ЛЪЭПКЪ ХЪУГЪУЭФIЫГЪУЭР ЗЫХЪУМЭХЭР

Урысейм щыпсэу лъэпкъ цIыкIухэм я хэгъэгузэхуаку фестивалым Тэрч щIыналъэм и лIыкIуэхэр хэтащ.
Шэшэным щекIуэкIа а Iуэху дахэм Къэбэрдей-Балъкъэрм къыбгъэдэкIыу зыкъыщагъэлъэгъуащ Тэрч муниципальнэ щIыналъэ администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщI Накуэ Сослан, «Терчанка» къэфакIуэ гупым и балетмейстер ГуэныкIэ Лиуан, ансамблым и къэфакIуэ пажэхэу Ахэмын Ислъамрэ Шыкълашэ Миланэрэ.
Ар къызэрагъэпэщат Шэшэн Республикэм ЦIыхубэ ТворчествэмкIэ и центрым, УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, Поленов Василий и цIэр зезыхьэ лъэпкъ творчествэмкIэ унэм, Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ центрым.
Мы Iуэхум хэтащ Астрахань, Волгоград областым, Осетие Ищхъэрэ -Алание, Шэшэн, Къэрэшей-Шэрджэс, Дагъыстэн, Къалмыкъ республикэхэм, Ставрополь щIыналъэм икIа творческэ гупхэр.     
Фестивалыр щекIуэкIар «Вайнах» уардэунэрщ. Ар къыщызэIуахым къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ Шэшэн Республикэм щэнхабзэмкIэ и министр Дааев Хож-Бауди, Поленов Василий и цIэр зезыхьэ центрым лъэпкъ щэнхабзэхэмрэ и къудамэм и унафэщI Кулибабэ Сергей, ШР-м Лъэпкъ творчествэхэмкIэ центрым и унафэщI Даудов Рамзан.
Фестивалым и Iыхьэу, «ЩIалэгъуалэмрэ щэнхабзэмрэ: лъэпкъ творчествэм и мыхьэнэмрэ къарумрэ» фIэщыгъэм щIэту Лъэпкъ библиотекэм щекIуэкIа «стIол хъурейм» щэнхабзэм, гъуазджэм, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ, творческэ гупхэм я лIыкIуэхэр хэтащ. «Псэкупсэ лъапIэныгъэхэр и лъабжьэу щIэблэр гъэсэн» Iуэхум теухуауэ абдеж къыщыпсэлъащ Накуэ Сослан.
ЦIыхубэ творчествэр хъумэным хуащI хэлъхьэныгъэм папщIэ фестивалым хэтахэм щIыхь тхылърэ фэеплъ саугъэтхэр иратащ.
 

Инэрокъуэ Данэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)