МЫВЭДУ

Къармэхьэблэ къуажапщэм километри 3 хуэдиз нэхъ пэмыжыжьэу, Чыщбалъкъ къуажэм ухуэзышэ гъуэгум и ижьырабгъумкIэ зи щыгур тафэу телъэщIа, къыр теплъэ зиIэ Iуащхьэ зыбжанэ иIэщ. Уздеплъым  къыбгуроIуэ а Iуащхьэхэм удэкIуеиныр зэрыгугъур. Пасэ зэманым мы щIыналъэр зи псэупIэу щыта лъэпкъхэм бийр къащытеуэм деж, Iуащхьэхэм зыщагъэбыдэу щытауэ къыщIэкIынущ. Абдеж зэрыщыпсэуаIам и щыхьэт наIуэщ ятIагъуэ гъэжьам къыхэщIыкIа хьэпшып къутахуэ бжыгъэншэхэр, кхъэлэгъунэ къищэхэжахэр къызэрынар.
А Iуащхьэ - быдапIэхэм ящыщу зыр щIэныгъэлI Чеченов И. М и «Древности Кабардино-Балкарии» тхылъым «Мывэду - Каменномост къалэжьейр» жиIэу къыщыхощ. Къармэхьэблэдэсхэр Iуащхьэм зэреджэр «Мывэдущ».  А Iуащхьэр I946 гъэм археолог Акритас П. Г., илъэсищ нэхъ дэмыкIыу - Гриневич К.Э. сымэ къахутауэ щытащ. Абыхэм я къэхутэныгъэхэм къызэрыхэщымкIэ, Iуащхьэр и кIыхьагъкIэ метр 40, и бгъуагъкIэ метр 20, лъагагъкIэ – метр 25-рэ мэхъу. Iуащхьэ щыгум  мывэ псыкъуий кхъахэ, ухуэныгъэ къэлъэлъэжа гуэрхэр хъума щыхъуащ.
I990-2000 гъэхэм Iуащхьэм деж археологием и хъугъуэфIыгъуэхэр къэзыугъуей щIэпхъэджащIэ бжыгъэншэхэр зэпымыууэ щыулъэпхъэщащ. Абыхэм зэбгырахащ кхъуэщынхэр, лэрыпсхэр, тхьэгъухэр, ятIагъуэм къыхэщIыкIа хьэпщыкъухэр, сэхэр, къамэхэр, нэгъуэщI Iэджи.  Псыхуабэ археологие бэзэрым щащащ кхъэлэгъунэхэр. Ахэр псори къэплъытэмэ, хуэбгъэфащэ хъунущ абдежым скифхэмрэ киммерийцхэмрэ я лIахэр щыщIалъхьэу щытауэ.
Мывэдум нэмыщI, иджыри Iуащхьэ къалэу 5 щыIэщ а щIыпIэм.

Котляров Виктор.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.04.2024 - 16:03

АГУИЙ И IЭХЭЛЪАХЭМ

Испы-унэ телъыджэ

15.04.2024 - 12:51

«БАЙКОНУР» КОСМОДРОМЫР

 «Байконурыр» дуней псом и япэ космондром нэхъ ин дыдэщ. Абы телъэтыкIащ Гагарин Юрий зэрыса «Восток» кхъухьыр, ЩIым и япэ спутник IэрыщIыр, «Восход», «Союз» хьэрш кхъухьхэр.

15.04.2024 - 08:35

МАХУЭШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ зэIущIэ иригъэкIуэкIащ, ­КъБР-м и Прави­тельствэм и Уна­фэщI Мусуков Алийрэ муниципалитетхэм я Iэтащхьэхэмрэ ­кърихьэлIэу.

15.04.2024 - 08:34

ЗЭГУХЬЭНЫГЪЭМ ЗЭФIИГЪЭКIАР

КъБР-м и Правительствэм иджыблагъэ ще­кIуэкIащ «КъБР-м и муниципальнэ щIыналъэ­хэм я совет» зэгухьэныгъэм (КъБР-м и АСМО) и правленэм и зэIущIэ.

14.04.2024 - 09:03

КУЭД КЪЭЗЫМЫГЪАЩIЭУ КУЭД ЗЫЛЭЖЬА

Налшык дэт Лъэпкъ музеймрэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музеймрэ къыщызэIуахащ су­рэтыщI цIэрыIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и с