Интернетым и Iэмалхэри къэдгъэсэбэпу

Дэтхэнэ къэралми хуэдэу, ди хэкуми зэман-зэманкIэрэ щрагъэкIуэкI цIыхухэм я къыхэтхыкIыныгъэ. Абы и мурад нэхъыщхьэр къэралым щыпсэухэм я бжыгъэр къащIэн къудейкъым, атIэ цIыхухэр зыщыщ лъэпкъри, яIурылъ бзэ­ри (бзэ­хэри), яIэ социальнэ щыты­кIэри, ябгъэдэлъ щIэныгъэри, я хэхъуапIэ нэхъыщхьэри, гъащIэм, псэуныгъэм епха нэ­гъуэщI щхьэхуэныгъэхэри къэхута ­мэхъу. Фигу къэдгъэкIыжынщи, ди къэ­ра­лым апхуэдэ къыхэтхыкIыныгъэ иужь­рейуэ щыщрагъэкIуэкIар 2010 гъэм и ­жэпуэгъуэ мазэращ.
Зи гугъу тщIа мурадхэр я гъуэгугъэлъагъуэу, мы илъэсым и жэпуэгъуэ мазэм Урысей Федерацэм щрагъэкIуэкIынущ цIыху­хэм я къыхэтхыкIыныгъэ. Iуэхур зэфIахыну я гугъат илъэс ипэкIэ, арщхьэкIэ коронавирусым и зэранкIэ ямыгъэIэпхъуэу хъуа­къым.
«КъыхэтхыкIыныгъэ-2020»-р тэмэму къы­зэгъэпэщынымрэ къызыхуэтыншэу егъэ­кIуэ­кIынымрэ къэралпсо мыхьэнэ зиIэ Iуэху­гъуэ­хэм ящыщщ. Абы епха лэжьыгъэ­хэм ткIийуэ кIэлъоплъ ди республикэм и уна­фэщI­хэри. Аращ нэхъыщхьэу къыщаIэтар КъБР-м и Правительствэм мэрем кIуам­ щызэхэта зэхуэсым. Ар иригъэ­кIуэ­кIащ ­КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий. Абы япэу псалъэ иритащ республикэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр­ Рахаев Борис. Iуэхур ди щIыналъэм зэрыщекIуэкIым къызэхуэсахэр щыгъуазэ хуищIащ абы. Рахаевым зэрыжиIамкIэ, щIыпIэ самоуправленэхэр мы зэманым йолэжь къыхэтхыкIыныгъэхэр езыгъэкIуэ­кIынухэр щылэжьэну пэшхэр зыхуей-зы­хуэфIхэмкIэ, связымрэ транспорткIэ къызэгъэпэщыным хуэщIа зэгурыIуэныгъэхэр зыхуэфащэхэм ещIылIэным. Апхуэдэ лэ­жьыгъэхэм я нэхъыбапIэр яухащ. Бахъсэн, Прохладнэ, Тэрч, Шэджэм, Iуащхьэмахуэ щIыналъэхэм, Прохладнэ къалэм къа­нэ щымыIэу щызэфIагъэкIащ къыхэтхыкIыныгъэм ипэ къихуэ лэжьыгъэхэр.
Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм Къэрал статистикэмкIэ и федеральнэ ­къулыкъущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Гъащтэ Аурикэ ищIа докладым къызэрыхэщамкIэ, бжыгъэр зи лъабжьэ картографие, цIыхухэм я хэщIапIэхэр тэрэзу зэрыт дэф­тэрхэр гъэхьэзырыным иджыпсту йолэжь а IэнатIэм и IэщIагъэлIхэр. Апхуэдэу къыхэтхыкIыныгъэм ухэт хъунущ Интернетым и Iэмалхэр къэбгъэсэбэпуи.
