ГъукIэныр япэ дыдэ цIыхум IэщIагъэ хуэхъуахэм ящыщщ. Пасэм ар IэщIагъэ къудейуэ мыхъуу, мэгъугъэу къалъытэрт. Апхуэдэу щIыщытыр мафIэр - дунейм и къэхъугъэхэм ящыщу нэхъ IэубыдыпIэншэр, шынагъуэр - къагъэIурыщIэурэ гъущIыр жыIэдаIуэ зэращIыфыр арагъэнут. ГъущI плъа сыджым телъым уадэкIэ еуэху хъуаскIэр къыпылъэлъырт. ХъуаскIэм къыщалъэтыхь кIыщыр къуажэм пэIэщIэу, нэхъыбэм псы ежэхым пэгъунэгъуу щытти, абы нэхъри гурыщхъуэ къыхэкIырт мы IэщIагъэр зыIэщIэлъхэр адрей цIыхухэм емыщхьу. А IэщIагъэ хьэлэмэтым пэрыта, «и уадэр уэрэд жиIэу, къигъафэу, мо хужьу плъа гъущIым зэрытехуэу, хупхъэм тхьэвыр зэрыхихум хуэдэу, хихуу, зыхуейм хуигъакIуэу» кIыщым щIэта цIыхум уадэ хьэлъэр къыIэщIэпхрэ Iэпэрытхэр IэщIэплъхьэмэ, сыту пIэрэт къэхъунур?
Къэхъунуращи, тхакIуэ, усакIуэ хъунущ. Хъунущ жьакIуэ. И гупсысэкIэ жаным мэгъуфэ къытригъауэу, и псалъэ пэжым цIыхупсэм щIыкIэ ириту, къигъэщI лIыхъужьхэр хэти фIым и IэщакIуэрэ ем и лъыхъуакIуэу, хэти фIым и IэщакIуэр зыпэщIэт ем и лэжьакIуэрэ гущыкIыгъуэу. Ар-тIэ зэсар махуэм хъуаскIэр къыпылъэлъу «Тхьэм ибгынэжа гъущI кIапэжьым псэ хилъхьэрэ» хьэпшып щхьэпэ къыхищIыкIыу, жэщым пщIыхь дахэ епщIыхьущ: Лъэпщ и лъащэIэмпIэм бгъэдэтщ, нарт Сосрыкъуэ и Тхъуэжьейм тесрэ и бжыщхьэ дыкъуакъуэр сысу къыIуохьэ, и пыIэ щыгум дыгъэр кIэрахъуэу къитщи, уригъэплъыркъым, тажыр зэрыщхьэрихыу, Къэжэр ХьэкIашэ мэхъу. Иджы, кIыщым къыщIэбэкъукIри, щIэныгъэм и бжэр зэIуихащи, къегъэщI дуней зэмыфэгъу, дызэсэжауэ нэм къыфIэмынэжым и телъыджагъыр къыдигъэщIэжу, псэуныгъэм дыпыщIаурэ гу зылъыдмытэ дахагъэхэр къытхузэIуихрэ, ди нэхэр игъэхъуэпскIыу, ди щхьэ Iуэхум дитхьэкъупауэ дибгъукIэ къыщыхъу насыпыншагъэ дымылъагъуххэм дришалIэрэ, быдэ хъуа цIыхугур къигъэщIытэжу, игъэузу.
Зы гъукIэ хэмыIэбэу езыр-езыру гъущIым къыхэщIыкIам хуэдэ хъуа цIыхум и псэр къыIуигъэкIэжынурэ, хигъэплъэжынущ зытет щIым хьэлэмэт куэд къызэрыщыхъум, Iейри фIыри зэрызэхэухуэнам, пэжри пцIыри зэрызэдэгъуэгурыкIуэм, дахэри наджэIуджэри зэрызэдэпсэум, жэщкIэ вагъуэхэр къызэрытхуеплъыхым, махуэкIэ удз гъэгъа гурыхьхэм мэ гуакIуэ къазэрыпихым, хъуреягъым зи Iуэху дэкIи тхьэмыщкIи зэрыщыкуэдым.
ЖыхуэтIэ псори зыбгъэдэлъар, зылъэкIар Нало Заурщ. Ар кIыщым къыщIэкIащ гъущIым хуэдэу и хьэлыр псыхьауэ, зыри зыкIи зыщымыгугъыж гъущI кIапэм псори зыхуэныкъуэ хьэпшып дахэ къыхищIыкIыу зэрыщытам хуэдэу, и псалъэ Iущ, шэрыуэмкIэ цIыхум я гум дахагъэм абгъуэ щригъэщIыфу, зыр адрейм хуэныкъуэ ищIыжыфу, Iеймрэ фIымрэ зэхагъэкIыу фIым и телъхьэ хъуну къыхуриджэу. Заур гъукIэу къэнащ. Iэмэпсымэр ихъуэжауэ аркъудейщ. Тыншкъым лъэпкъыр зыгъэлъэпкъыну гупсысэ нэхъыщхьэр адрей псом къыхэбгъэщхьэхукIыу, цIыхум я деж нэсын псалъэкIэ къару щIэплъхьэну.
