КъуэщIысокъуэр етIуанэу токIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэ­сым пэщIэтынымкIэ, къегъэ­лы­ным­кIэ и IуэхущIапIэм и ПСЧ ­№21-м и хэщIапIэм щекIуэкIащ «2021 гъэм мафIэсгъэункIыфI машинэм и шофёр нэхъыфI» цIэм щыщIэбэна зэпеуэ. Абы хэтащ IэнатIэм и мафIэсгъэункIыфI къудамэ псоми я лIыкIуэхэр. 

Зэхыхьэр Iуэхугъуэ гуапэкIэ щIадзащ: мафIэсгъэункIыфI автомашинэр зезыгъакIуэ Къылыш Владимир и ныбжьыр илъэс 60 зэрырикъумкIэ къулыкъущIапIэм и лIы­кIуэхэмрэ ПСЧ №21-м и гупымрэ ехъуэхъури, Къэбэрдей-Балъкъэ­рым­ мафIэсым пэщIэтынымкIэ, ­къегъэлынымкIэ и IуэхущIапIэм и уна­фэщI Къардэн Анзор къыбгъэ­дэкI фIыщIэ письмор иратащ.
Зэпеуэр ирагъэкIуэкIащ я къалэным зэрыхуэхьэзырыр къалъытэн икIи IуэхущIапIэм и мафIэсгъэункIыфI автомашинэм и шофёрхэм я нэхъыфIыр къыхэхын мурадкIэ, апхуэдэуи я Iэзагъым, зэфIэкIым хагъэхъуэн папщIэ.
Япэ Iыхьэм зэпеуэм хэтхэм зы­пэрыт IэнатIэм гъуэгум зэрыщызе­кIуэ хабзэхэм теухуа упщIэхэм жэуап иратащ. ЕтIуанэм лэжьыгъэм зэрыхащIыкIыр IуэхукIэ къагъэлъэ­гъуащ. 
«ЕтIуанэ Iыхьэм зэпеуэм хэтхэм балл нэхъыбэ къыщахьащ, сыту жыпIэмэ, ар теорие Iыхьэм елъытауэ­ куэдкIэ нэхъ удэзыхьэхт икIи гъэ­щIэгъуэнт», - жиIащ IуэхущIапIэм и пресс-IэнатIэм и унафэщI Сэбан Арсен.
Зэпеуэм кърикIуахэр зэхалъ­хьэжри, мафIэсыгъэункIыфI автомашинэм и шофёр нэхъыфIу къалъытащ Бахъсэн районым и Къубэ-Тэбэ къуажэм щыIэ ПСЧ №20-м и лэжьакIуэ КъуэщIысокъуэ Андзор. Фигу къэдгъэкIыжынщи, илъэситI ипэкIи абы бжьыпэр иубыдауэ щытащ. ЕтIуанэ увыпIэр хуагъэфэщащ ПСЧ №8-м (Къэщкъэтау) и лэжьакIуэ Дэхъу Аскер, КIэмпIарэ Аслъэн (ПСЧ-6, Май къалэ) ещанэ увыпIэр къихьащ.
Дыгулыбгъу Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.