ШыщхьэуIум и 30-м и ныбжьыр илъэс 80 ирикъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал, спорт IэнатIэхэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа, Налшык къалэм и Iэтащхьэу, КъБР-м и Президентым и чэнджэщэгъуу илъэс куэдкIэ псэхьэлэлу лэжьа, футболымкIэ ди «Спартак» командэр къыщызэрагъэпэщам япэ дыдэу хыхьахэм ящыщ зы, абы и капитану щыта, СССР-м спортымкIэ и мастер пщIэшхуэ зыхуэфащэ Сыжажэ Валерэ.
Сыжажэ Валерэ 1941 гъэм шыщхьэуIум и 30-м Плановскэ къуажэм къыщалъхуащ. Абы и адэ Хъусен 1939 гъэм советыдзэм и гъунапкъэхъумэхэм къулыкъу щищIэну ираджащ. 1940 гъэм СССР-м и ГБ-м и НК-м и Школ нэхъыщхьэм щIагъэтIысхьащ. Сталин Иосиф и бжэм деж хъумакIуэу щытащ. 1941 гъэм щэкIуэгъуэм и 7-м Мэзкуу и Ут Плъыжьым щекIуэкIа парадым хэтри къалащхьэм и зыхъумэжыныгъэр къызэзыгъэпэщыным папщIэ зэхагъэува къалэн пыухыкIа зиIэ мотострелковэ бригадэу (ОМСБОН) къэрал унафэщIым езым и унафэм щIигъэувам хэту Волоколам шоссем и лъэныкъуэмкIэ иунэтIащ. Мэзкуу и Iэшэлъашахэм щекIуэкIа зэзауэр щигъэта нэужь, ОМСБОН-р тIасхъэщIэх еджапIэм ягъэкIуащ бийм и щIыбагъым диверсие лэжьыгъэхэр зэрыгъакIуэкIым зауэлIхэр хуагъэхьэзырыну. Ахэр зыбжанэрэ Брянск мэзхэм щIагъэтIысхьащ. А еджапIэм Хъусен къыщыдеджащ тIасхъэщIэх гъуэзэджэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь Кузнецов Николай. Абыхэм я егъэджакIуэу щытащ Судоплатов Павелрэ «Ар къыщыхъуар Ровнэ пэмыжыжьэут» тхылъыр зытха Медведев Дмитрийрэ.
Сыжажэр апхуэдэу яхэтащ Украинэм щыIэ гестапэм и унэр къэзыгъэуахэм, 1943 гъэм ар Тегеран ягъэкIуащ «шэрджэс бзагуэ» хуэдэу. Абы и къалэнт Сталин Иосиф зыукIыну зыгъэхьэзырхэр сэтей къищIыну. Сталинград зауэм иужькIэ ОМСБОН-м хэт цIыху 45-м я гъусэу Энгельс къалэм къыщыщIрагъэдзащ фашистхэм я телъхьэ тIасхъэщIэхъ гупхэр ягъэкIуэдыну. Водолаз костюмхэр ящыгъыу ахэр Волгэ псым гъэпщкIуауэ зэпрыкIащ Iэщэр якIэрыщIауэ. Абы ехьэлIа операцэр фIы дыдэу зэфIэкIащ - зэрыпхъуакIуэхэм я телъхьэхэм и ныкъуэр ягъэкIуэдащ адрейхэр гъэр ящIащ.
Дунейм тетыхукIэ Сыжажэ Хъусен илъэсым тIэунейрэ Мэзкуу ирагъэблагъэу щытащ – накъыгъэм и 9-мрэ щэкIуэгъуэм и 7-мрэ.
