КЪУАЖЭ ДОХУТЫРХЭМ КЪАХОХЪУЭ

«Къуажэ дохутыр» программэр зэрагъэзащIэм ипкъ иткIэ, 2019 - 2021 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал медицинэ IуэхущIапIэхэм унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ IэщIагъэлIи 100 лэжьапIэ ягъэуващ. Дызэрыт илъэсым и кIэ хъуху иджыри дохутыр 11 IэнатIэкIэ къызэрагъэпэщынущ.
«Къуажэ дохутыр» программэр икъукIэ щхьэпэ мэхъу цIыхухэм япэ дэIэпыкъуныгъэр щагъуэт амбулаториехэр, поликлиникэхэр зыхуей IэщIагъэлIхэмкIэ къызэгъэпэщынымкIэ. А IуэхущIапIэхэр хуэныкъуэщ терапевтхэм, педиатрхэм, кардиологхэм, нефрологхэм, неврологхэм, нэгъуэщIхэми. Мы Iуэхур къызэрырахьэжьэрэ республикэм и жылагъуэ куэдым абыкIэ я Iуэхур нэхъ тынш хъуащ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, программэм хэтхэм, Iуэхум трагъэгушхуэу, зэуэ сом мелуан, мелуанрэ ныкъуэрэ ират. Абы и хабзэхэм къызэрагъэувымкIэ, дохутырыр здагъэкIуа медицинэ IуэхущIапIэм илъэситхукIэ щылэжьэн хуейщ.
 

ЩхьэщэмыщI Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.