Хьэткъуэ Аслъэн: зыкъызэрыдужьыжыр солъагъури, ар си гурыфIыгъуэщ

И гъащIэ псор къызыхэкIа лъэпкъым тезыухуа, Тырку къэралыгъуэм Адыгэ хасэхэр къыщызэзыгъэпэща Хьэт­къуэ­ Аслъэн шыщхьэуIум и япэ махуэхэм и мурад нэхъыщ­хьэр зыIэригъэхьэри, и хэкужь щыпсэуну Адыгейм кIуэжат. Апхуэдэ Iуэху дахэр ди нэхъыжьыфIым къызэрыдэхъуам дыщыгуфIыкIыу, хэкужь гъуэгум техьэжын и пэ зыхуэдгъазэри, интервью дэт­щIат и гъащIэм, и къекIуэ­кIыкIам, и гурылъхэм ятеу­хуауэ.
Хэкум дахэу ирагъэблэгъэжат ди шы нэхъыжьыр, абы къыщыдэкI газетхэри тетхы­хьат тхьэмадэ Iумахуэм. Ауэ псоми я жагъуэ зэрыхъуащи, и щIыгужь игъуэтыжа нэужь, ар куэдрэ псэужакъым. Хьэткъуэ Аслъэн шыщхьэуIум и 19-м дунейм ехыжащ, икIи Мей­къуапэ щыщIалъхьэжащ. 
НэхъыжьыфIу, чэнджэщэгъушхуэу ди япэ ита адыгэлI щыпкъэм дедгъэкIуэкIа иужь­рей зэпсэлъэныгъэмкIэ мы къыдэкIыгъуэм дыхэувэмэ тфIэфIу, мы тхыгъэр дгъэхьэ­зыращ. 

- «Илъэс хьэлъэхэр» зыфIэпща уи тхылъымкIэ ди зэп­сэлъэныгъэр едгъэжьэнт, Аслъэн. ИлъэситI и пэ къы­дэкIа а тхылъым сыт нэхъыбэу зи гугъу щыпщIар? 
- Си гукъэкIыж куэд къы­щысIуэтэжащ абы. Си сабии­гъуэм щегъэжьауэ къэскIуа гъа­щIэ гъуэгуанэм сыщытеп­сэ­лъыхьыжащ. КъызэрыгуэкIтэкъым а гъуэгур, ауэ мыхьэнэ зэтыпхъэр дыкъызыхэкIар тщIэ­жу, ди бзэр тIурылъу дыкъызэрыхъуарщ. ДыщыцIыкIум дызэрыпсалъэр ди анэдэлъхубзэрат. Курыт еджапIэм сыщы­щIэтIысхьам тыркубзэ сщIэртэкъым. Сытым дежи ди тхьэкIу­мэм имыкIыу итар Кавказымрэ Кавказым ехьэлIа хъыбархэмрэт. 
ПэщIэдзэ еджапIэм сыщрагъэджэну Караман дэс си адэ шыпхъум деж сашат. Си за­къуэу школым сыкIуэ-сыкъэ­кIуэжу, бзэр сщIэуэ щыттэкъыми, я гъунэгъу сабийхэр нэIуасэ къысхуащIащ, я гъусэу еджапIэм сыкIуэн, тыркубзэри нэхъ зэзгъэщIэн папщIэ. Зы махуэ гуэрым сыздэщыIэ адэ шыпхъу Чамилэ зы щIыпIэ кIуэн хуейти, адрей си адэ шыпхъу Чатибэ деж сишащ. ТIэкIу сыджэгун мурад сиIэу уэрамым сыкIуащ, арщхьэкIэ къалэ сымыцIыхум сыщыгъуэщащ. Iуэхур зытетыр къызгурыIуа нэужь гъын щIэздзащ. Си нэпси, си пэпси зэхэлъэдэжауэ согъ, «си адэ шыпхъум и унэр дэнэ щыIэ?», - жысIэу сыщIэупщIэу. ЖысIэр зы цIыхум къагурыIуэркъым,  сэ сызэрыпсалъэри сщIэри адыгэб­зэщ, къысщхьэщытхэр тыркущи, тыркубзэкIэ къызопсалъэ, къысхуогузавэ. ИтIанэ зы зэман Шэрджэс Рэмэзан деж сашащ. Абы си Iуэху зытетыр хуэсIуатэри, си адэ шып­хъум­ деж сишэжауэ щытащ. Рэмэзан къалэм тыкуэн щиIэти, къуажэхэм къикI адыгэхэри, къа­лэдэс ди лъэпкъэгъухэри ицIы­хурт, псоми ящIэрт ар зэ­рыадыгэри, сашауэ арат. 