Сэлэт лIыхъужьым и къуэ Сыжажэ Валерэ япэ классым Бахъсэн къалэм 1948 гъэм щыкIуащ. КлассипщIыр къыщиухар Налшык дэт курыт еджапIэ №5-ращ. Школым щыщIэса лъэхъэнэм ар хуабжьу спортым дихьэхыу щытащ: бокс, футбол, атлетикэ псынщIэ. Метрищэм къыщызэдэжэнымрэ жыжьэу лъэнымкIэ школым и чемпиону щытащ. ЕпщIанэ классым щIэсу лъэпощхьэпохэр къызэранэкIыуурэ метри 110-м къыщызэдэжэнымкIэ Урысейм и школакIуэхэм я деж щекIуэкIа Спартакиадэм пашэ щыхъуащ.
1958 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и инженер-техникэ факультетым щIэтIысхьащ икIи ар 1963 гъэм ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. А зэманым Валерэ спортыр зэи IэщIыб ищIакъым. Ар КъБКъУ-м и командэ къыхэхахэм хэту футбол, волейбол, баскетбол джэгуащ. Абы къыдеджащ республикэм имызакъуэу къэралым щыцIэрыIуэ цIыхухэу Сэхъу Владимир, Къармокъуэ Хьэчим, Адыгэ Республикэм щыщ ХъутIыжь Аслъэн.
ЕджапIэм щIэсу 1959 гъэм ар ирагъэблэгъащ Налшык и «Спартак» футбол командэм. Еджэнымрэ дзэм къулыкъу щищIэнымрэ зэпигъэу, пищэжурэ, Валерэ абы 1970 пщIондэ щыджэгуащ. 1968-1969 гъэхэм ар ирагъэблэгъащ къэралым и щIалэгъуалэ командэ къыхэхам икIи зэIущIэ 12 абы хэту иригъэкIуэкIащ. А лъэхъэнэм къриубыдэу Урысейм и футболист нэхъыфI 11-м яхэхуащ. А псом я фIыгъэкIэ, 1970 гъэм накъыгъэм и 9-м «Динамо» стадионым футболист цIэрыIуэ Симонян Никитэ абы къыщритыжащ «СССР-м спортымкIэ и мастер» бгъэхэIумрэ абы щыхьэт техъуэ тхылъымрэ.
- Илъэс куэдкIэ сэ Налшык и «Спартак»-м и капитану сыщытащ. А зэманым къриубыдэу си гъусэу зэIущIэ губгъуэм къихьащ футболист цIэрыIуэхэу Iэпщэ Александр, Алыдшев Анатолий, ТIащ Хьэсэнбий, Гогибедашвили Заур, Ещтрэч Владимир, Ильин Валерэ, Санэшокъуэ Владимир, Литвинов Борис, Давыдов Игорь, Лий Владимир, Шаповалов Анатолий, Туаев Къазбэч, Чистохвалов Юрий сымэ, нэгъуэщIхэми, - игу къегъэкIыж Сыжажэм. – Футболым сыщыхэта лъэхъэнэхэр – ар илъэс насыпыфIэхэт, си хьэлымрэ Iэпкълъэпкъымрэ зыпсыхьащ, ныбжьэгъугъэр зищIысыр къэсщIащ. АбыкIэ фIыщIэ яхуэфащэщ си тренерхэу Седановым, Суэтиным, Чембуридзе, Новиковым, Свирскэм, Чехрадзе, Котовым, Холодковым, Кирш сымэ.
1970 гъэм къыщыщIэдзауэ Сыжажэ Валерэ унэ ухуакIуэ комбинатым и мастеру, иужькIэ 1973 гъэ пщIондэ прорабу щылэжьащ. А лъэхъэнэм къриубыдэу абы и нэIэ щIэту яухуащ фэтэр 90 зыхэт унэ зыбжанэ, Головком и цIэр зезыхьэ уэрамым тет сымаджэщым и сабий гъэсапIэр, Стрелкэ щIыпIэм щыIэ сабий гъэсапIэр, Эльбрус жылагъуэм дэт фэтэр 60 хъу псэупIэ унэр, «Грушевая роща»-м и пансионатхэр, нэгъуэщIхэри.
