ЩIалэгъуалэр терроризмэм зэрыщахъумэну Iэмалхэр

КъБР-м и Жылагъуэ палатэм щэбэт кIуам щрагъэкIуэкIащ «Терроризмэм ебэ­нынымкIэ граждан жы­лагъуэм я пщэ къыдэхуэ къалэнхэр» фIэщыгъэм щIэт «стIол хъурей». 

КъБР-м и Жылагъуэ па­латэм и тхьэмадэ Берд Хьэзрэталий фокIадэм и 3-р Терроризмэм пэ­щIэ­тыным щызэкъуэувэным и махуэу, ап­хуэ­дэуи Беслъэн къыщы­хъуа гузэвэгъуэм и фэеплъ, гъунэгъу республикэм ща­дэщыгъуэ ­махуэу зэ­ры­щы­тыр къызэ­хуэсахэм ягу къигъэкIыжащ.
Бердым и гугъу ищIащ 2005 гъэм жэпуэгъуэм и            13-м Налшык къалэ къы­щыхъуауэ щыта Iуэху нэщхъеягъуэми. 
- ИджыкIэ ди къэралым терроризмэр нэхъ щыужьыхащ. Ауэ терроризмэм псэ быдэ зэрыIутыр, дунейм къы­щыхъу зэхъуэкIыныгъэ­хэм зэрызыдригъэкIур зы­щыдгъэгъупщэнкIэ Iэмал иIэкъым. Абы зэгъусэу фIэкIа дыпэлъэщынукъым, дыпэщIэтынри и къежьапIэм къыщыщIэддзапхъэщ. Нобэрей зэIущIэм фи Iуэху еплъыкIэ къыщывгъэлъэ­гъуэну, хэкIыпIэу флъагъу­хэмкIэ фыкъыддэгуэшэну сыхуейщ, - захуигъэзащ абы къызэхуэсахэм.  
КъБР-м и министр Къуэш­рокъуэ Залым адэкIэ псалъэ иратащ. 
- «Терроризмэм пэ­щIэ­ты­ным щызэкъуэувэным и ­махуэ» фIэ­щыгъэм псалъэ ­нэ­хъыщ­хьэу хэтыр «щызэ­къуэувэным» жы­хуиIэр аращ. Дызэкъуэмытмэ, зы­ри къы­зэ­ры­дэмы­хъулIэнур псоми до­щIэ. Акъылэгъу зэдэхъу цIыху­хэр дызэгъу­сэмэщ, мурад къалэн зэдай диIэмэщ а ехъулIэныгъэ щы­зыIэрыдгъэхьэфынур. Ап­хуэдэуи граждан жыла­гъуэ институтхэм я дэIэпыкъуныгъэ хэмыту хъунукъым, дауи, Iуэхум. 
Къуэшрокъуэм жиIащ терроризмэр дунейм цIыхуу тетым я зэхуэдэ гузэвэгъуэ зэрыхъуар. Абы къигъэлъэгъуащ КъуэкIыпIэ Гъунэ­гъум, Сирием, Иракым къыщекIуэкIхэм хуэдэу, Кавказ Ищхъэрэми мурад бзаджэхэр гъащIэм щыхапщэну яужь зэритар.
Къызэхуэсахэр Къуэшрокъуэм къыхуриджащ хабзэхъумэ IэнатIэхэм, жылагъуэ, дин IуэхущIапIэхэм я лIы­кIуэхэу террористхэм яIэ­щIэ­кIуэдахэр зыщамыгъэгъупщэну.
- Ди зэкъуэтыныгъэм ди къарур ехъумэ, егъэбагъуэ. Терроризмэм ехьэлIа гукъеуэ щыIэщ, абы и Iэужьхэр нобэми долъагъу. Къремыхъуж апхуэдэ нэщхъеягъуэ, - жиIащ министрым. 
КъБР-м и прокурор Мырзэ Алим зэдэлэжьэныгъэм и мыхьэнэр зэрыиным теп­сэ­лъыхьри, экстремизмэмрэ терроризмэмрэ республикэм къыщымыгъэхъуным ехьэлIауэ лэжьыгъэшхуэ КъБР-м зэрыщызэфIахыр жиIащ. Абы къигъэлъэ­гъуащ нэгъабэ елъытауэ  мы гъэм терроризмэ щIэпхъаджагъэу республикэм щащIар куэдкIэ нэхъ мащIэ зэрыхъуар. 
- Ауэ щыхъукIи, кIуэ пэт­-ми террористхэр нэхъ къызэгъэпэща, зэхъуэкIыныгъэхэм хуэхьэзыр мэхъу. Абыхэм ерыщу Интернетыр къагъэсэбэп, а Iэмалырщ и нэхъыбапIэм цIыхухэр зэрызыхашэри. 
