СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий: Лъэпкъыр зэкъуэгъэувэжынымрэ анэдэлъхубзэр хъумэнымрэ догъэнэхъапэ

Адыгэхэм ди жылагъуэ зэгухьэныгъэ нэхъ ин дыдэр - Дунейпсо Адыгэ Хасэр - къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 30 ирикъуащ. А зэманым къриубыдэу абы къикIуа гъуэгуанэм, игъуэта зыужьыныгъэмрэ лъэхъэнэм къыдэкIуа гъэунэхуныгъэхэмрэ ятеухуа упщIэ зыбжанэкIэ иджыблагъэ зыхуэдгъэзащ ДАХ-м и Тхьэмадэ ­Сэхъурокъуэ Хьэутий.

- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и XIII Зэхуэсышхуэр къоблагъэ, Хьэутий. Ар ирихьэлIащ махуэшхуитIым - ­ДАХ-р къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс ­30 щрикъумрэ Адыгэхэм я махуэмрэ.
- Пэж дыдэу, лъэпкъми Дунейпсо Адыгэ Хасэми я дежкIэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ махуэхэм хуэзащ иджырей зэхуэ­сышхуэр. Илъэс 30-кIэ узэIэбэкIыжмэ, 1991 гъэм накъыгъэм и 19-м, Налшык къыщызэхуэсат дунейм адыгэу тетым я лIыкIуэхэр. Абы ипэ ит илъэсым Голландием щекIуэкIат зэхуэс, хамэ къэрал зыбжанэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я лIыкIуэхэр хэту, икIи, игъащIэм щымыIауэ, Щыгъуэ-щIэж махуэм ирихьэлIэу Дунейпсо Адыгэ Конгресс Налшык щызэхашэну унафэ къыщащтэгъат. А зэ­хуэсышхуэм и Тхьэмадэу хахат Голландием щыпсэу, мы Iуэхур къе­зыхьэжьа Хьэткъуэ Фэтхьи. Арыххэуи, 1991 гъэм накъыгъэ мазэм и 19-20 махуэхэр адыгэм и тхыдэм нэщыпхъуэр тезыха, лъэхъэнэщIэм и Iуэхухэр убла щыхъуа махуэу лъэпкъ махуэгъэпсым хэуващ. Илъэси 127-рэ дэкIын хуеящ лъэпкъыр зэхыхьэфын щхьэкIэ.
Дунейпсо Адыгэ Конгрессыр зэры­лэжьа махуитIым дунейм адыгэу тетыр зэкъуэзыгъэувэ ДАХ-р къигъэщIащ. Адыгэм и бзэр, щэнхабзэр, тхыдэр ­хъумэным икIи зегъэужьыным хуэгъэпса зэгухьэныгъэт ар. Лъэпкъым деж­кIи мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэш­хуэт.
ДАХ-м и тхьэмадэу хахащ СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутат, абы и Комитетым и унафэщI, юридическэ щI­э­ныгъэхэм я доктор, профессор Къалмыкъ Юрэ. Абы и къуэ­дзэхэт Голлан­дием щыщ Хьэт­къуэ Фэтхьи, Къэбэрдейм щыщ Мы­­­кIытIей Абдулыхь, Иор­данием щыщ Къардэн Самир, Тыркум щыщ Мэш­хуэфI Нэждэт сымэ. Дунейм адыгэу тетыр зэзыгъэуIу, и лъэп­къыбзэмрэ щэнхабзэмрэ хъумэ­ным хуэгъэза, зэкъуэ­тыныгъэмрэ зы­щIы­ны­гъэм­рэ телажьэ япэ адыгэ ха­сэшхуэу ­къежьа ДАХ-м а къалэныр ноби егъэзащIэ, дяпэкIи а IэнатIэм пэ­ры­тынущ.
Адыгэхэм я махуэр лъэпкъ махуэгъэпсым зэрыхэувэрэ куэд щIакъым. КъБР-м и Iэтащхьэм и Iэ щIэлъу 2014 гъэм шыщхьэуIум и 12-м къыдэкIа унафэм фокIадэм и 20-р Адыгэхэм я махуэр ди щIыналъэм щигъэнэхуащ. Ди блэкIар зыщыдмыгъэгъупщэныр, Хэкум и щхьэхуитыныгъэр яхъумэу илъэсищэкIэ екIуэкIа зауэжьым хэкIуэдахэм я фэеплъыр дымыгъэкIуэдыныр ди хьэкъщ, абы псалъэ хэлъкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, блэкIам дерс къыхэтхыу къэкIуэным дытелэжьэн ­хуейщ. КъытщIэхъуэ щIалэгъуалэр хэкупсэ-лъэпкъыгуу къэгъэтэджыныр, гупсысэ куу яIэу гъэсэныр псоми ди зэхуэдэ къалэнщ. Дунейм тет адыгэ щIалэгъуалэр зэтшэлIэн, зэлъэдгъэ­Iэ­сын, зы лъэпкъ къызэрыхэкIар я щхьэм иту гъунэгъу зэхуэтщIын хуейщ. Дуней­псо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ къащта Адыгэхэм я махуэр цIыхубэ махуэшхуи хъуащи, жыпIэну гухэхъуэщ.
