МафIэсгъэункIыфIхэм я фэеплъ Налшык къыщызэIуах

Урысей МЧС-р къы­зэ­рызэрагъэпэщрэ илъэс 28-рэ щрикъум ирихьэлIэу Налшык къыщызэIуахащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мафIэсгъэункIыфIхэм я фэеплъ.

МафIэсгъэункIыфI-­къегъэлакIуэ часть №1-м и унэм деж къыщызэIуаха фэеплъыр теухуащ а IэнатIэм и тхы­дэмрэ абы и лэжьакIуэхэм къагъэлъагъуэ лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ. Фэ­еплъыр ирагъэщIащ Уры-сей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым МафIэ­сым пэщIэт-къегъэлакIуэ и IуэхущIапIэм я лэжьакIуэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ республикэм ­щып­сэухэмрэ зэхуахьэса мылъкукIэ. Фэеплъым тратхащ урыс тхакIуэ Ги­ляровс­кий Владимир и сатырхэр: «Каждый пожарный - герой, всю жизнь на войне, каждую минуту рискует головой»
Мы Iуэхур къыхэзылъхьар Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Дзугаев ­Георгийщ. Фэеплъыр и Iэ­дакъэщIэкIщ ди щIыпIэм щыщ скульптор Катони Станислав.
Фэеплъыр къыщызэIуа­хым мы Iуэхум зыкърагъэ­хьэлIащ КъБР-м щыIэ федеральнэ инспектор нэ­хъыщ­хьэ Ткачёв Евгений, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Афэ­щIагъуэ Михаил, ­КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэ­щIым и къуэдзэ - инфраструктурэмрэ цифровой зыужьыныгъэмкIэ ­министр Бэлэтокъуэ Владимир, Урысей МЧС-м и Управленэ ­нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и унафэщI, къэрал кIуэцI ­къулыкъум и полковник ­На­дёжин Михаил, Налшык къалэ адми­нистрацэм и тхьэмадэ ­Ахъуэхъу Таймураз, республикэм и министерст­вэ­хэмрэ ведомст­вэ­хэмрэ я лIыкIуэхэр, Ма­фIэ­сым пэ-щIэт IуэхущIапIэм и ветеранхэр, Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм, абы и къу­дамэхэм я лэжьакIуэхэр.
Ткачёв Евгений, Бэлэто­къуэ Владимир, Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ Зэ­щIэу­зэда Къарухэм, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм ­(пенсионерхэм) я Налшык къалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Абдуллаев Мустэфа (ар зи унафэщI жылагъуэ IуэхущIапIэр жы­джэру хэтащ фэеплъым ­папщIэ ахъшэ зэхуэ­хьэ­сыным), Надёжин Михаил сымэ къегъэлакIуэхэм ­ехъу­э­хъуащ я махуэмкIэ.

 

УАРДЭ Жантинэ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.