1973 гъэм, къалэ сымаджэщ №1-м и сабий къудамэр щаухуэм абы гу къылъитащ КПСС-м и къалэ комитетым и япэ секретарь Громыкэ Николай икIи ухуэныгъэр зэфIэкIа нэужь ирагъэблэгъащ ухуэныгъэмрэ къалэ хозяйствэмкIэ къудамэм и инструктору.
- Ар парт школыфI схуэхъуащ. Сэ а IэнатIэм сыщыпэрыува япэ махуэ дыдэм Громыкэ КПСС-м и ЦК-м лэжьапIэ ираджащ. АдэкIэ ди унафэщIу щытащ цIыху зэчиифIэ, парт лэжьакIуэшхуэ Шинкарёв Николай. Мэлбахъуэ Тимборэ и гъэсэн пажэм сэ фIыщIэ хузощI гъащIэм и дерс куэд къызэрызитам папщIэ, - игу къегъэкIыж Сыжажэм.
КъыкIэлъыкIуэу Валерэ IэнатIэ хъэхъуащ ПсэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ министрым и къуэдзэ IэнатIэр. Ар ягъэуващ къулыкъу нэхъыщхьэ къызрата университетым къыщыдеджа Сэхъу Владимир и пIэкIэ. Сыжажэм и псалъэхэм къызэрыхэщыжымкIэ, 1975-1985 гъэхэу а IэнатIэм щыпэрытар зэман хьэлъэу щытащ. Ауэ, апхуэдэу щыт пэтми ар лэжьыгъэмрэ гъащIэмрэ зыпсыхь IэнатIэт. А илъэсипщIым къриубыдэу абы и нэIэ щIэту лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкIащ: Кыщпэк къуажэм къыщыщIэдзауэ Налшык, Бахъсэн къалэхэм, Бахъсэнёнкэ, Дыгулыбгъуей жылагъуэхэм псы зрикIуэ бжьамийхэр дашащ, троллейбус кIапсэхэр яукъуэдиящ, къалащхьэм котельнэ зыбжанэ щаухуащ, Налшык, Тэрч къалэхэм, нэгъуэщIхэми псы хъумапIэхэр къыщызэрагъэпэщащ, республикэм и щIыналъэ псоми газ, электрокъару, канализацэ, хуабэ энергетикэ хозяйствэмрэ коммунальнэ хозяйствэмрэ псэупIэр егъэфIэкIуэнымрэ ехьэлIа IуэхущIапIэхэр къыщызэIуахащ.
1981 гъэм Сыжажэ Валерэ къыхуагъэфэщащ ГуащIэдэкIым и Бэракъ Плъыжь орденыр.
- 1985 гъэм КПСС-м и обкомым и япэ секретарь Мэлбахъуэ Тимборэ и деж сриджащ. Абы махуипщI хуэдиз ипэ къихуэу унафэщIыр еплъащ ЖКХ-мкIэ министерствэм и унэщIэу езым и унафэкIэ Мэстафэ Владимир иригъэухуам. Мэлбахъуэр тIуми къыдэшхыдат а ухуэныгъэм щхьэкIэ, абрагъуэIуэу едгъэухуауэ къилъытэри икIи ди къулыкъухэм дытригъэкIыну жиIэри къытхуэгубжьауэ щытащ. Володя зыри пидзыжакъым, сэ сыкъэпсалъэри жысIащ апхуэдэу къэхъумэ, си фIэфI дыдэу сабийхэр е «Спартак»-р згъэсэну сызэрыкIуэфынур. Ар къыпыдыхьэшхыкIри кIуэжащ, - жеIэж Сыжажэм. - Куэд дэмыкIыу Мэлбахъуэр къызоджэ. Пэжыр жысIэнщи, къызэшхыдэну къызэджа си гугъащ. Нэгъуджэр и натIэм дрейгъэкIуэтейри, зыкъысхуигъэзащ: «Сыт укъызытеувыIар Хъусен и къуэ Валерэ. Уи адэр апхуэдэу Iулыдж хэмылъу щытакъым, сэ ар фIыуэ сцIыхуащ». «Сэ, Тимборэ Къубатиевич, пэжыр жысIауэ аращ, партым дызэригъэсам хуэдэу», - жэуап изотыж сэ абы. Зы дакъикъэ хуэдизкIэ зыри жимыIэу щысри, зэуэзэпсу и макъым зригъэIэту жеIэ: «Партым и къалэ комитетым, ещанэ къатым кIуэи, етIуанэ секретарым и пэшыр убыд икIи узэрыщытым хуэдэу жыджэру, пэжыныгъэ пхэлъу лажьэ. ЕхъулIэныгъэ уиIэну!».
