэр, «дэгу»-рэ «бэ»-уэ зэщхьэщытхмэ, къызэрытлъытэ хъунур «ямылейуэ щIыпIэ дэгу» мыхьэнэм хуэдгъакIуэущ.
Геленджик и Iэшэлъашэм зыщызыгъэпсэху туристхэм ящыщу Дэгубэ и тIуащIэм зи лъэ щызыукъуэдия дэтхэнэри щыхьэт техъуэфынущ, метр 25-м нэблагъэ зи лъагагъ нэпкъхэм дапхъэ-дэкIуеипIэу къепкIэ псыкъелъэхэм уамытхьэкъункIэ Iэмал зэримыIэм, апхуэдизу ахэр гугъэзагъэщ, удэзыхьэхщи.
Къэзыухъуреихь мэзылъэ Iуащхьэхэм зи къуэладжэ ныджэр километр 12-кIэ пхызыша Дэгубэ сэмэгу лъэныкъуэмкIэ къыщыхэлъадэ и къуэпсхэм я нэхъ инщ Къуагуэрэ (Коаго) зи гугъу тщIа псыкъелъэхэм я нэхъыбэр зыдэт Тхыбэрэ (Тхаб).
Псым зэреджэм ехьэлIауэ нэгъуэщI еплъыкIэхэми дарихьэлIэнущ. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, «Дэгубэ»-р «Дэгъуэбэ»-у («фIыр куэду здэщыIэ тIуащIэ» жыхуаIэу) къыщIезыгъэдзхэри, «шыгъэжапIэ» мыхьэнэм техуэу осетиныбзэм хэт къэпсэлъыкIэм къытепщIыкIауэ къэзылъытэхэри, «Дэгухэ я къуэладжэ» адыгэ егупсысыкIэм хуэзышэну хущIэкъухэри.             
 

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