Нало Заур емызэшыж гъуазэу лъэпкъым иIащ, псом нэхъапэр щIэныгъэрауэ зэрыщытыр езым и щыIэкIэмкIэ нахуэ ищIрэ къигъэщI образхэмкIэ щIигъэбыдэжу. ЩIэныгъэу щыIэм ящхьэжыр анэдэлъхубзэр фIыуэ пщIэныр зэрыарар псэуху жиIащ, а гупсысэр «сэ сыадыгэщ» жызыIэ дэтхэнэми и гум щипсыхьу. Налом и щIэныгъэ лъэщапIэм къыщIэкIа беягъым адыгэ дунейр зэIузэпэщ ищIыфынущ, абы къыщылыда гупсысэхэм я хъуаскIэм адыгэ дунейм къуапэлъапэу иIэр къигъэнэхунущ. Джын, зэгъэщIэн хуейуэ аркъудейщ.
И щIалэгъуэм кIыщым щыщIэтамрэ адэкIэ къигъэщIа гъащIэр тхэным зэрытриухуамрэ зэпыхыпIэ имыIэу зэрызэпытыр шэчыншэ ещI езыми гъукIэр мызэ-мытIэу и рассказхэм лIыхъужь зэрыщищIам, цIыхур зыгъэцIыху щытыкIэ дахэу щыIэр абы зэрабгъэдилъхьам.
«Къру закъуэ» зыфIища тхылъыращ Налор зэи IэщIыб ямыщIыжыфын тхакIуэу тхылъеджэхэм къезыгъэцIыхуар. А фIэщыгъэ дыдэр зезыхьэ новеллэм къыщытцIыху Къэжэр ХьэкIашэ адыгэ литературэм и мызакъуэу, дунейпсо литературэм къигъэщIа образ нэхъыфIхэм ящыщщ. ЦIыхугъэ нэгъэса зыхэлъ, и къуажэгъухэм я деж емыкIу гуэр къыщихьынкIэ гузавэу, къыхуэныкъуэхэм асыхьэту къагъуэтын хуейуэ къэзылъытэ гъукIэм и гъэсэн БлутI, «кIыщым лэжьыгъэ щIэлъкъым, сыт щытщIэнур?» щыжиIэкIэ, жэуап ирет: «…Догуэ, зыгуэрым и фIанэ къутауэ къокIуэ, лIо пщIэжынур? Уи напэр текIакъэ?» ГъущI кIапэр шыр теувэхукIэ тхыпхъэ тезыдзэ налым хуэзыгъакIуэ ХьэкIашэ и гъэсэным игуми тридзащ напэм, укIытэм, хьэтырым, зэхэщIыкIым, щысхьым я нагъыщэ. Хэгъэзыхь хэмылъу, уэршэр защIэкIэ щIэныгъэм и IэфIыр зыхригъэщIащ, псалъэр игъэджэгуурэ, зыпэмыплъэхха упщIэ къыхуигъэувурэ гупсысэкIэ иригъэщIащ. ЩоджэнцIыкIу Алий, Пушкин Александр, Лермонтов Михаил сымэкIэ литературэм и гъунапкъэхэр зэрымыгъэбыдам щыгъуазэ ищIащ.
ХьэкIашэ и кIыщым гъущIхэкIым къыхэпщIыкI хъуну хьэпшыпу цIыхум къыщамыгъуэта къэнакъым, ауэ а псори зэ лэжьэжынут, къутэжынут, сыт хуэдэу Iэзэу ар гъукIэм имыщIами. Ауэ БлутI къыхилъхьар мыкIуэдыжын, мыкIуэщIыжын, мыужьыхыжыну лъэпкъым деж къыщыщIидзыжащ. Мыбдежым гугъу мэхъу новеллэм хэт лIыхъужьымрэ ар зи гупсысэ къыхэтэджыкIа тхакIуэ дуней нэпцIу жыхуаIэм щыпсэумрэ щхьэхуэныгъэ гуэр яку илъу къэпхутэныр. БлутI и нэкIэщ и гъукIэм дызэреплъыр, Налом и псалъэ къэуатхэмкIэщ а тIум я хьэлэмэтагъыр къэIуэта зэрыхъур.