ИлъэсиплIкIэ Шинкарёв Николай, адэкIэ, дызэрыцIыкIурэ си ныбжьэгъу, Губин Геннадий и гъусэу сызэрылэжьа илъэсхэр хуэунэтIауэ щытащ промышленнэ предприятэхэм я щытыкIэр зэтегъэувэжыным.
Мэлбахъуэ Тимборэ и пIэкIэ обкомым и япэ секретару къагъэкIуат Елисеев Евгений. 1989 гъэм абы и деж сыкъриджащ икIи си адэ-анэм, си унагъуэм, си псэупIэр зыхуэдэм къыщIэупщIэу щIидзащ. Сэ абы жесIащ пэшищ хъу фэтэрым цIыхуих дызэрыщыпсэур. А щIэупщIэныгъэхэр щIригъэкIуэкIыр къызгурыIуэртэкъым. АдэкIэ псори наIуэ хъужащ – нэхъапIэIуэкIэ тIэунейрэ абы къысхуигъэлъэгъуауэ щытащ къалэ исполкомым и унафэщI къулыкъур, ауэ сэ здатэкъым. Иджы абы нэхъ тригъэчыныхьу жиIащ: «Ноби аргуэру къыпхуэзгъэлъэгъуа IэнатIэм уелъэпауэмэ, фэтэр нэхъ ин къуезгъэтынукъым (а зэманым си чэзур къэсауэ япэ дыдэу спискэм ситт)». Арати, къулыкъум арэзы сытехъуащ. А лъэхъэнэм къалэ исполкомым и унафэщIу лажьэр Хъурей Феликст, ауэ ар зэрыIукIымкIэ заявленэ итхакIэт, - игу къегъэкIыж Сыжажэ Валерэ.
Дапхуэдизу къулыкъу лъагэми икъукIэ хьэлъэщ икIи жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъщ къалэ унафэщIу ущытыныр. Сыжажэ Валерэ я пашэу абы къыдэлэжьахэми къаруушхуэ халъхьащ къалэдэсхэм я щытыкIэр егъэфIэкIуэным. Псом хуэмыдэу щIэгъэкъуэнышхуэ ягъуэтащ зи Iуэху хуэмыщIауэ псэухэм, зауэмрэ лэжьыгъэмрэ и ветеранхэм, унагъуэшхуэхэм, сымаджэхэм, псом япэрауэ, сабийхэм.
Къалэдэсхэм гугъуехь куэд дашэчащ псы ежэхыпIэ бжьамийхэр щыдалъхьэ лъэхъэнэм. Ауэ ар щымыIамэ иджыпсту сыт хуэдэ щытыкIэт уэшх нэужьым къалэдэсхэр зэрыхуэнур? Сыжажэм Франджым къриша пхъэнкIий идзыпIэ цIыкIухэм хуэдэ щэ бжыгъэхэр къалэ кIуэцIым дагъэуващ, розэу 1 мелуаным щIигъу хасащ, нэгъуэщIхэри зэфIагъэкIащ. Мыр цIыкIу-цIыкIуу зэхэт, зэ еплъыгъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зимыIэ Iуэхугъуэу къыпщыхъу щхьэкIэ, къызэщIэкъуауэ ухэплъэжым, икъукIэ лэжьыгъэ купщIафIэщ, къаруушхуэрэ зэманрэ зытекIуадэщ.
