ЛЪЭПКЪХЭМ ЯКУ ДЭЛЪ ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭР ЯГЪЭБЫДЭ

Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ фондым иджыблагъэ къыщызэIуахащ «Букет дружбы» фIэщыгъэм щIэт лъэпкъ щэнхабзэм и фестиваль. Ар хуэгъэпсат КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэм, «Щэнхабзэм и щэбэт» Урысейпсо Iуэхум.

 Фондым и унафэщI Мэкъуауэ Луазэ фестивалым кърихьэлIахэм фIэхъус псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ.
- Мы Iуэхум хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэр. Дэтхэнэми я хабзэр, бзэр, щэнхабзэ дахэр хуэсакъыу яхъумэ, зэрырагъэфIэкIуэнум хущIокъу, ар адрей лъэпкъхэм екIуу я пащхьэ зэрыралъхьэнум, зэрырагъэцIыхунум яужь итщ, - жиIащ Луазэ. 
 Фестивалыр къызэIуахащ «Родник» къэзакъ гупым, къыкIэлъыкIуэу утыкум къихьащ «Гордость Кавказа» ансамблыр. ИкъукIэ дахэу зыкъагъэлъэгъуащ Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ колледжым и студентхэм, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Таучэ Галинэ и гъэсэнхэу лъэпкъ-щэнхабзэ центр зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэм.
- Ди жагъуэ зэрыхъунщи, зэманыр гугъу хъуащ, ауэ апхуэдэ лъэхъэнэм дяку хуабагъэ нэхъыбэу зэрыдэлъыным дыхущIэкъупхъэщ. Гуапагъэм хуэдэу цIыхур зыгъэдахэрэ и гукъыдэжыр къэзыIэтрэ щыIэ хъункъыми, а мащIэм дыхуэвмыгъэщхьэх, - захуигъэзащ Урысхэм я «Вече» лъэпкъ-щэнхабзэ центрым и тхьэмадэ Канунников Анатолий къызэхуэсахэм.
КъыкIэлъыкIуэу утыкум зыкъыщагъэлъэгъуащ Прохладнэ къикIа «Росичи» уэрэджыIакIуэ гупым, республикэм и щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэм.
«Букет дружбы» фестивалыр мазитIым нэблагъэкIэ екIуэкIынурэ щэкIуэгъуэм и 23-м концерт инкIэ зэхуащIыжынущ. 
 
Тэрчокъуэ Дисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.