ЦIыху, сурэтыщI гъуэзэджэ

Налшык дэт Лъэпкъ ­музейм иджыблагъэ къы­щы­зэIуахащ КъБР-м и ­цIы­­ху­бэ сурэтыщI Бгъэжьнокъуэ Заурбэч и Iэдак­ъэ­щIэкI­хэм я гъ­э­­лъэгъуэ-            ныгъэ.

Музейм и пэш Iэхуит­лъэхуитым ягъэбжьыфIэ Бгъэжьнокъуэм графикэ жыпхъэм иту лъэпкъым, тхы­дэм, Iуэ­ры­Iуатэм, лъагъуныгъэм, нэгъуэщI куэдми теухуауэ ищIа лэжьыгъэхэм. Художественнэ тхыгъэхэм я лIыхъужь куэд къахыбоцIыхукI абыхэм. Сурэт къэс зы хъыбар, ухуейуэрамэ, гъащIэ псо къаIуатэ. Псом хуэмыдэу гъэ­щIэ­гъуэн сщыхъуащ абы Нарт эпосым и лIы­хъужь­хэм я теплъэр зэ­рищIар, ахэр сы­зэмысащ, щIэщыгъуэщ, ауэ щыхъукIи, къэсцIыхуж теплъэ телъыджэщ. 
КъБР-м и СурэтыщIэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Темыркъан Геннадий зэIущIэр къыщызэIуихым жи­Iащ Адыгэхэм я махуэм ирихьэлIэу Бгъэжьнокъуэм лъэпкъ нагъыщэкIэ бей и лэжьыгъэхэр утыку къызэ­рырахьар игъуэу къызэрилъытэр. 
- Заурбэч и творчествэр зэрыщыту хуэгъэпсащ къы­зыхэкIа лъэпкъым, абы и лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэр екIуу, щIэщыгъуэу къэIуэ­тэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ ещIэ. Сэ къызолъытэ абы и IэрыкIхэр адыгэ лъэпкъым и дамыгъэу.  Сыхуейт лъэпкъ куэдым Бгъэжьнокъуэм и сурэтхэр ялъагъуну, лъэпкъыпсэ–лъэпкъыгу пса­лъэхэм я мыхьэнэр мы су­рэтыщIым и лэжьыгъэ­хэмкIэ зыхащIэну. Апхуэ­дэуи сыхуейт мы пэшым къыщыгъэлъэгъуа лэжьыгъэхэм нэхъыбэ къакIуэу еплъыну, дыщIэгушхуэ су­рэ­тыщIым и лэжьыгъэхэм щымыгъуазэхэм зрагъэ­цIыхуну, зыцIыхухэм абы­ и зэфIэкIыр зэрыбгъуфIэр иджыри зэ хьэкъ ящы­хъужыну. ПщIэ ин хузощI емызэшыжу и лъэпкъым зэрыхуэлажьэм, творческэ гъуэгуанэ дахэ зэрыпхишам папщIэ.
Бгъэжьнокъуэм фIыщIэ псалъэкIэ зыхуигъэзащ ­КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Аминат.
- Мы пэшым щIэт дэтхэнэри дахагъэм хуэпIащIэу къызэрыкIуар си фIэщ ­мэхъу. СызэреплъымкIэ, сы­щыуэнукъым, Бгъэжьнокъуэ Заурбэч и творчествэр Къэбэрдей-Балъкъэрыр, адыгэ лъэпкъыр щIэгуш­хуэн фIыгъуэщ жысIэ­мэ. Адыгэхэм я махуэшхуэм, ар къызэрызэIуахам мыхьэнэ зэриIэр псоми къыдгуроIуэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы и ехъулIэныгъэм и щэху нэхъыщхьэр и лъэпкъым хуиIэ пыщIэныгъэ быдэмрэ фIы­лъагъуныгъэмрэщ. Куэд щыгъуазэщ Бгъэжьнокъуэр зэ­рыегъэджакIуэ бэлы­хьым. ЕгъэджакIуэу улэ­жьэн папщIэ зэфIэкI пыухы­кIа ухуейщ. Уи IэзагъэмкIэ щIэблэм уадэмыгуэшэфрэ сабийхэм бзэ къахуумы­гъуэтыфмэ, егъэджэныгъэ Iуэхум пхухэлъхьэн щыIэкъым, псом хуэмыдэу творческэ IэщIагъэхэм ехьэ­лIауэ.­ СурэтыщIым и мыза­къуэу, ди республикэм ­щып­сэу дэтхэнэми мы гъэ­­лъэ­гъуэныгъэмкIэ се­хъуэ­­хъуну, зымылъэгъуахэр еп­лъыну къыхуезджэну сы­хуейт.