ДАХ-м и XIII Зэхуэсышхуэр ар къызэ­рызэрагъэпэщрэ илъэс щэщI щрикъум хуэзэу йокIуэкI. А зэманым къитIэсащ ДАХ-м и зэфIэувэнымрэ зыужьыныгъэмрэ. Ди Хасэр нобэ дуней псом къыщащIэ, пщIэ зыхуащI адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэу къалъытэ. ДАХ-р къэрал зэмылIэужьыгъуэхэр зэгурызыгъаIуэ, зэзышалIэ, зэлъэзыгъэIэс лъэмыжщ, дунейпсо цIэрэ щхьэрэ зиIэ хасапIэщ. ДАХ-р урысейпсо икIи щIыналъэ къу­лыкъущIапIэхэм, Урысеймрэ хамэ къэралхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ я IуэхущIапIэхэм япыщIащ, щIэгъэкъуэни къыхуохъу.
- Хьэутий, уи унафэм щIэт ДАХ-м зыхуигъэувэжа къалэнхэр дауэрэ зэ­фIихыфа дунейр зэ­щIэзыщта коронавирус уз зэрыцIалэм и гуащIэгъуэ зэман гугъум?
- Зэрыдунейуэ зэкIэлъымыкIуэж зы­щIа а узыфэр ужьыхакъым, цIыхухэр нобэр къыздэсым хуиту зэхыхьэ хъуркъыми, щытыкIэр иджыри къызэ­ры­мыкIуэу гугъущ. ДАХ-м дежкIи тын­ша­къым иужьрей илъэситIыр. Едгъэ­кIуэкIын хуея лэжьыгъэм пандемием­ зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьащ. Язы­ны­къуэ Iуэхугъуэхэр пэIудзауэ зэфIэтхащ. Ауэ, дауэ хъуми, къалэн зыщытщIыжахэр зэрыдгъэзэщIыным дыпылъащ. ДАХ-м и зэIущIэхэр Уставым къигъэув пIалъэхэм темыкIыу екIуэкIащ. Хасэм и Унэм къыщызэдгъэпэщ зэхуэсхэр хэгъэкIауэ, ди лъэпкъэгъухэр нэхъыбэу щыпсэу щIыпIэхэм дыкIуэурэ ди зэIущIэхэр щедгъэкIуэкIыу зы хабзэ къыхэтлъхьати, ари IэщIыб тщIакъым. 2019 гъэм бадзэуэгъуэ мазэм зи чэзу зэIущIэр Черкесск щызэхэтшащ, 2021 гъэм ар Мейкъуапэ щедгъэкIуэкIыну къыдэхъулIащ.
ЗэкIэлъыкIуэныр, хасэ зэIущIэхэр ди лъэпкъыр зэрыIыгъыу щыпсэу щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щегъэкIуэкIыныр дызыхуэныкъуэ Iуэхущ, дызыхуейщ, ­игъуэуи къэлъытапхъэщ. ДАХ-м и лэ­жьыгъэр щекIуэкI щIыналъэхэм къы­щы­зэщIиIэтэр лъэпкъ интеллигенцэм и закъуэкъым, атIэ абы къызэщIегъэушэ щIыпIэ унафэщIхэр, ди лъэпкъэгъу­хэр зыгъэгумэщI-зыгъэпIейтей Iуэхухэм ­къа­хурегъэплъэкI. Абы уфIэкIыжым, ДАХ-м и лэжьыгъэр купщIафIэ икIи мы­хьэнэ зиIэ ещI абы жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэхэр кърихьэлIэну Iэмал щыIэ зэрыхъум.
