КЪЭРАПСО ЗЭПЕУЭР КЪАПОПЛЪЭ

ФокIадэм и 10-11-хэм Волгоград къалэм щекIуэкIащ «Динамо» урысейпсо физкультурэ спорт зэгухьэныгъэ и къэрал зэхьэзэхуэ. Абы и саугъэтхэмрэ Урысейм и зэхьэзэхуэм кIуэну Iэмалымрэ щIэбэнащ зи ныбжьыр илъэс I5-I7-м ит щIыналъэ 27-м къикIа спортсмен 400-м щIигъу.
ЗэпэщIэтыныгъэхэм хъарзынэу зыкъыщагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортменхэм. Псори зэхэту абыхэм медаль зэмылIэужьыгъуи 6 зыIэрагъэхьащ.
Зи хьэлъагъыр килограмм 60-м нэблагъэхэм я гупым щригъэкIуэкIа зэIущIихми текIуэныгъэ къыщызыхьа Зэмбат Къантемыр зэхьэзэхуэм и дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ. Дыжьыныр къихьащ килограмм 50 зи хьэлъагъ Шэджэм Аниуар.
Хъущт Динарэ (кг 48-рэ), Пщыбий Амир (кг 46-рэ), Жэмыхъуэ Марат (кг 66-рэ), Къанкъул Давид (кг 90-м щIигъу) сымэ ещанэ увыпIэр зыIэрагъэхьащ.
Зэмбат Къантемыррэ Шэджэм Аниуаррэ Iэмал ягъуэтащ щэкIуэгъуэм и 4-7-хэм Ижевск къалэм щекIуэкIыну зи ныбжьыр илъэс 18 иримыкъуахэм я урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтыну.
Спортсменхэр ягъасэ Джэданэхэ Залымрэ Алимрэ, Бэрэздж Светланэ, Сэралъп Олег, Къуп Эдуард, Мырзэбэч Азэмэт сымэ.

Къэхъун Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.