ЗэIущIэм зыкъригъэхьэ­лIат мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэжауэ щыIэ, УФ-м и цIыхубэ, КъБР-м щIыхь зиIэ я сурэ­тыщI Пащты Герман. Абы жиIащ Бгъэжьнокъуэм хуэ­дэу полиграфиемрэ графикэмрэ хуеджауэ ди республикэм зыбжанэ фIэкI зэ­римысыр. Пащтым игу къигъэкIыжащ, Бгъэжьнокъуэр  щылажьэу щыта тхылъ те­дзапIэр нэхъыфIхэм хабжэу, зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм пашэныгъэ щау­быду зэрыщытар Заурбэч ­зэ­ри­фIыщIэр. Абы и лэ-­           жьы­гъэхэм щыщу Нарт эпосым хуищIа сурэтхэм щхьэхуэу къытеувыIащ Пащтыр. Ди лъэпкъэгъум а сурэтхэм къыщигъэлъэгъуа Iэзагъэ иным, зэфIэкIым, гупсы­сэхэм я щIэщыгъуа­гъым тепсэ­лъы­хьащ Герман.
- Сэ стхыр макъамэщи, Бгъэжьнокъуэм и сурэтхэм ящIэлъ макъамэм сытеп­сэлъыхьынущ, - мы псалъэ­хэмкIэ жиIэнур иублащ композитор ХьэIупэ Джэб­рэIил. - Заурбэч и гъэлъэ­гъуэныгъэ куэд щIауэ сы­­щIэхъуэпсырти - нобэ слъэ­гъуащ! Макъамэм сы­зэрыхуэтхьэкIумафIэм и ­гъусэу, нэ­гъуэщI макъами зэхэсхыну си насып къихьащ, ар итхъа цIыкIум (штрихым) и макъамэщ. Графикэм деж абы къалэнышхуэ зэригъэзащIэм куэд щыгъуазэщ. НтIэ, макъамэми а зы итхъа цIыкIум мыхьэнэшхуэ щи­Iэщ. Мы сурэтхэм еплъ куэдым ­ялъагъунур зы жыпхъэм иту щIа теплъэгъуэщ, ауэ уп­кърып­лъыхьыпэ­мэщ абы нагъыщэрэ щIагъыбзэу щIэ­лъым гу щы­лъыптэр. Абы и кууагъыр нэсу къызыгурыIуэфынур зырызщ, езы Заурбэч хуэдэу гу къабзэ зиIэхэрщ. ГъащIэшхуэ уиIэну, дахагъэ куэд плъагъуну, абыкIэ укъыддэгуэшэну си гуапэщ.
«Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и унафэщI Ацкъан Руслан Заур зэрысурэтыщI Iэ­зэм хуэдэу, ныбжьэгъу бэ­лы­хьу, цIыху щыпкъэу зэры­щытым яхутепсэ­лъы­хьащ къызэхуэсахэм. 
