ЦIыхухэм загъэпсэху

«Каникулы с Общественным советом» Урысейпсо акцэм хыхьэу «Вершина» санаторэм къыщызэIухащ «Лидер» сменэм и етIуанэ Iыхьэр. Хабзэ зэрыхъуауэ, загъэпсэхуну, гъэ еджэгъуэщIэм щищIидзэжым ирихьэлIэу къару зрагъэгъуэтыну мыбы къэкIуащ республикэм и куей зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа школакIуэ 50.
Сабийхэм псалъэ гуапэкIэ зыхуагъэзащ Урысей МВД-м Налшык къалэмкIэ и Управленэм и унафэщIым и къуэдзэ - полицэм и унафэщI Жантуев Залым, къалэ Управленэм Балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и унафэщI Шорэ Маритэ, КъБР-м Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ и Уполномоченнэм и лэжьыгъэр къызэгъэпэщынымкIэ IэнатIэм и чэнджэщэгъу Манияевэ Ламия, КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэм и къуэдзэ КIыщыкъуэ Иринэ, «Развитие» псапащIэ фондым щIалэгъуалэ программэхэр щызэзыгъэуIу КIыщыкъуэ Назир сымэ.
ХьэщIэхэм ныбжьыщIэхэм жраIащ гукъыдэж яIэу,сэбэп къахуэхъуу санаторэм зэманыр щагъэкIуэну, зэрагуапэр, абы щхьэкIэ физкультурэмрэ спортымрэ я Iэпэгъуу щытын зэрыхуейр.
Полицейхэм цIыхухэм иратащ Урысей МВД-м Налшык къалэмкIэ и Управленэм къыбгъэдэкI саугъэтхэр - стIолыщхьэ джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэр.
ЗэIущIэм пащэу, школакIуэ цIыкIухэм гимнастикэмкIэ я зэфIэкI ягъэлъэгъуащ, уэрэд жаIащ, къэфащ.

Дыгулыбгъу Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.