Къалэ унафэщIым къыкIэлъыкIуэу Сыжажэ Валерэ ирагъэблэгъащ КъБР-м и Президент КIуэкIуэ Валерэ и чэнджэщэгъуу. Абы и пщэ къыдэхуащ узыншагъэр хъумэныр, щэнхабзэр, егъэджэныгъэр, физкультурэмрэ спортымрэ. Абы зэрыщылэжьа илъэситхум Сыжажэм къигъэсэбэпащ нэхъапэIуэкIэ зыIэригъэхьа Iэзагъыр.
- Сэ куэдрэ срихьэлIащ КIуэкIуэ Валерэ и пэшым щригъэкIуэкIа зэIущIэхэм. Абы и деж къыщIыхьэрт къулыкъу зэмылIэужьыгъуэ зыIыгъ куэд. А зэIущIэхэр зэрекIуэкIыу щытар псалъэкIэ къыпхуэмыIуэтэжынщ. Сэ срихьэлIакъым апхуэдиз акъылыфIагъэ, хуабагъэ, гуапагъэ зыбгъэдэлъ цIыху, - къеIуэтэж Сыжажэм. – Языныкъуэхэм абы и деж къыщIыхьэрт дэ тIуми фIыуэ дымылъагъу цIыхухэр, ауэ зэIущIэ нэужьым я нэпсхэр къызэпижыхьауэ къыщIэкIыжхэр икIи щэхуу сэ къызжаIэрт: «Сэ абы фIыуэ сыкъимылъагъу си гугъащ, сыту сыщыуат!» Ахэр езгъэжьэжырт, пэшым сыкъыщIыхьэжырти КIуэкIуэм сеупщIырт: «Дауэ апхуэдэу ущытыф, ар плъагъу хъуркъым уэ?» Абы и жэуапу къызитыжырат: «Сэ сыполитикщ, си шэнтжьейм къитIысхьи къыбгурыIуэнущ си политикэр».
ГъэщIэгъуэн куэд дыдэ къэхъуащ а лъэхъэнэм. Ауэ зы Iуэхугъуэ утемыпсэлъыхьыу къэбгъанэ хъунукъым.
- 1993 гъэм Налшык и «Спартак»-м и джэгукIэр щIагъуэ дыдэтэкъым. КIуэкIуэ Валерэ чэнджэщэгъум и къулыкъум теухуауэ къыщызэпсалъэм абы къысхурибжэкIащ си нэIэ щIэтыну унэтIыныгъэхэр, ауэ спортым теухуауэ зы псалъи хэттэкъым, - игу къегъэкIыж Сыжажэм. – Сэ абы жэуап изотыж: «Сэ сыухуакIуэщ, нэхъапэм сыспортсменащ, ауэ унэтIыныгъитIым къищынэмыщIауэ, адрейхэр си нэIэ щIэтщ. Сэ сыхуейт си мыIуэхум сыхэмыхьэу фIыуэ слагъу лэжьыгъэм зестыну, «Спар- так»-м и унафэщIу сыщытынут». «Сэ нэхъ спэгъунэгъуу ущытыну сыхуейщ дызэрыцIыкIурэ дызэрызэрыцIыхум папщIэ. Ухуеймэ, ЖКХ-мкIэ министру кIуэ е ухуэныгъэмкIэ министру. Нэхъ къапщтэмэ, Министрхэм я Советым и унафэщIым и къуэдзэу?» Сэ жэуап естыжащ: «Хьэуэ, ЖКХ-мрэ къалэ гъэзэщIакIуэ комитетымрэ унафэщIу сызэрыщыIамкIэ срикъуащ». Ар къыпыгуфIыкIри жиIащ: «Уэрэ сэрэ дыцIыху къынтIэсынтIэкъым, аращи, нэхъапэIуэкIэ къезбжэкIа уи нэIэ щIэтыну унэтIыныгъэхэм физкультурэмрэ спортымрэ хыдогъэхьэ. Пщэдей лэжьапIэ къыдэкI, дызэгурыIуакъэ? ДызэгурыIуащ, еуэ, уи «Спартакр лигэ нэхъ ищхьэм хэшэ».