ЦIыхум и гъащIэр щыз хъун папщIэ зыхуеину хъуар бгъэдэлът ХьэкIашэ: зыми хуэмыдэ IэщIагъэ, къызэрымыкIуэ гупсысэкIэ, IэпэIэсагъэкIэ къилэжьа пщIэшхуэ, щIэныгъэ куу, гушыIэ дахэ, хуэфэщэн ткIиягъ… Ауэ сыт мы лIыжь Iумахуэм гущIэгъу хуэтщIу новеллэр щIиухыр? Нэхъыщхьэ дыдэу зыхуэныкъуа гуэр къимыгъуэтауэ къыпщохъу. ЖимыIэ гуэр псэкIэ псэуху игъэва хуэдэщ. Абы гъущIым къыхищIыкIат къру закъуэ, уэгум иту жьым хэсыхь фIэкIа умыщIэу. И дамэшхуэхэр щIеупскIэ, и пщэмрэ и лъакъуэхэмрэ укъуэдиящ. И дамэ Iэтахэр тIэкIу къызэрыгъэша щIыкIэм псэ хэту къыпфIегъэщI. «Сурэтым псэ зэрыхалъхьэ Iэмалыр дэнэ къыщищIар ХьэкIашэ - игъащIэм сурэт зымыщIа, ящIуи зымылъэгъуа ХьэкIашэ?» - егъэщIагъуэ БлутI. АрщхьэкIэ… КъыкъуэкIащ зы лIы гъум кIэщI, къру сурэтыр зыщIар ХьэкIашэу къыщищIэм: «Ау-у-у-! Ар дауэ уи псэм дэхуа?...», - жиIэу. ГъукIэм и къру закъуэр сыдж упщIапхъэм трилъхьэри, цIыкIу-цIыкIуу зэпигъэлъэлъыжащ. ХьэкIашэ и Iэр зыхуихьыжа хуэдэу мэIу а псалъэхэр. Сыту гущIыхьэ укъызыгурыIуэн ущимыIэр! ДалэфI дэкIауэ щызэхуэзам, БлутI и гъэсакIуэм къыжриIэгъауэ щыта псалъэ шэрыуэхэр игу къыхуигъэкIыжат: «Къру закъуэр уэгум къинэмэ, кIуэдыгъуафIэ мэхъу, лIы пелуаныр закъуэ хъуамэ, сабий хуэдэ къонэ!». И IэдакъэщIэкI телъыджэр щызэпигъэлъэлъыжам нэхърэ мынэхъ мащIэ гуауэ хэлъщ ХьэкIашэ абы иритыжа жэуапым: «Иджыри къэс пщIэжрэ ар, БлутI?!» И пащIэ къетхъухам нэщхъейуэ къыщIэгуфIыкI хуэдэу ищIат.
ХьэкIашэ езым и дуней иIэжт, уэрэд, усэ, хъыбар хьэлэмэт, псалъэ дахэ, гурыщIэ куу, щIэныгъэ зэпэщ щызекIуэу. Ар езым и псэ закъуэр щыхъуапсэ дунейт… Хишэн, хыхьэфын иIакъым. Хъуреягъым щыIэм къызэралъытэмкIэ, псэ зыIутым и сурэт пщIы хъунутэкъым, гуэныхьт, жыхьэнмэт.
Езым и сурэтщ ХьэкIашэ ищIар. «Си закъуэпцIийуэ уэгум ситу, сыгузавэу, сыджэу, си гъусэхэр кIуэдарэ сымыгъуэтыжу, сышынэу, сыпIейтейуэ Iэджэрэ пщIыхьэпIэу слъэгъуащ», - къыжреIэ абы БлутI. Апхуэдэуи ихьащ и гъащIэр. Ауэ, и нэгу къыщIыхьэмкIэ, и къэухьым къиубыдымкIэ, и псэр зыхуэпхъэрымрэ и гущIагъщIэлъхэмкIэ зыдэгуэшэн акъылэгъу имыIами, и хъуахуэ зытрихьа щыIащ: БлутI къыхэкIащ ар зыщIэхъуэпсар зыгъэзэщIэн телъхьэгъу. ГъукIэгъэсэныр хъуащ IэпщIэлъапщIэ, щIэныгъэрылажьэ, гущхьэгъэсэныгъэ лъагэ зиIэ, къэухь Iузэ зиIэхэр зыузэщI, псэкIуэдащIагъэр, сурэт щIыныр мыхъуу, нэгъуэщI щытыкIэ гуэрхэм зэрепхар езыми къыгурыIуэу, нэгъуэщIхэми къагуригъаIуэу. Мис мыбдежи зэхэгъэкIыгъуей щохъу литературэ лIыхъужьыр щиухымрэ дуней нэпцIым щыпсэу цIыхум къыщыщIидзэмрэ. Абы наIуэ къещI Налом ди пащхьэ кърихьэ дунейр гъащIэм зэрыпыщIар, зытетхыхьхэр абы къызэрыщигъуэтар, ауэ, дауи, дигъэлъагъур а къигъуэтахэм трищIы- кIа сурэт къудейкъым, атIэ философие, психологие, тхыдэ пэж и лъэныкъуэкIэ узэда Iуэхугъуэхэмрэ теплъэгъуэхэмрэщ.