- Ди щIыналъэм щекIуэкIыну мыгъэрей Iуэхум хэтынущ къыхэтхыкIакIуэу 1529-рэ, къэпщытакIуэу 252-рэ, инструктору 12. Лэ­жьакIуэхэм ящыщ дэтхэнэми улахуэ иIэнущ. КъыхэтхыкIакIуэ къэс мазэм хуэзэу иратынущ сом мин 18, къэпщытакIуэм - сом мин 20, инструкторхэм - сом мин 16,5-рэ, - къыхигъэщащ Гъащтэм. - КъыхэтхыкIыныгъэм хэтынухэр абы хурагъаджэ, хуагъэ­хьэзыр. Ап­хуэдэ егъэджэныгъэхэр зэфIэкIа нэужь, ахэр къэпщытэныгъэ тестхэм пхы­кIынурэ, итIанэщ лэжьыгъэм пэрыхьэну хуи­тыныгъэ щаIэнур. ЗэкIэ мащIэщ къыхэтхыкIыныгъэ лэжьыгъэм хэтыну гукъыдэж зиIэхэм я бжыгъэр. Псом хуэмыдэу ап­хуэ­дэхэр щымащIэщ Налшык, Нарткъалэ, Тэрч къалэхэм, Дзэлыкъуэ щIыналъэм. Ди гуапэ зэрыхъущи, Бахъсэн, Прохладнэ, Iуащхьэмахуэ щIы­налъэхэм а лэжьыгъэхэр щызэ­фIагъэкIащ.
Нэхъ зэпкърыхауэ зэIущIэм щытепсэ­лъыхьащ къыхэтхыкIыныгъэр ИнтернетымкIэ ебгъэкIуэкI зэрыхъунум. ЩIыналъэм щы­щыIэ эпидемиологие щытыкIэр къэп­лъытэмэ, апхуэдэ Iэмалыр куэдым къагъэ­сэпыну къыщIэкIынщ. КъыхэтхыкIыныгъэм ущыхэт хъунущ МФЦ IуэхущIапIэхэм зыщебгъэтхкIэрэ е «Къэрал Iуэхутхьэбзэхэр» порталым уихьэу.
Гулъытэ хэха зыхуащIахэм ящыщщ къы­хэтхыкIакIуэхэр щылэжьэну пэшхэр хъума­кIуэхэмкIэ къызэгъэпэщын зэрыхуейри. А Iуэхум кърашэлIэнущ Урысей гвардием и лэжьакIуэхэр.
Республикэм хыхьэ щIыналъэхэм, къалэхэм я унафэщIхэм псалъэ щратым, ахэр тепсэлъыхьащ зи пашэ щIыпIэхэр къыхэтхы­кIыныгъэхэм зэрыхуэхьэзыр щIыкIэм. Ап­хуэдэу ди щIыналъэм щылажьэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я ректорхэми псалъэмакъ драгъэкIуэкIащ, хуей хъумэ, студентхэри Iуэхум зэрыхашэнум ехьэлIауэ.
ЗэIущIэм къыщаIэта псори къы­зэ­щIи­къуэжу абы и кIэухым къыщыпсэлъащ­ Мусуковыр. Абы зэрыжиIамкIэ, къэрал мы­хьэнэ зиIэ а Iуэхур егъэкIуэкIын хуейщ, абы хэт дэтхэнэми жэуаплыныгъэ лъагэ зыхи­щIэу. КъыхэтхыкIыныгъэхэм къагъэлъагъуэ бжыгъэхэм куэдкIэ епхащ къэрал уна­фэщIхэм щIыналъэм и социально-экономикэ унэтIыныгъэм адэкIи зегъэужьыным хуащIыну гулъытэр зыхуэдэнур.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 17:28

ХАМЭ КЪЭРАЛХЭМ ЗЭРАДЭЛАЖЬЭМ ФЕЙДЭ КЪЫПОКIУЭ

Хамэ къэралхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым сату нэхъыбэу зыдищIыр СНГ-м хэтхэращ икIи иужьрей илъэситIым къриубыдэу республикэм зэригъэкIуэкIа продукцэм и куэдагъым процент 25-кIэ хигъэхъуащ, жиIащ

29.03.2024 - 17:23

ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ И ЛЪАГЪУЭМ ИРОКIУЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Ставрополь крайм и губернатор Владимиров Владимиррэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и УнафэщI Темрезов Рашидрэ щIыгъуу хэтащ Тырныауз къалэм дэт, сыт и лъэныкъуэкIи з

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.