Гуманитар къэхутэныгъэ­хэмкIэ институтым адыгэ IуэрыIуатэмкIэ и секторым и унафэщI Гъут Iэдэм сурэ­тыщIым и IэдакъэщIэкIхэм къыпхалъхьэ къарум, гушхуэныгъэм къытеувыIащ. IуэрыIуатэджым жиIащ лэжьыгъэхэр гъэщIэгъуэн зэрыщыхъуар, языныкъуэ­хэр телъыджэ дыдэу къы­зэ­рилъытэр. 
 ПIалъэ къызыхэкI мыхъуну сабий хирургиемрэ травматологиемкIэ щIэныгъэ къэхутакIуэ институтым ней­рохирургиемкIэ и къудамэм и унафэщI, Медицинэ щIэныгъэхэмкIэ Урысей академием сабийхэм я узын­шагъэмкIэ и щIэныгъэ центрым и лэжьакIуэ пажэ, медицинэ щIэныгъэхэм я доктор Семэн Жаннэ къы­щыпсэлъащ гъэлъэгъуэныгъэм.
- Си насып кърихьэкIри, Бгъэжьнокъуэ Заурбэч, ХьэIупэ ДжэрбэIил хуэдэ цIы­хушхуэхэр гъунэгъу къы­с­хуэхъуащ. Абыхэм я цIыху щIыкIэкIэ япэсщIын щы­мыIэу фIыуэ солъагъу, ап­хуэдэ дыдэу солъагъу абы­хэм я творчествэ къулейри. 
Заурбэч и гъэлъэгъуэныгъэу Москва щащIахэм мызэ-мытIэу сыкIуати, куэду пщIэ къызэрыхуащIыр, и творчествэр фIыуэ зэра­лъагъур си нэгу щIэкIащ. Ар цIыху псэ къабзэщ, сэ сызэреплъымкIэ, а и псэ ­къабзагъэращ абы и сурэтхэм дыдэзыхьэхыу къахэщри. Мы пэшым щытлъагъу сурэт­хэм я нэхъыбэр фIы­цIэрэ хужьущ зэрызэхэтыр, ауэ а плъыфитIыр сурэты­щIым зыуэ Iэзэу егъэджэгури, абы гуапагъэри, хуабагъэри, нэхугъэри къобэкI. СынасыпыфIэщ абы и кIы­щым сыкIуэурэ сыбгъэ­дэсыну Iэмал сызэриIэм папщIэ. Къыхэзгъэщыну сы­хуейт нобэ пэшым щытлъа­гъур лъэпкъыр щIэгушхуэн фIыгъуэ ину къызэрыслъы­тэр, - жиIащ Жаннэ.
- Мы гъэлъэгъуэныгъэр зэ­рымыщIэкIэ сщIауэ жы­пIэ хъунущ,- къригъэжьащ Бгъэжьнокъуэм псалъэ щратым. - Къыпымрэ сэрэ еджапIэ дыкъыщикIыжам, батэкъутэ дгъэшын ди гугъэу, Налшык гъэлъэ­гъуапIэ пэш къыщызэIутхыу графикэмрэ живописымрэ абы щыдгъэлъэгъуэну псалъэ зэттыжат. Ар къыдэмыхъулIауэ республикэм ди IэдакъэщIэкIхэр утыку къыщидмыхьэныр ди мурад быдэт. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, гугъэмрэ гъащIэмрэ зэтехуэркъым. Си гъэлъэ­гъуэныгъэм си къуэрылъху цIыкIухэм я цIэ фIызощ, абы­хэм тыгъэ яхузощI, - жиIэри Бгъэжьнокъуэм пща­­щэжьей тхьэIухудитI уты­кум къришащ. Адэш-­ х­уэм и гуапэу къыхигъэща­щ абыхэми сурэт зэращIыр.
Ди гуапэщ Заурбэч и унагъуэ дахэм, лъэпкъым хуэ­узыншэу, иджыри куэдрэ и IэдакъэщIэкIхэмкIэ лъэпкъ­ гъуазджэр игъэбжьыфIэну!
Щомахуэ Залинэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.