СОМ МИНИ 100 ХЪУ АХЪШЭ САУГЪЭТХЭР КЪАIЭРОХЬЭ

Коронавирус узыфэ зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэм зэрыпэщIэт вакцинэр зыхезыгъэлъхьа цIыхухэр зэрагъэпажэ программэм хыхьэу къызэрагъэпэща лотерее джэгум и япэ Iыхьэр зэфIэкIащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, ахъшэ саугъэтхэр къахьыну Iэмал яIэщ зи ныбжьыр илъэс 18-м щIигъуауэ мастэр зыхезыгъэлъхьа дэтхэнэ зыми. 
ФокIадэм и 15-м наIуэ къэхъуащ лотереем зи насып къыщикIа цIыху 500-м я цIэ-унэцIэхэр. УФ-м и Правительствэм хъыбар къызэритымкIэ, Iуэхум кърикIуам зыщыщыбгъэгъуэзэфынущ «бонусзаздоровье.рф.» сайтым. ТекIуахэм уахэт-уахэмытыр къэпщIэн папщIэ мастэр зэрызыхебгъэлъхьамкIэ щыхьэт регистрым узэрит бжыгъэр абдеж къыщыбгъэлъэгъуэн хуейщ. Апхуэдэуахъшэ саугъэтыр къызэрахьа хъыбарыр хуагъэхьынущ цIыхум Къэрал, муниципальнэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ зыуэ щыт порталым щиIэ «кабинет щхьэхуэм».
Саугъэтыр тыншу къыпIэрыхьэжынущ - лотереер щагъэджэгуа махуэм щегъэжьауэ мазихым къриубыдэу ар МИР банк картэм ягъэкIуэнущ. 
Компьютерым и Iэмалхэр къагъэсэбэпу ирагъэкIуэкIыну лотереемкIэ цIыху 1000 ягъэпэжэнущ, абыхэм дэтхэнэми сом мини 100 иратынущ. Лотереем и къыкIэлъыкIуэ Iыхьэр жэпуэгъуэм и 14-м екIуэкIынущ, абы щыгъуи наIуэ къэхъунущ зи кIэн къикIа цIыху 500-м я цIэ-унэцIэхэр. 
COVID-19-м зэрыпэщIэт вакцинэр Урысейм и цIыхухэм халъхьэн щIадзащ мы гъэм и щIышылэм и 18-м щегъэжьауэ. УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм къызэритымкIэ, мы зэманым ирихьэлIэу къэралым и цIыху мелуан 40-м щIигъум хущхъуэр ирахьэлIащ.
 

ЩхьэщэмыщI Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.