Си анэшхуэ Хъаджэт си Iэпэр иIыгъыу сыкъыщришэкIкIэ, цIы­хухъу хуэзамэ, къэувыIэрти, блигъэкIырт. Ари шым къеп­сы­хырти, лъэсу блэкIырт. ИтIанэ ди гъуэгум пытщэжырт, лIыр­и шым шэсыжырти, щIэпхъуэ­жырт. Куэд уигу къэбгъэ­кIы­жыфынущ, хабзэ зыдэлъ жылэ, унагъуэ укъыщыхъуамэ. Дэ ди къуажэм дэсу хъуар адыгэт, адыгэбзэкIэ псалъэрт. Ахэр гукъэкIыж IэфIу сигу къинащ. 
Тхылъым истхэжахэм ящыщ сыщыцIыкIум ди деж щызэхуэсу щыта лIыжь-фызыжьхэм къа­Iуэтэжу щыта хъыбархэр. Ахэр стхыжурэ згъэтIылъати, тхы­лъыр зэхэгъэувэнымкIэ, къы­дэ­гъэкIынымкIэ сэбэп къыс­хуэхъуа Бозкурт Метин, фIыгъуэр Тхьэм къыхуищIэ, ­къезэгъыу ахэри хигъэувэжащ. Абы къищынэмыщIауэ, нэхъапэм журналхэм къытездзауэ щы­та тхыгъэхэри къызэщIи­къуэж­ри, тхылъым щызэхуихьэсыжащ. Тыркум щетхьэкIа гъащIэ мытыншыр, псэукIэ хьэлъэр, зэхэтыкIэ гугъур, си щхьэ кърикIуа лъэпощхьэпохэр - мис ахэращ тхылъым ихуар. А псоми лъабжьэ яхуэхъужыр адыгэ цIыхум адыгагъэм щIэ­бэну хамэ щIыпIэ къыщикIуа гъуэгуанэрщ. 
- Уэ Хэкум мызэ-мытlэу ущы­lащ. Адэжь щIыналъэм гъэзэжын Iуэхум дауэ уеп­лъ­рэ? Лъэпкъым хамэ щIыпIэ зы­щихъумэжыфыну, хьэмэрэ иджы щыIэ Iэмалхэр къагъэсэбэпу хэкум ягъэзэжмэ, нэхъыфI? 
- Хэкум бгъэзэжын фIэкIа хэ­кIы­пIэ щыIэу слъагъуркъым. Щхьэхуэ-щхьэхуэу зытхуэхъу­мэжынукъым. Нобэ адыгэхэр зыщыщыр ямыгъэгъуэщэным хуабжьу пылъхэщ. Сыт хуэдэ Iуэху иужь дитми, адэжь щIыналъэмкIэ дыплъэн хуейщ. 
Нобэ адыгэхэр адрей лъэп­къ­хэм зэрызыхамыгъэгъуэщэ­ным иужь итхэщ. Нэхъапэм сэмэгу гупсысэкIэ зиIэ гуэрхэр къытхэту щытащ, националисткIэ уеджэ хъуну. Абыхэм я гугъэт Кавказыр зауэкIэ зыIэрыбгъэхьэжыфыну. Ауэ абыхэми къа­гурыIуащ а гупсысэр зэ­рып­хэнжыр. Дэ хуабжьу дыте­лэ­жьащ абы. ДэркIэ нэхъыщхьэр мамырыгъэмрэ зэхэкуэгъухэр зэрыIыгъынымрэ и телъхьэу щытынырщ, псом япэ идгъэщри, адыгэу укъызэтенэн щхьэ­кIэ, уи хэкум бгъэзэжын зэры­хуейрщ. Зы лъэхъэнэ Анкара къы­щыдэдгъэкI тхылъхэм нэхъыбэу укъызыхуриджэр арат – хэкум гъэзэжынырт. Сэ куэдрэ сытетхыхьащ а Iуэхум, куэди хуэзущиящ. Сыт щхьэкIэ жы­пIэмэ, сэ си гупсысэр арат, си мурад нэхъыщхьэу гъащIэм къыщыздесхьэкIри аращ. 
