Гумрэ псэмрэ зыгъэпIейтей

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ гъэ еджэгъуэщIэм хуэщIа гуфIэгъуэ зэхыхьэу Шэрэдж районым хыхьэ Жэмтхьэлэ Ипщэм щызэхашам. ЩIыналъэ администрацэм и унафэщI Муртазов Борис и гъусэу ар яхуэзащ Чубаков Алий и цIэр зэрихьэу жылэм дэт курыт школым и егъэджакIуэхэмрэ езанэ классым щIэ­тIысхьахэмрэ.

Къы­зэхуэсахэм псалъэ гуапэ куэд яжриIащ КIуэкIуэ Казбек. Япэ классым щIэ­тIысхьэ цIыкIухэм защыхуигъазэм, абы къыхигъэщащ ЩIэныгъэхэм я махуэр абыхэм я дежкIэ дуней щIэщы­гъуэм хэзышэну гъуэгум и къежьапIэу зэрыщытыр икIи абдеж щегъэжьауэ абыхэм гъащIэм къащыхуэщхьэпэн гъэ­щIэгъуэн куэд къызэращIэнури жи­Iащ. Апхуэдэу КIуэкIуэм фIыщIэ яхуи­щIащ къыхаха IэщIагъэм хуэпэжу я ­къалэн гугъур жэуаплыныгъэ зыхащIэу зыгъэзащIэ егъэджакIуэхэми. 
ЩIэныгъэхэм я махуэм хуэгъэпса псалъэ гуапэхэр КъБР-м и Iэтащхьэм щитхащ и Инстаграм напэкIуэцIми. «ПщIэ зыхуэсщI, Къэбэдей-Балъкъэ­рым и цIыхухэ! ШколакIуэхэ, студентхэ, егъэджакIуэхэ, адэ-анэхэ! Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу ЩIэныгъэхэм я махуэмкIэ, гъэ еджэ­гъуэщIэр зэрывублэжымкIэ, - итщ а зы­хуэгъэзэныгъэм. - ФокIадэм и 1-р дэтхэнэ егъэджакIуэми гъэсакIуэми я ­дежкIэ зыпэрыт IэнатIэм и гъунэщIэр щрилъ, зыхуэзэша и гъэсэнхэм щаIущIэж гуфIэгъуэ махуэщ. ШколакIуэ­хэмрэ студентхэмрэ ядежкIэ а махуэр мэхъу щIэныгъэщIэхэр зэгъэгъуэты-ным, ныбжьэгъугъэр гъэбыдэным, къэ­кIуэну гъащIэ хьэлэмэтым икIи куп­щIа­фIэм я щIэдзапIэ. Егъэджэныгъэ-гъэ­сэныгъэ IэнатIэм зи гъащIэр епха дэтхэнэми сохъуэхъу лъэхъэнэщIэр Iуэху гъэщIэгъуэн куэдкIэ гъэнщIауэ ефхьэ­кIыну, щIэныгъэщIэхэм я дунейм фыхэ­зышэ нобэрей махуэр угъурлы дыдэ псоми тхуэхъуну». 
А махуэм гуфIэгъуэ зэхыхьэ ин ще­кIуэкIащ Май щIыналъэми. Абы хыхьэ Ново-Ивановскэ жылэм фокIадэм и 1-м къыщызэIуахащ Козуб Шурэ и цIэр зезыхьэ лицей №7-м и унэщIэр. Ухуэ­ныгъэр зэфIагъэкIащ «Кавказ Ищхъэ-рэ федеральнэ щIыналъэм зегъэу­жьын» къэрал программэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ. 
Зэхуэсым хэтащ КъБР-м и Парла­ментым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Гек-             киев Заур, КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим, Май районым            и администрацэм и Iэтащхьэ Саенкэ        Татьянэ, УФ-м и Лъэпкъ гвардием ­КъБР-м щиIэ къудамэм и унафэщIым             и къуэдзэ Трушин Алексей, щIыналъэм щылажьэ IуэхущIапIэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, къуа­жэдэсхэр.
КъБР-м и Парламентым и депутатхэм къаб­гъэдэкIыу Егоровэ Татьянэ махуэшхуэмкIэ гуапэу ехъуэхъуащ къы­зэхуэса псоми. 