Апхуэдэу, адыгэ цIыху цIэрыIуэхэр къыщалъхуа махуэхэм, тхыдэ мыхьэнэ зиIэ махуэшхуэхэм, ди щIыналъэм щагъэлъапIэ махуэхэм ирихьэлIэу зэхашэ щIэныгъэ зэхуэсхэр, «стIол хъурейхэр» идогъэкIуэкI. ДАХ-м и жэрдэмкIэ 2020 гъэм щIышылэм и 30-м ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щекIуэкIащ УФ-м щIыхь зиIэ и юрист, ДАХ-м и япэ президенту щыта Къалмыкъ Юрэ теухуа фэеплъ пщыхьэщхьэ.
ДАХ-р жыджэру хэтщ Къэбэрдей-Балъ­къэрми Урысейми щрагъэкIуэкI грант зэхьэзэхуэхэми. Къапщтэмэ, Горчаков Александр и цIэр зезыхьэ фондым и ­гъусэу ДАХ-м 2019 гъэм и шыщ­хьэуIу мазэм иригъэкIуэкIащ Адыгэ щIа­лэгъуа­лэм я дунейпсо форум. ДэркIэ щIыхьышхуэт абы дуней псом щы­цIэрыIуэ дирижёр, жылагъуэ лэ­жьакIуэ, СССР-м и цIыхубэ артист Темыркъан Юрэ къызэрырихьэлIар.
Куэд мэхъу зэфIэдгъэкIахэр. Апхуэ­дэхэщ «ЦIыхубэ дипломатиер лъэпкъ зэхущытыкIэфIхэм я шэсыпIэщ», «Анэ­дэлъхубзэр лъэпкъым и хъугъуэ­фIыгъуэщ» проектхэр, «Зэныбжьэгъугъэм и хасэ» егъэ­джэныгъэ-щэнхабзэ форумыр, «Схуадами фащэр си пкъым хуэ­фIу, зэры-Кавказу ар хуэхъуащ…» гъэлъэ­гъуэныгъэр, нэгъуэщI­хэри.
ДАХ-р шэщIауэ ядолажьэ къэрал, жылагъуэ IуэхущIапIэ куэ­дым. Лъэпкъ Iуэхум зымащIэкIэ нэхъ ­мыхъуми къепха зы Iуэхугъуи гулъытэншэ зэры­мы­хъуным дыхущIокъу, ар къыщыхъур ди къэралырауи хамэ щIы­пIэуи ирехъу.
- Адыгэбзэр, дэтхэнэ лъэпкъ мащIэм  и бзэм хуэдэу, щытыкIэ гугъу зэритыр щэхукъым. Псом хуэмыдэу анэ­дэлъ­хубзэхэр курыт еджапIэхэм зэрыщрагъэдж щIыкIэм зэхъуэкIыныгъэхэр игъуэ­та нэужь, псалъэмакъ куэд екIуэкIащ бзэ­хэр зэрагъэкIуэдын Iэмал къэралым къелъыхъуэ жаIэу. Анэ­дэлъхубзэм къы­щыжыныр зи къа­лэн нэхъыщхьэхэм ящыщ ДАХ-м сытхэр ищIэфрэ а Iуэхум ехьэлIауэ?
- Адыгэбзэм и Iуэху зыIутым уимыгъэпIейтеинкIэ Iэмал иIэкъым. Иджы хуэ­дэу зэи IупщIу ди пащхьэ къиувакъым бзэр хъумэным ехьэлIа гумэщIыгъуэхэр. ДАХ-м фIы дыдэу къыгуроIуэ адыгэбзэр лъэпкъым и пкъощIэсэу зэрыщытыр, Iэмалу щыIэр ар хъумэ­ным, къыщыжыным, ехьэлIэн зэры­хуейр.­ Абы епха лэжьыгъэхэм ящыщщ 2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 19-м УФ-м и Президентым деж Лъэпкъ зэхущы­тыкIэхэмкIэ щыIэ и Советым и зэIущIэр Налшык щыщекIуэкIым абы и утыку исхьа Iуэхугъуэхэр. УФ-м и Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэнымкIэ лэ­жьыгъэ пыухыкIахэр къызэзыгъэпэщ гупым сыщрагъэблагъэми, абы и 68-нэ статьям Урысейм щыпсэу лъэпкъхэр я бзэхэм ирипсэлъэну, ахэр зэрагъэщIэну икIи яхъумэну хуитыныгъэ яIэу зэрыщыжиIэр щIэдгъэбыдащ. Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэр игъуэта нэужь, анэ­дэлъхубзэхэм я хъумэным ехьэлIауэ IэмалыщIэхэр щыIэ хъуащ, абыхэм заужьынымкIэ икIи хъумэнымкIэ иIэ хуитыныгъэхэм иджы езы къэралыр и шэсыпIэу къыщыувым.