- Тыркум щыIэ Кавказ ха­сэхэм куэдрэ ущылэжьащ, тхылъ къыдэгъэкIыным упэ­рытащ, хасэ тхьэмадэу ущытащ. Хэхэс адыгэхэм бзэмрэ хабзэмрэ зэрагъэщIэнымкIэ сыт хуэдэ Iуэху зэфIэвгъэкIахэр? 
- Я нэхъыбэу зиужь дитар щэнхабзэ Iуэхуращ. КъэфакIуэ гупхэр хасэхэм щызэхэтшэрт, цIыхухэм ягу къэтIэтын, я лъэпкъ зыхэщIыкIыр къэдгъэу­шын папщIэ зэхуэсхэр, пшыхь­хэр къызэдгъэпэщырт. Иджы­кIэ Мейкъуапэ, ухуеймэ Налшык укIуэф щхьэкIэ, абы щы­гъуэм гъуэгур зэхуэщIати, дэ къызэдгъэпэщ Iуэхухэращ гум жьы дезыгъэхуу диIар. ЦIыхухэр нэхъ зэкIэлъыкIуэ хъуа, Тыркум ис нэгъуэщI лъэпкъхэм хуитыныгъэхэр ирата нэужь, шэч хэмылъу, ди Iуэхур нэхъ тынш хъуащ. Лъэпкъыр къы­зэтеу­выIакъым, ар мэкIуатэ, зеужь, хегъахъуэ. Видеофильм, ролик, тхылъ хуэдэхэр сэбэп мэхъу иджы бзэр тыншу зэгъэ­щIэнымкIэ, хэкужьым ще­кIуэ­кIым нэIуасэ зыхуэп­щIы­нымкIэ. Си лъэпкъым зэ­ры­зиу­жьыжы­нуми, зэ­­ры­зэ­рыгъуэтыжынуми сэ шэч къытесхьэркъым. 
- Уэ уи лъэхъэнэм екIуэкIа политикэр нэгъуэщIт иджы­рейм нэхърэ. 
- ЩыIащ зы зэман псори дытыркуу фIэкIа дыкъамы­лъытэу. «Сэ сыадыгэщ», - жыпIэмэ, «Хьэуэ, уэ утыркущ», - къыджаIэрт националистхэм. Сыадыгэщ зэрыжысIэм щхьэ­кIэ, тIэу саубыдауэ щытащ. Зэм махуэ 18-кIэ хьэпсым срадзащ, етIуанэм махуи 105-кIэ сисащ. 
Саубыдыху къэс къызэуп­щIырт: «Ушэрджэс хьэмэрэ утырку?». Сэри сыкъикIуэтыр­тэ­къым: «Сышэрджэсщ, си анэр шэрджэсщ, си адэр шэрджэсщ, срицIыхущ». А къэралым сыт хуэдэ зауэ ще­кIуэ­кIами, си адэшхуэмрэ абы и ­къуэшхэмрэ хэтащ. Ди нэ­хъыжь­хэр куэдрэ щIэбэнащ Тыр­кум и щхьэхуитыныгъэм. Адыгэхэм я псэр зыщIат, щып­сэу къэралым и бийуэ къэувыжу я хабзэкъым. Езым я хэкум хуэдэу хуэпэжщ. Хэкум дгъэзэ­жыну дыщIэхъуэпс пэтми, дызэрыс щIыналъэр фIыуэ долъагъу. Мис ахэр яжесIэрт хабзэхъумэм и лэжьакIуэхэм. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, си адэшхуэр Балкан зауэм хэтащ, абы и шы нэхъыщlэ Хъусен Чавуш Чанаккале зауэм щыIащ. Къуэш нэхъыщIэ дыдэ Хьэсэн, Емен зауэм иужь, Мысырым кIуэри, илъэс 18-кIэ къэтащ.