Властым и IэнатIэхэм, хабзэхъумэ органхэмрэ жы­лагъуэмрэ я къалэнщ терроризмэм пэщIэтынымкIэ я къару илъ псори ящIэну, - жиIащ абы.
КъБР-м бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэм зегъэужьынымкIэ и фондым и унафэщI Къазий Михаил жиIащ абы и гъэсэнхэм ящыщ куэд террористхэм зэраIэщIэкIуэдар, зыбжанэми я цIэ къриIуащ. Спорт IуэхущIапIэхэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я зэдэлэжьэныгъэм и мы­хьэ­нэр зэрылъагэр жиIащ абы. «Спортыр террорым и бийщ» фIэщыгъэм щIэт проектым, ар зэрырагъа­жьэрэ яхузэфIэкIам тепсэ­лъыхьащ.
КъБР-м и Жылагъуэ па­латэм егъэщIылIа щIалэ­гъуалэ зэгухьэныгъэм хэт Мэкъуауэ Алинэ ныбжьы­щIэхэм ядэлэжьэным и мы­хьэнэр зэрылъагэм, а лэ­жьыгъэр ухуэсакъыу ебгъэ­кIуэкIын зэрыхуейм теухуауэ щытащ и къэпсэлъэ­ныгъэр.
- Щхьэусыгъуэ нэхъыщ­хьэхэм ящыщу сэ къызолъытэ щIалэгъуалэм зыхашэ Iуэхум фIыуэ зэрыхамы­щIыкIыр, апхуэдэуи хъуэп­сапIэ пыухыкIахэр яIэу, абы хуэкIуэу щIэблэр къызэры­мытэджыр.
Сэ сызэреплъымкIэ, щIалэгъуалэр гъащIэм хэзэгъэнымкIэ ядэIэпыкъу, гъуэгугъэлъагъуэ яхуэхъу институтхэр къызэгъэпэщын, зэ­радэлажьэ щIыкIэхэмрэ Iэмал­хэмрэ хъуэжын хуейщ. Зэпсэлъэныгъэхэмрэ «стIол хъурейхэмрэ» блэкIа зэманым и Iэмалщ, щIалэгъуа­лэм я дежкIэ нэхъыщхьэр къызыхуигъэщIар яубзы­ху­нырщ, щхьэж и гъуэгу къигъуэтыжынырщ. Зи гугъу сщIы IэмалыщIэхэм лэ­-жьэн щIадзэмэ, щIалэгъуа­лэр терроризмэм тхущы­хъумэну къысщохъу, - жи­Iащ Мэкъуауэм.
КъБР-м Граждан жыла­гъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэ­жьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор гъащIэр кIуэ пэтми нэхъ псынщIэ зэрыхъум, зэманым зыужьыныгъэ зэри­гъуэтам къыхэкIыу, щIалэгъуалэм нэхъ пасэу куэд ­къазэрыгурыIуэм тепсэ­лъы­хьащ. 
- Шэч хэмылъу министрхэр псоми зырызу епсэлъэ­фынукъым, абы къыхэкIыу граждан жылагъуэ институтхэр, жылагъуэ, дин IуэхущIапIэхэр лэжьэн хуейщ. ИкIи мэлажьэ! - жиIащ КIурашыным.
ЗэIущIэм щытепсэ­лъы­хьащ щIалэгъуалэр гъуэгу захуэм трамышын папщIэ, жылагъуэм я зэдай лъапIэ­ныгъэ щыIэн зэрыхуейм, щIа­лэгъуалэм хущIыхьэ­гъуэу зэман куэдыIуэ зэ­раIэм. ИкIи зэдэарэзыуэ къы­хагъэщащ террориз­-мэм къыхуезыджэхэм япэ­щIэт IуэхущIапIэхэр, IэнатIэ­хэр нэхъыбэ зэрыщIыпхъэр. 
- Ди республикэм щыпсэу дэтхэнэм дежкIи мы псалъэмакъым и мыхьэнэр ­лъагэщ, ар унагъуэ, цIыху къэс лъэIэсынкIэ шынагъуэ Iуэхущ. Гъэсэныгъэм и мы­хьэнэр сыт зэмани лъагэу щытащ, ноби ар кIащхъэ хъу хъунукъым. Сэ сызэреп­лъымкIэ, щIалэгъуалэм я гъэсэныгъэм иIэ щхьэхуэ­ныгъэхэмкIэ лэжьэну комитет дыхуейщ, - жиIащ Берд Хьэзрэталий зэIущIэм и кIэухыу.

Щомахуэ  Залинэ.
Сурэтхэр  Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.