ГУПСЫСЭ КЪЫЗЫХЭЩ СУРЭТХЭР

Адыгэ Республикэм щыщ сурэтыщI Ачмыжь ФатIимэ и IэдакъэщIэкIхэм къыщыгъэлъэгъуащ адыгэ дуней. Зэм лIыжь жьакIэхур мэгупсысэ, зэм шыкIэпшынэ зыIыгъ пщащэр къытхуогуфIэ, зэм адыгэшхэр зэдолъ, зэми къэфакIуэхэр утыку къохьэ. 
ФатIимэ Адыгейм и Тахъутэмыкъуей щIыналъэм щыщ Банэхэс къуажэм къыщыхъуащ. Краснодар къэрал университетым и художественно-графикэ къудамэм дизайным щыхуеджащ. Лазаревск унагъуэ щыхъуащ, абы щопсэу, сабийхэм папщIэ гъуазджэмкIэ школым щрегъаджэ. 
«Черкесы» зыфIища и япэ гъэлъэгъуэныгъэр Сочэ къалэм Адыгэ щэнхабзэмкIэ и центрым щекIуэкIащ. Лэжьыгъэ 21-рэ къыхищыпыкIащ и IэдакъэщIэкIхэм. СурэтыщIым зэрыжиIэмкIэ, цIыху сурэт щIыным псом хуэмыдэу дехьэх, аращ гъэлъэгъуэныгъэм фIища цIэр къызытекIари. 
Ачмыжь ФатIимэ и IэщIагъэм къежьапIэ хуэхъуар и сабиигъуэрщ. 
- Си анэм сурэт ищIырт, си анэшхуэрти, зэпымыууэ зыгуэрхэр ибзырт, идырт… Сэри абыхэм сахэувэн хуейтэкъэ зыгуэркIэ?! Гуащэхэм сахуэдэу щIэздзащ. Сабий куэдым я хьэлщ ар - гуащэм яхуэдэныр! ПэщIэдзэ классхэм сыщыщIэсым си хъуапсапIэу щытащ библиотекэм сыщылэжьэну. Класс нэхъыжьхэм сыщынэсам си хъуапсапIэм зихъуэжат – Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ и министр сыхъуну сыхуейт! - жеIэ бзылъхугъэм дыхьэшхыу. 
ЦIыху IэпщIэлъапщIэ къэс езым и дуней къэгъэщIыкIэ иIэжщ. ФатIимэ гупсысэхэр зэрегъэуIу, уеблэмэ илъэсым къриубыдэу зыхунэсыну хуейхэм теухуауэ еубзыху зэманыр. 
- Сэ сиIэщ си гупсысэхэр схемэкIэ къыщызгъэлъагъуэ альбом. Сыт абы и щхьэусыгъуэр? Зэпымыууэ си гум зыгуэрхэр къохьэ, ауэ гупсысэщIэхэм зэуэ гъащIэ естыну е зэман сыхурикъуркъым, е абы теухуауэ си щIэныгъэм къыхэзгъэхъуэн хуейщ, е абы сыщIыхунэмыс щхьэусыгъуэ гуэрхэр щыIэщ. Сэ сщIэр сыт? Мис а гупсысэхэр альбомым щызэхузохьэс, сахэплъэжурэ си гум нэхъ сIэпихым солэжь, - жеIэ сурэтыщIым. 
Ачмыжь ФатIимэ гуащэ хьэпшып щIэщыгъуэхэр дынми хуэIэкIуэлъакIуэщ. Гуащэхэр, псэущхьэ цIыкIухэр, зэрыджэгу хьэпшыпхэр – зэмылIэужьыгъуэщ и лэжьыгъэхэр. ЗэрыжиIэмкIэ, япэу гуащэ хуидауэ щытащ и сабийм. Игу ирихьати, абыи елэжьын щIидзащ. ЩIэщыгъуэ къигъэщIыху езыми и псэм зегъэнщIыж дахагъэкIэ. 
-Нэхъыщхьэр а здым езым и хьэл «зэригъэпэщыжынырщ», и теплъэр нэщIыса хъунырщ, - жеIэ.
Ачмыжь ФатIимэ езыр гукIи псэкIи адыгэщ.
- Си щхьэм пщIэ хуэсщIыжынымрэ сыкъэзыухъуреихьхэр слъытэнымрэ - ар си дежкIэ адыгагъэщ. Апхуэдэ щытыкIэм щыхъумащ хабзэ-бзыпхъэри, нэмысри, цIыху щIыкIэ дахэри, - жеIэ абы.
ФатIимэ и лэжьыгъэхэм хэтлъэгъуащ гъащIэ, гуфIэгъуи гугъуехьи щызэщIэту! Дахагъэ къигъэщIынкIэ Тхьэр къетащ. 
 

 

Гугъуэт Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.