1977 гъэм, Кипр зауэр къэ­хъея нэужь, Тыркум ираш зауэлIхэр щилъагъум, си адэм абыхэм узыншэу къагъэзэжын папщIэ къурмэн яхуищIат. А псоми къыбжаIэкъэ, дэ ды­зэрыс къэралым дыхуэпэжу, фIы къыдэхъуным дыхуэпабгъэу дызэрыпсэуар? 
Хьэпсым сызэрырадзам къы­щымынэу, си унэ къакIуэри, хьэп­шыпу щIэлъыр зэIащIат. Зы адыгэ къамэ диIэти, ар щIахауэ щытащ. Апхуэдэ куэд къы­щыхъуащ си гъащIэм. 
Сызэрыадыгэ къудейм щхьэ­кIэт сызэрагъэкъуаншэр, армыхъумэ нэгъуэщI къуаншагъэ збгъэдэлътэкъым. Сэ цIыху зэхэгъэж сщIыртэкъым, къэралым си ягъэ езгъэкIыртэкъым, ауэ хэку сызэриIэр, анэдэлъ­хубзэ­кIэ сыпсэлъэн зэрыхуейр жыс­Iэ зэпытт. Абы щхьэкIэ тырку­хэм нэмыплъ естыртэкъым икIи сапэщIэувэртэкъым, зэран фыкъысхуэмыхъу къудей хэкум сыхуэхъуэпсэнымкIэ, адыгэб­­зэкIэ сыпсэлъэнымкIэ жысIэу арат сызыщIэлъэIур, арат щхьэхуитыныгъэм сыщIы­щIэ­бэныр. 
Ди гуапэ зэрыхъущи, апхуэдэ дэкъузэныгъэхэр иджы щыIэжкъым, ауэ адыгэгу зыкIуэцIылъу щыIэр нэхъ мащIэ мэхъу. Тыркум сыт хуэдэ къэрал политикэ щекIуэкIми, ар хамэ хэкущ, абы зэи уи анэдэлъхубзэ уигъэ­щIэфынукъым. ЗэбгъэщIэ­нымкIэ хуит уищIми, езым уигъэщIэфынукъым. Аращи, уи щхьэ егугъужын хуейр уэращ. Си гъащIэр дызэрыхэ­мышып­сы­хьыжыным тезгъэкIуэдащ сэ икIи хьэкъыу къызгурыIуащ хамэ щIыпIэ зэрызыщумы­хъу­мэфынур. Аращ сытым дежи хэкум гъэзэжын хуейуэ щIы­жысIэр. 
- А лъэхъэнэм еджапlэхэм анэдэлъхубзэ щаджу щытакъым. Хасэхэм щекIуэкI лэ­жьы­гъэр пэлъэщрэт бзэр щIэб­лэм яIурылъхьэным? 
- Хасэхэм куэдми-мащIэми щедгъэджэфынут, ауэ цIыхухэр зэраубыдым къыхэкIыу, иджы хуэдэу зэтеубыдауэ къытхузэгъэпэщыртэкъым. Лъэпощхьэпо куэдым дакъыблэкIащ дэ. ИтIани ди бзэмрэ ди хабзэмрэ зыщыдгъэгъупщакъым. Сау­быд­ми, сыкъаутIыпщыжырт, ауэ сыкъэзылъхуахэм сахуэ­пэжт, сыкъызыхэкIар зыщыз­гъэ­гъупщэртэкъым. Ауэрэ Ха­сэм и тхьэмадэу сыхахащ, абы щыгъуэми си ужь икIакъым хабзэм кIэлъыплъхэр. ИтIани, си гъащIэр хэслъхьа пэтми, сызы­темыкIынур сызэрыадыгэр жыс­Iэнырт, абы теухуа Iуэху гуэр злэжьынырт. 
- Лъэпкъ зыхэщIыкIыр пхэ­лъу укъэхъуныр, ар уи гъащIэ псокIэ къыбдекIуэкIыныр ­Iуэ­ху цIыкIукъым. СыткIэ захуэбгъэзэнт ныбжьыщIэхэм? 
