Iэщ лъэпкъхэр ирагъэфIакIуэ

КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн хэтащ УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэ  Хьэту Джамбулэт иригъэ­кIуэкIа видеоконференцым. Ар теухуауэ щытащ жэм лъэпкъыфIхэр гъэхъуным и Iуэху зыIутым, Iэщ лъэпкъхэр егъэфIэкIуэным.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ техникэ, апхуэдэуи технологие я лъэныкъуэкIэ зыужьыныгъэ зэрагъуэтам я фIыгъэкIэ, гъэшхэкIыу къыщIагъэкIым и куэдагъым хагъэхъуэнуи IэмалыфIхэр зэрыщыIэм.
Иужьрей илъэсипщIым ди къэралым къыщызэрагъэпэщыжащ Iэщ лъэпкъыфI щагъэхъу мэхъумэш IуэхущIапIэу минитI, Iэщ мин 792-м нэблагъэ зыщIэхуэну Iуэхэр яухуащ. IэнатIэм гулъытэ зэригъуэтам и фIыгъэкIэ, гъэшу къашым процент 25,6-кIэ хэхъуащ.
УФ-м Къэрал статистикэмкIэ и къулыкъу щIапIэу Кавказ Ищхъэрэм щиIэ къудамэм къызэритамкIэ, 2021 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш IуэхущIапIэхэм щагъэхъу Iэщыш­хуэхэм я бжыгъэр мин 272-м щынэблэгъащ, абы щыщу мин 136,2-р жэмщ.
ШэхэкI продукцэу къыщIагъэкIащ тонн 13-м щIигъу, про­центкIэ къапщтэмэ, илъэс кIуам и япэ илъэс ны­къуэм­ елъытауэ процент 124-рэ мэхъу. Кхъуеймрэ ­кхъуейлъалъэмрэ процент 12,8-рэ е тонн 1,5-кIэ хэ­хъуащ.­
КъБР-м и мэкъумэш хозяйствэхэм гъэм и мазихым къриубыдэу зы жэмым хуэзэу шэуэ къыщIашащ килограмм 3741-рэ, ар нэгъабэ и япэ мазихым зэрыхъуу щытар килограмм 3136-рэт.

Уэркъ Жыраслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.