«Нартым» и япэ ехъулIэныгъэ мащIэ

Республикэм футболымкIэ и чемпионатым и гуп нэхъыщхьэм и зи чэзу зэIущIэхэр екIуэкIащ. Зэхьэзэхуэм бжьыпэр щызыIыгъ «Энергетик»-мрэ «Тэрчым»-мрэ зыр адрей зыкъыкIэрагъэхуркъым. 
Зэхьэзэхуэм и турнир таблицэм пашэныгъэр щызы­Iыгъ­хэм бжьыпIэр зыIэщIагъэкIыну я мурадкъым. «Тэрчым» и унэ щыIэу 7:2-уэ Тырныауз къикIа «Эльб­рус»-р­ хигъэщIащ. АрщхьэкIэ таблицэм пашэныгъэр зэрыщиIыгъар зы махуэ закъуэщ. КъыкIэлъыкIуэм япэ увыпIэм къыдэкIуэтеижащ Прохладнэ щыIэу «Кэнжэм» 3:0-у ефIэкIа «Энергетик»-р. 
Ещанэ увыпIэм щхьэкIи зэныкъуэкъуныгъэшхуэ щокIуэкI республикэм и чемпионатым. Малкэ къикIахэм щысхь лъэпкъ хуамыIэу жэуапыншэ топищ я гъуэм худагъэкIащ Лэскэн куейм и «Урыху» командэм. Псынэдахэ и «Родник»-р Налшык щыхьэщIэу 3:5-уэ хигъэщIащ таблицэм и кIэух увыпIэхэм къыщыувыIа «Спартак-Д»-м. 
Зэхьэзэхуэм и епщыкIуиянэ джэгугъуэм япэ очкор къыщихьащ иджыри къыздэсым апхуэдэ къызыхуимыхуа Нарткъалэ и «Нартым». «ХьэтIохъущыкъуейм» и унэм абы щыдригъэкIуэкIа зэIущIэр 1:1-уэ иухащ. 
«Ислъэмейм» къыкIэлъыкIуэ хэщIыныгъэр иригъэ­гъуэтащ «Псыгуэнсум» - 2:1. Старэ Шэрэдж ще­кIуэ­кIа «Шэрэджымрэ» Бабугент и «ЛогоВАЗ»-мрэ я зэпэ­щIэтыныгъэр 2:5-уэ иухащ. 
Зи чэзу джэгугъуэм ипкъ иткIэ дызыхуэкIуэ щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ зэIущIэнущ: фокIадэм и 25-м - «ЛогоВАЗ» - «Спартак-Д», «Шэджэм-2» - «Малка», «ХьэтIохъущыкъуей» - «Тэрч», «Родник» - «Энергетик»; фокIадэм и 26-м - «Ислъэмей» - «Шэрэдж», «Псыгуэнсу» - «Урыху», «Кэнжэ» - «Нарт», «Эльбрус» - «Шэрджэс» командэхэр.
Жыласэ Замир.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.