ТIУАПСЫ И ГЪУНЭГЪУУ

ЩIыпIэцIэхэр

Агуий – аращ зэреджэр хы ФIыцIэ Iуфэм Iут ТIуапсы къалэм и гъунэгъуу щыс шапсыгъ къуажэмрэ абы и бгъум блэж псымрэ. А цIэ дыдэр зэрехьэ метр 888-рэ зи лъагагъыу а жылэм къыщхьэщыт мэзылъэ Iуащхьэми. «Агуий гъуэгукIэ» еджэрт Псыбэ, Агуий адыгэ жылэхэр зэпызыщIэу щыта лъагъуэми. А щIыпIэм щыпсэухэм къагъэсэбэп «Агуияшъхь» («Агуий и псыхъуащхьэ») псалъэри.  
«АГУИЙ» фIэщыгъэр къызытехъукIам теухуауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. Языныкъуэхэм къызэралъытэмкIэ, ар цIыхум хужаIэ «гуей», «гуий» псалъэхэм къытепщIыкIащ. Шапсыгъхэм яхэтщ абыхэм «хахуэ», «гушхуэ зыкIуэцIылъ», «лIыгъэ зыхэлъ», «щхьэмыгъазэ», «шынэ зымыщIэ» мыхьэнэхэр къизыгъэкIхэри. НэгъуэщIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, мы фIэщыгъэр къуажэр бгы зэхуакум дэубыда хуэдэу зэрыщытым къытехъукIащ.
XIX лIэщIыгъуэм Швейцарием щыпсэуа франджыхэм ящыщ, зекIуэлI икIи геолог-тхакIуэ Дюбуа-де-Монпере 1833-43 гъэхэм къриубыдэу Кавказым зыбжанэрэ зыщиплъыхьат. И зекIуэхэм триухуа и тхылъым иритха «Aughuie» псалъэр абы ТIуапсы и гъунэгъуу хым хэлъэдэж псым ирипхырт, икIи ар («Агуий» фIэщыгъэр) XVIII лIэщIыгъуэм и кIэхэм зи лъэужьыр кIуэдыжыпауэ къафIэщIа гъуае адыгэ лъэпкъым и цIэм къытехъукIауэ къилъытэрт. Къыхэдгъэщ зэрыхъунумкIи, 1864 гъэр къихьэху, ПсыфIыпэрэ (Псезуапсе) Шахэрэ я зэхуаку дэлъ Iэшэлъашэм щыпсэуа шапсыгъхэм яхэтащ «гъуае» фIэщыгъэм къафIытена лIакъуэм щыщхэри.
Мыдрейуэ. XIX лIэщIыгъуэм псэуа адыгэ тхакIуэ икIи тхыдэдж цIэрыIуэ Хъан-Джэрий «Агуий» фIэщыгъэр нэхъ зыхуигъакIуэу къыдэгъуэгурыкIуар«Акуе» жыIэкIэрт, къригъэкIауэ щытауэ языныкъуэхэм зыхуагъэфащэри «хыIуфэрыс» егупсысыкIэм техуэу абхъазыбзэм хэт «агъауаа» псалъэращ.            
    Агуий цIэр зытеIукIа псы цIыкIур хы ФIыцIэм щыхэлъэдэж и нэзыр ТIуапсы къалэ километри 8-кIэ пыIудзащ.
БЭРАУ Бышэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.