- Ди щIэблэм яжесIэну сфIэигъуэр - я бзэр зэрагъэщIэн, я хабзэр зыIэщIамыгъэхун зэры­хуейрщ. Ахэращ псом нэхърэ нэхъыщхьэр. Сыкъыщыхъуа жылэ цIыкIум тыркубзэ щызе­кIуэртэкъым. Псори дызэры­зэпсалъэр адыгэбзэт. Иджы, ди жагъуэ зэрыхъущи, адыгэбзэр ящыгъупщащ. Мыбы фIэ­кIыпIэ имыIэу хэкIыпIэ къыхуэгъуэтын хуейщ. 
Сэ си ныбжь нэсахэмрэ тIэкIу нэхъыщIэхэмрэ бзэр ящIэ, ауэ щIалэхэм яIэщIоху. Бзэр ды­мыщIэмэ, Тыркум дыщыхэ­шыпсыхьыжынущ. Кавказым щыпсэухэм я щхьэ Iуэхущ зэрахуэжыфынур, ахэр дэ зыкIи сэбэп къытхуэхъуфынукъым, дэ ди щхьэ демыгугъужмэ. Пэжщ, иджыри гугъапIэ щы­Iэщ, дыкIуэдыжынукъым, зыдужьыжынущ. АбыкIэ дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъунущ телевиденэр, интернетыр, хэкум кърах­ тхылъхэмрэ журналхэмрэ. 
- Иджыкlэ Хэкум зымыгъэзэжыфу Тыркум е нэгъуэщI къэралхэм исхэм я къэкIуэнум дауэ уеплърэ, Аслъэн? 
- Къэралхэм щылажьэ хасэ­хэм я хьэтыркlэ ди щэнхабзэр тхуэхъумэну къысщохъу. Ахэр лъэщу, жыджэру лэжьэн ­хуейщ, зэи езэш хъунукъым. Нобэ щыIэ дунейр н­э­гъуэщIщ, хэхэсхэмрэ хэкурсхэм­рэ япэм ещхьу зэпэIэщIэу щы­тыжкъым. Лъэпкъым и Iэмалыр нэхъыбэ хъуащ икIи къэу­шауэ къэплъытэ хъунущ. Ауэ хэт кIуэжынур? Щы­Iэ хэкум зыгъэзэжын? 
Нэхъыбэм ягъэзэжынукъым, ауэ кIуэжи къытхокI. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Адыгейм цIыху 1500-рэ хуэдиз кlуэжащ. Сэри абыхэм сахыхьэжынущ. Ахэр гуапэу къызэрытпежьэнум шэч къытесхьэркъым. 
- Къэбэрдейм е Адыгейм у­кIуэ щыхъукIэ, сыт япэу узы­Iуплъэну пфIэигъуэр?
- Налшык сынэсамэ, Сосрыкъуэ и теплъэр зытет Iуащхьэм сы­докI. Мейкъуапэ щыдиIэ унэм ущIэсмэ, Филармонием, Мэжджытым я унэхэр бо­лъагъу. Гугъэпсэхущ мис ахэр. 
Си щхьэгъусэмрэ сэрэ ди ныбжьыр илъэс 83-м нэблэ­гъащ, иджыщ щыдгъэ­зэ­жы­фыр. ЩIалэгъуалэр къыхузо­джэ нэхъ­ пасэу я адэжь щIыналъэм кIуэжу абы щылэжьэнхэу, щыпсэунхэу. 
Си лъэпкъым зыкъызэриужьыжыр си нэгу щIэкIащи, ар си гурыфIыгъуэщ. Адыгэм и ­хэку игъэзэжыным мы­хьэнэш­хуэ иIэщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зи хэку исыж цIыхум и бзэр зэи фIэкIуэдынукъым. Бзэр мы­кIуэдмэ, лъэпкъри псэунущ.
- Тхьэм уигъэпсэу, тхьэмадэ махуэ. Уи мурад Алыхьым  ­къуигъэхъулIэ!
- Тхьэм фэри фи гурылъхэр къывдигъэхъу, сысейр къы­зэ­рызэхъулIам хуэдэу! Сэ пщэдей Мейкъуапэ сокIуэж, абы сы­щыпсэуну. 
Епсэлъар
Огузджан Кайнакщ.
Тырку Республикэ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)