НаIуэ къохъу кърахьэжьа Iуэхухэм я фIагъыр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ХъумапIэ банкым хыхьэ Ипщэ-КъухьэпIэ банкым и унафэщI Титов Евгений зэIущIэ дригъэкIуэкIащ. Абы щытепсэ­лъыхьащ хьэрычэтыщIэ Iэмалхэм, ухуэныгъэ къудамэм щызекIуэ ­уасэхэм, цIыхубэ гъащIэмрэ сату Iуэхухэмрэ ефIэкIуэн папщIэ мыхьэнэ пажэ зиIэ къэрал программэхэр гъэзэщIа зэрыхъу щIыкIэм. КъищынэмыщIауэ, и гугъу ящIащ Iэмэпсымэхэр «ягъэгупсысэу», ХъумапIэ банкым щIыналъэм хъыбарегъащIэ зэIэпыхыкIэ IэмалыщIэхэр зэтриублэным, гъуэгухэм зегъэужьыным, бжыгъэр и ­тегъэщIапIэу еджапIэхэм къыщагъэщхьэпэ Iэмалхэр, медицинэм пыщIа хэкIыпIэщIэхэр къызэбгъэпэщ зэрыхъунум.
ЗэIущIэм къыщыпсалъэу, КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ: «Нобэ ХъумапIэ банкыр кIуэ пэтми зызыужь, псори къызэщIэзыубыдэ IуэхущIапIэ лъэщ хъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым абы къыщрихьэжьэ проектхэм я фIагъыр хуэм-хуэмурэ наIуэ къохъу. ДяпэкIэ ахъшэ зегъэкIуэным и мызакъуэу, цIыхубэм я гъащIэр езыгъэфIэкIуапхъэ лэжьыгъэ­хэр нэхъыбэу хэтын хуейуэ къызолъытэ ди зэдэлэ­жьэ­кIэм».
Титов Евгений псалъэ щратым гу лъаригъэтащ: «Дэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щедгъэкIуэкI лэжьыгъэм унэтIыныгъэ зыбжанэу зеубгъу: я мылъку хэзылъхьэ инвесторхэм я проектхэм зедгъэужьыну, дэтхэнэ ди къудамэри бжыгъэр зи тегъэщIапIэ IэмэпсымэхэмкIэ дыузэдыну, фи республикэм и цIыхухэм ахъшэр зэрызекIуэм теухуауэ я щIэныгъэр хэдгъэхъуэну, щIэуэ ­къежьэ хьэпшыпхэмрэ Iэмалхэмрэ псоми ялъэдгъэ­Iэсыну».
2020 гъэм къащта «Про­ект­хэр щагъэхьэзыр офис» Iуэхутхьэбзэм ипкъ иткIэ, республикэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху 28-м нэс зэфIахыну зэрыхунэсар Титовым наIуэ къищIащ. Нэ­гъабэ лъэндэрэ хьэрычэ­тыщIэхэмрэ цIыху щхьэ­хуэ­хэмрэ папщIэ кредиту банкым сом мелард 16 къиутIыпщащ. Ипотекэ кредитхэр щIыналъэм щыщу унагъуэ мин 3,5-м къыщагъэсэбэпащ. Унэхэм щIэуп­щIэ зэраIэм ухуэныгъэ лэ­жьыгъэхэми заужьыну Iэмал ярет. ХъумапIэ банкым и ахъшэ хэлъщ псори зэхэту сом мелуан 240-рэ зи уасэ псэупIэ метр зэбгъузэнатIэу мин 25-м.
ХъумапIэ банкым республикэм бжыгъэр зи тегъэщIапIэ инфраструктурэм зыщрегъэужь. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу ди Iуэху­тхьэбзэхэр къэзыгъэ­сэ­бэп­хэм я процент 80-м я ахъшэр онлайн (интернет) IэмалкIэ зэрагъакIуэ. ГъащIэр, лэьыгъэр, зыгъэпсэхугъуэр нэхъ тынш зыщI Iуэхухэр япэ игъэщыпхъэу къыдолъытэ, цIыхубэм и сэбэп зыхэлъ инвестицэ проектхэр къезы­хьэжьэхэм дазэра­дэла­жьэри абы щыщщ. ХъумапIэ банкым республикэм щызэ­фIих ESG - проектхэм я уасэр сом 1 мелардым нос.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ Хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ ират кредитхэм я нэхъыбэр турист IэнатIэм, абы укъыфIэкIмэ, ухуэныгъэ Iуэхухэмрэ мэкъу­мэшымрэ яхуэунэтIауэ зэ­ры­щытыр. Лэжьыгъэр нэхъ зыхуей хуэзауэ екIуэкIын папщIэ Iэтащхьэм къыхилъхьащ инвестицэ проектхэм я Iуэху зыIутыр зэхэгъэкIын хуейуэ.
ЗэIущIэм и кIэухым лъэ­ныкъуитIри акъылэгъу зэдэхъуащ зи гугъу ящIа Iуэхухэр зэгъусэу зэрызэфIахын Iэмалхэр къызэрагъуэтыпхъэмкIэ.   

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.