1994 гъэм «Спартак»-р зыхэт гупым ещанэ увыпIэр щиубыдащ, къыкIэлъыкIуэ илъэсым япэ лигэм хыхьащ. АбыкIэ фIыщIэ яхуэфащэщ КIуэкIуэ Валерэ, Къущхьэ Iэмырхъан, Батырбеков Ахъмэт, Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, Кокорин Николай, тренер нэхъыщхьэ Синицин Борис, командэм щыджэгуа дэтхэнэ зыми.
1998 гъэм Сыжажэм къыхуагъэлъэгъуащ КъБР-м и Пенсэ фондыр и унафэм щIигъэувэну, ауэ, идакъым а зэманым абыхэм теухуауэ уголовнэ Iуэху къаIэтати. Ар щымыхъум КIуэкIуэм ар пэригъэуващ КъБР-м Медицинэ страхованиемкIэ фондым и унафэщI къулыкъум.
- А лъэхъэнэм ирихьэлIэу фондым и коллективыр IэщIагъэлI нэсхэмкIэ зэхэгъэуват. АбыкIэ фIыщIэ хуэфащэщ си япэкIэ лэжьа, пщIэшхуэ зыхуэсщI Лъэпщокъуэ БетIал, - жеIэ Валерэ. – А гупым си ныбжьыр илъэс 65-рэ ирикъуху садэлэжьащ. 2003 гъэм Урысейм и Фонд нэхъыфIищым дыхыхьащ, 2005 гъэм къэралым пашэ дыщыхъуащ.
Гуапэу сигу къокIыж Налшык и къалэ советым сыщылэжьа зэманри. 90 гъэхэр лъэхъэнэ хьэлъэу щытащ, республикэр мафIэсым хыхьэным зымащIэщ иIэжар, ауэ КIуэкIуэ Валерэ и губзыгъагъымрэ, Совет Нэхъыщхьэм и депутатхэм, республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я зышыIэныгъэмрэ я фIыгъэкIэ щытыкIэр зэпIэзэрыт хъужащ. ФIыщIэ яхузощI Совет Нэхъыщхьэм, КъБР-м и Парламентым и унафэщIхэм, депутатхэр гуапэу къызэрысхущытам къыхэкIыу.
Иужьрей илъэсхэм Сыжажэр лэжьащ «Капитал – медицинэ страхованиемкIэ» компанием Ипщэ Федеральнэ щIыналъэм щиIэ и къудамэм и унафэщIым и чэнджэщэгъуу, Налшык къалэ администрацэм и тхьэмадэми чэнджэщэгъуу. Ди республикэм и къалащхьэм ПсэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и управленэм и унафэщIым и къуэдзэу лэжьащ.
Къэралми республикэми пщIэ лъагэ къыхуащIащ Сыжажэм и псэемыблэж лэжьыгъэм. Абы къыхуагъэфэщащ ГуащIэдэкIым и Бэракъ Плъыжь орденыр, «Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщытхьрэ илъэс 20 ирокъу» медалыр, КъБР-м и Президентым и ЩIыхь тхылъыр. 2001 гъэм къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм социальнэу къащхьэщыжынымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр. Ар экономикэ щIэныгъэхэм я кандидатщ, «ЭкологиемкIэ, цIыхумрэ дыкъэзыухъуреихь дунейрэ я шынагъуэншагъэмкIэ дунейпсо академием» (МАНЭБ) и член-корреспондентщ.
Сыжажэ Валерэрэ абы и щхьэгъусэ Аллэрэ зэдапIащ зыкъуэрэ зыпхъурэ. Адэ-анэр абыхэм ягъэгуфIащ къуэрылъхухэмкIэ, пхъурылъхухэмкIэ, пхъурылъхухэм я быныжхэмкIэ. Илъэс куэдкIэ узыншэу Тхьэм къащхьэщигъэт дыгъуасэ зи ныбжьыр илъэс 80 ирикъуа я нэхъыжьыфIыр.