- ФокIадэм и 1-р гумрэ псэмрэ зыгъэпIейтей махуэщ куэдым я дежкIэ. ­          Ар идопх щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным ехьэлIа IэмалыщIэхэм, творческэ бгъэ­дыхьэкIэщIэхэм, ехъулIэныгъэщIэхэм дыхуэзышэ Iуэху зехьэкIэщIэхэм. А ­псори зэпхыжар къытщIэхъуэ щIэблэм гъэсэныгъэ екIурэ щIэныгъэ куурэ еты­ныращи, егъэджакIуэхэми, школакIуэ­хэми, адэ-анэхэми фи гугъапIэхэр на­хуапIэ хъуну сынывохъуэхъу, - къихигъэщащ Егоровэм. - Ново-Ивановскэ жы­лэм щыпсэухэм я дежкIэ нобэрей гуфIэгъуэр тIуащIэщ: ЩIэныгъэхэм я махуэм япэу и бжэхэр къызэIуех сабий 440-рэ щеджэным хуэщIа школыщIэм. Ар еджапIэ дахэщ жыпIэныр мащIэ дыдэщ - школыщIэр къызэгъэпэщащ зыхуей-зыхуэфI псомкIи, абы Iэмал ­псори иIэщ щIэблэм щIэныгъэ куу ­егъэгъуэтынымкIэ. 
КъБР-м и Парламентым и пресс-              Iуэ­ху­щIапIэм хъыбар къызэрыдигъэ­щIам­кIэ, Егоровэр гуапэу ехъуэхъуащ школы­щIэм и егъэджакIуэхэми, ще­джэну                  цIы­кIухэми, абыхэм я адэ-анэхэми. Гулъы­тэншэ ищIакъым КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэри икIи къы­хи­гъэ­белджылыкIащ щIыпIэм, республикэм щыпсэу дэтхэ­нэми зыIэригъэхьэ ехъу­лIэныгъэр къэ­ралыгъуэр ­нэхъри зыгъэ­быдэ Iуэху­гъуэу зэры­щы­тыр. 
Парламентым и пашэм жиIа псалъэ­хэм къыдыщIагъуу, гуфIэгъуэ зэхуэ-сым кърихьэлIахэм гуапэу ехъуэхъуащ Геккиев Заур, Саенкэ Татьянэ, нэ­гъуэщI­хэри. ШколыщIэм и бжэр къызэIуахыу, абы ищIа лентI плъыжьыр зэпаупщIащ хьэщIэ лъапIэхэм. ЕджапIэр зыухуа «АССО» фирмэм и унафэщI Настаев АлисулътIан лицеищIэм и пашэ Хив­-        рич Еленэ тыгъэ хуищIащ унэщIэм и ­IункIыбзэIухыр. 
ГуфIэгъуэм хэтахэм школыщIэм зыщрагъэплъыхьащ, фэеплъ сурэтхэ-ри зытрагъэхащ. 
Махуэшхуэ зэхыхьэхэр щекIуэкIащ республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэ­хэми, абыхэм епха колледжхэми. Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэр­-дей-Балъкъэр къэрал университе-тым фокIадэм и махуэшхуэхэм, ЩIэныгъэмрэ технологиемрэ я илъэсым ирихьэлIэу къыщызэрагъэпэщащ «Иджы­рей урысей щIэныгъэр» лекцэ зэIу­хахэр. КъБКъУ-ми абы и къудамэ псо-ми щекIуэкIащ лекцэ купщIафIэ зэ­­мы­лIэужьыгъуэу 23-рэ. Абыхэм къеджащ университетым и щIэныгъэлI цIэрыIуэхэр. «Иджырей щIэныгъэм зэрызиужьыр», «Жылагъуэмрэ щIэныгъэмрэ», «ЩIэныгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр» темэхэм, нэгъуэщIхэми ятеухуат лекцэхэр. Студентхэм хьэлэ-мэт куэд яжезыIахэм ящыщщ химие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Хьэшыр Светланэ, педагогикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и Социально-гуманитар институтым и щIэныгъэ унафэщI Грусман Владимир, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, университетым грантхэмкIэ и къудамэм и инженер Тумэ Аскэр сымэ, нэгъуэщIхэри. ФокIадэ мазэм къриубыдэу апхуэдэ лэ­жьыгъэхэм пащэнущ. 
КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъу­мэш университетым къыщызэрагъэпэща апхуэдэ гуфIэгъуэм зыкърахьэ­- лIащ абы щылажьэ IэщIагъэлIхэмрэ щеджэ студентхэмрэ нэмыщI, абыхэм           я адэ-анэхэми. ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIэкIащ КъБКъМУ-м и ректор Апажэ Аслъэн. Ар къызэхуэ­сахэм гуапэу ехъуэхъуащ ЩIэныгъэ-хэм, КъБР-м и Къэралыгъуэм я махуэмкIэ. 
- Нобэ, ЩIэныгъэхэм я махуэм, студентрэ школакIуэу минищэ бжыгъэ-       хэм яублэжащ лъэхъэнэщIэр. Си гум къыбгъэдэкIыу захузогъазэ егъэджэ­ныгъэм хыхьэжахэми, еджапIэхэм я бжэхэр япэу къызэIузыхахэми. Дэтхэнэм и дежкIи нобэрей махуэр ирехъу ехъулIэныгъэщIэхэм, щIэныгъэщIэхэм укъыхуезыджэ уэздыгъэ нэху, къахущI­рекI ар лъагапIэщIэхэм хуэзышэ гъуэгу бгъуфIэ, - жиIащ Апажэм. - Ди мэ­къу­мэш университетым щеджэхэм, абы и езанэ курсым къыщIэтIысхьа щIалэ­гъуалэм сохъуэхъу къыхаха IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ куу зрагъэгъуэтыну, студент илъэсхэр щызу, Iуэхугъуэ куп­щIафIэхэмкIэ икIи хьэлэмэтхэмкIэ гъэн­щIауэ ирахьэкIыну. Университетым и егъэджакIуэхэм ялъэкI псори ящIэнущ, фэ щIэныгъэ куу зэвгъэгъуэтын папщIэ. Абы щхьэкIэ еджапIэ нэхъыщхьэр къызэгъэпэщащ зыхуэныкъуэ псом- кIи: техникэ лъэщхэмкIи, технологие пэ­рыт­хэмкIи, IэщIагъэлI IэзэхэмкIи. Студентхэм IэмалыфIхэр яIэщ зрагъэгъуэт теорие щIэныгъэр практикэ IуэхущIапIэхэм щыщIагъэбыдэжыну. Апхуэ­дэхэм я бжыгъэр 200-м нызэрохьэс. ­Къи­­нэмыщIауэ, еджэным къыщыдэхуэ зэ­маным ди студентхэр жыджэру хэтщ университетым, республикэм и жыла­гъуэ гъащIэм. Ди щIалэгъуалэм ящыщ куэд дахьэх спортым, гъуазджэм, щэнхабзэм. 
Ректорым зэрыжиIамкIэ, мэкъумэш университетыр лэжьыгъэкIэ япыщIащ ди къэралми хамэ щIыналъэхэми щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм. Апхуэдэхэм ящыщщ, къапщтэмэ, Абхъазым, Азербайджаным, Белоруссием, Словакием, Корее Ипщэм, Швейцарием я мэкъу­мэш университетхэр, институтхэр. 
Университетым и езанэ курсым и ­студентхэм зыщрагъэплъыхьащ еджапIэм и унэхэм. Абыхэм папщIэ къызэ­рагъэпэща гуфIэгъуэ концертышхуэр куэдым ягу ирихьащ. Зэхуэсым и кIэу-хыу абы хэтахэм зытрагъэхащ фэеплъ сурэтхэр. 
Апхуэдэу гукъинэу, Iэтауэ, атIэми «Роспотребнадзор»-м къигъэув санитар-эпидемиологие хабзэхэм тету, ди щIыналъэм щагъэлъэпIащ ЩIэныгъэ­хэм я махуэхэр. ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр щекIуэкIащ къалэхэм, къуажэхэм дэт курыт школ псоми. Ахэр ягъэдэхащ еджакIуэхэм къызэрагъэпэща кон­цертхэм. 
ЖЫЛАСЭ  Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.