Псом нэхърэ нэхъыщхьэр - анэдэлъ­хубзэр унагъуэм илъынырщ, сабийхэм ар яIурылъхьэнырщ. АдэкIэ ахэр тхыбзэмрэ псэлъэкIэ зэгъэпэщамрэ хуе­гъэ­сэныр езы къэралым хьэкъ зыщещIыж.
Нобэ адыгэбзэр Урысейм хыхьэ щIыналъищым - КъБР-м, КъШР-м, АР-м - къэралыбзэу щыгъэуващ. Бзэр фIэ­кIы­пIэ имыIэу хъумэн хуейуэ къэралым къыщилъытэм дежщ укъыщыжын щып­хузэфIэкIынури, щебгъэфIэкIуэфынури. ДАХ-м къару хилъхьащ тхыбзэ лIэужьыгъуитIри зэрырагъэдж тхылъ­хэр федеральнэ тхылъ зэужьым (федеральный перечень учебников) хэгъэхьэ­ным. Ди бзэр хъума хъуным и зы шэсы-пIэ лъэщщ ари.
Апхуэдэу, адыгэбзэм и пщIэр къэ­Iэтыным хуэунэтIауэ ДАХ-м илъэс къэс зэрыадыгэ дунейуэ Адыгэ тхыбзэм и махуэр гъатхэпэм и 14-м егъэлъапIэ. ЦIыху куэдым гурыхь ящыхъуащ илъэситI лъандэрэ едгъэкIуэкI «Адыгэ диктантыр». Адыгэ тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу къызэгъэпэща хъуа мы Iуэху­гъуэр­ ДАХ-м къыдаIыгъащ КъБР-м, КъШР-м, АР-м егъэджэныгъэмрэ щIэ­ныгъэмкIэ я министерствэхэм, щIы­пIэ университетхэм, езы ДАХ-м къы­хыхьэ хасэхэм, хамэ къэрал щыIэ адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм.
Адыгэбзэр - лъэпкъым и лъапIэныгъэ нэхъыщхьэ дыдэщ. Бзэм щхьэщыт шынагъуэр ДАХ-м и къарукIи, къэрал IэмалхэмкIи пхуэгъэкIуэдынукъым, абы езы лъэпкъыр пэщIэмыувэмэ, ар фIыуэ пщIэ­ныр сыт хуэдэ ехъулIэныгъэми я щхьэу зэрыщытыр къыбгурымыIуэмэ.
- Хьэутий, хамэщI щыпсэу ди лъэп­къэгъухэм ядэлэжьэн, адэжь лъахэм къешэлIэжын и лъэныкъуэкIэ сытхэр къехъулIа ДАХ-м иужьрей зэманым?
 – А лэжьыгъэр сыт щыгъуи йокIуэкI, зэпыу имыIэу. УнэтIыныгъитIкIэ къызэгъэпэщащ ар: зыр - ди зэхуаку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр щIэгъэхуэбжьэным теу­хуащ; етIуанэр - Хэкум къэIэпхъуэжахэр лъахэм щекIуэкI гъащIэм хэгъэзэгъэжыным, бзэр егъэщIэным хуэгъэп­сащ.
Хамэ къэрал къикIыжа ди лъэпкъэгъу­хэм я бжыгъэр нобэкIэ цIыху 5000-м ноб­лагъэ. Сирием къыщалъхуахэм ящыщу Хэкум къихьэжащ цIыху мини 3-м щIигъу. Абыхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэхэм унэ лъапси 120-рэ щыхузэрагъэпэщащ.
Къэзыгъэзэжахэр хэку гъащIэм нэхъ щIэх хэсыхьыжыным хуэунэтIауэ КъБР-ми АР-ми зэIущIэхэр, «стIол хъурейхэр» щызэхашэ. Абыхэм кърохьэлIэ цIыхур лэжьыгъэкIэ къызэгъэпэщыным, щIэ­ны­гъэ егъэгъуэтыным, Iэпхъуэшэпхъуэ­ным пыщIа къулыкъущIапIэхэм, жылагъуэ зэщIэхъееныгъэхэм я лIыкIуэхэр. Къэралым щызекIуэ мардэхэм къы­зэритIэс хуэдизкIэ медицинэ дэIэпы­къу­ныгъэхэри зымыгъуэт яхэткъым адэжь хэ­кум къэзыгъэзэжахэм.
ДАХ-р жыджэру хэтщ Хэкум къихьэжахэм я тхылъымпIэхэр зыхуей хуэгъэзэным, къэралым щыIэну хуит зыщI тхылъхэр зэхуэхьэсыным, я бынхэр еджапIэхэм, гъэсапIэхэм гугъуехь къы­хэмыкIыу къащтэным епха лэжьыгъэхэр зэфIагъэкI ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм. Апхуэдэу Сирием къикIыжа ди лъэп­къэгъухэм папщIэ адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ щрагъэджыну курсхэр щIэх-щIэ­хыурэ къызыдогъэпэщ.
- Хьэутий, ДАХ-м иужьрей илъэсищым иригъэкIуэкIыну къалэн зыщищIыжа лэжьыгъэм щыщу къы­вэмыхъулIэу е зэфIэмыхьэу зыгуэр къэна?
- Дауи, къалэн зыщытщIыжахэр, тщIэну дызыхуеяхэр псори тхуэгъэзэщIауэ жытIэфынукъым. Абыхэм ящыщу дигу къоуэ хамэ къэрал къитшу ди адыгэ сабийхэм зедгъэгъэпсэхуну, Хэкур едгъэ­лъагъуну Iэмал дызэримыIар. Къинэ­мыщIауэ, хэку гъэзэжыным епха Iуэхугъуэхэр иджыри къыздэсым нэсу зэIубз хъуакъым, абы пыщIа гугъуехьхэр мащIэ хъуауэ пхужыIэнукъым. Ди лъэп­къэгъухэр Хэкум къихьэныр псынщIэ ящы­щIынымрэ къихьа нэужь щыпсэуну,  щыIэну хуит зыщI, къэралым и цIыхуу къызэрилъытэ тхылъхэр къы­дэхынымрэ сыт щыгъуи пIалъэ къыхокI.
Нэхъыщхьэ дыдэу къытпэщылъхэм ящыщщ бзэм и пщIэр къэIэтыным, ар щIалэгъуалэм хъугъуэфIыгъуэу къегъэ­лъытэным хуэщIа Iэмалхэр зэдгъэ­пэщын зэрыхуейри. Дауэ хъуми, лэжьыгъэр къызэрыдмыгъэувыIэ­ным­рэ хэкIы­пIэхэр къызэрыдгъуэтынымрэщ зи ужь дитыр.
- ДАХ-м и XIII Зэхуэсышхуэм нэхъыщхьэ дыдэу къыпэщылъыр сыт нобэкIэ?
- Лъэпкъыр зыгъэгумэщI сыт хуэдэ Iуэхуми пэджэжыфу, абыхэм я зэблэгъэкIыпIэ хъунум и Iэмал-кIуэрабгъухэр къигъуэтыфу щытын хуейщ. «Зэманым екIур лIыфIщ», - жиIащ Къэзанокъуэ Жэбагъы. Дэри сытми дыхуэхьэзыру, ди фейдэ зыхэлъыр пхыдгъэкIыфу дыщытын хуейщ. Дунейм текъухьауэ тет лъэпкъыр зэшэлIэжыным, абы и анэдэлъхубзэмрэ хабзэмрэ хъумэ­ным, и хуитыныгъэхэмрэ щхьэхуитыныгъэ­хэмрэ къыщыжыным, Хасэм къы­хыхьэ зэгухьэныгъэхэм якъуэты­ным, лъэп­къым щыщу зи адэжь лъахэ къэзыгъэзэжыну хуейхэм ядэIэпыкъуным телэжьэныр ДАХ-м и къалэнщи, а Iуэхугъуэхэми сыт щыгъуи и нэIэ тетынущ.
Мы зэпсэлъэныгъэр къэзгъэсэбэпу иужь лъэхъэнэм зи пашэу сыщыта ­ДАХ-м и Хасащхьэми ГъэзэщIакIуэ гупми хэтхэм дэтхэнэми фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейт. Псоми ди зэхуэдэ лъэпкъ Iуэхум ахэр гу къабзэ псэ къабзэу бгъэ­дэтщ, яху­зэ­фIэ­кIи къамыгъанэу адыгагъэм толажьэ.
Апхуэдэу фIыщIэ яхуэсщIынут КъБР-м, КъШР-м, АР-м я унафэщIхэми, дызыдэ­лажьэ къэрал къулыкъущIапIэхэми, жы­лагъуэ зэщIэхъееныгъэхэм хэт цIыху жыджэрхэми. ДАХ-м и лэжьыгъэм я нэIэ тету, сыт щыгъуи къытщIэупщIэу, ди Iуэху зыIутыр зэрагъащIэу, ды­зы­хуэныкъуэмкIэ зыкъытщIагъакъуэу щы­т­щи, Тхьэр арэзы къахухъу!
Епсэлъар ТАБЫЩ Муратщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)