Нобэрей махуэр зыхуэныкъуэ цIыху гъэсэкIэ телъыджэ щыдолъагъу «ГъукIэкъуэм и лIыгъэ закъуэ» новеллэм. Абы къыхэщ гъукIэ лIыжьым и къуэм къыхузыкъуих ткIиягъым хуэдэ иджырей адэ-анэм къалъыкъуэкIыныр узыщымыгугъынщ. Къэухьым къриубыдам елъытащ гур зыхуэпхъэрыр: ди Iуэху еплъыкIэр, гурыIуэкIэр, тхэлъ хабзэр. Сытым къыпкърыкIа гъукIэм шхуэр къищтэу ешыху и къуэр иукIыныр, щIалэр зэрыгушхуэ и пащIэр иупсын хуейуэ унафэ хуищIыныр, псом ящхьэжыращи, лIыгъэ зехьэпIэ ихуауэ къилъытэу къидыгъуа пщIэгъуалэр къызэришам хуэдабзэу зейм хуишэжыну зэрыпигъэувар? ПщIэгъуалэр ишэжыну къудейкъым, саур фIыцIэ зытебза адыгэ къамэ Iэпщэхур телъхьэ хуищIынущ. Бын пэпсалъэр мыхьэлэмэтыж щыхъуа нобэрей махуэм диплърэ новеллэм къыщыIуэтар къыщыхъу далэм дыхуеплъэкIыжмэ, узрегъэхъуапсэ лIыжьым и унафэр гъэзэщIа зэрыхъунум зы шэчи къызэрытримыхьэм.
- Iэбжьанэ фIейкIэ упсэуну мурад пщIауэ ара? - мы зы упщIэр унагъуэм илъ зэхущытыкIэми зэрыунагъуэу гъащIэм хуаIэ щытыкIэми и жэуапщ. Лажьи шхэж, зыми зэран ухуэмыхъу, уи пщIэр Iыгъыж, узыгъэсам и пщIэр лъагэу Iэт. Армырамэ… Уи псэм бэлыхьищэр телъу къэбдыгъуа шыр уи напэр сыуэ, уи фэм уипщхьэжу, къызыфIэбдыгъуам хуэпшэжынурэ зыбумысыжынущ, «къысхуэгъэгъу» къикIыу, саур фIыцIэ зытебза адыгэ къамэ Iэпщэхури IэщIэплъхьэнущ. А щIалэм и гъащIэм а гъуэгуанэм нэхъ гугъу къыхухэхуауэ къыщIэкIынукъым - я пщIантIэм къыдишу къэзакъ къутырым зыша гъуэгур. Шыр къыщидыгъуам лIыгъэ зэрихьауэ къалъытами, лIыгъэу хэлъым хуэныкъуэ щыхъужар а гъуэгуанэм техьа нэужьщ. УкIытэрт.
Дауи, гъукIэм и къуэр иужэгъужатэкъым, адэ лъагъуныгъи хуиIэт, щысхьуи, фIэгуэныхь хъууи къыщIэкIынт, ищIар щIалагъэ-делагъэм къызэрыхэкIари къыгурыIуэрт. И гурыщIэхэм япэ иригъэщащ напэр. Хуейт и къуэр цIыху дыдэ хъуну. Нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ и къуэм илэжьа щIэпхъаджагъэр иригъэбзыщIыну а лIым Iулъхьэ иту. Iулъхьэ итащ и напэр итхьэщIыжыну.
- ГъукIэ Iэзэу къыщIэкIынщ уи адэр? Шэч хэмылъуи лIыфIщ, - къыжреIэ псори къызыгурыIуа къэзакъым. Адэм и Iэпэ къыпыкIа къамэм и дахагъымрэ и цIыху пэжагъымрэ ихьэхуащ хамэбзэкIэ псалъэ, хамэ хабзэ зезыхьэ, хамэщI къикIа цIыхур. Зи Iэпэ дахэ къыпыкIыр дахэ щIэхъуэпсу псэуращ. Апхуэдэущ абы къызэрыгурыIуэр: къамэм тращIыхь тхыпхъэм и закъуэкъым дахэн хуейр. Иредахэ хьэл-щэныр, зэхущытыкIэхэр, гупсысэкIэр, Iуэху зехьэкIэр.
Нало Заур гъащIэм и зы Iыхьэкъым зытетхыхьар. Ихъуреягъым къыщыхъум гупцIанэу пэджэж тхакIуэм езым и унагъуэм игъэунэхуа гуауэри лъэныкъуэ хуегъэзакъым. «Ди адэр зэрагъэтIысар» зыфIища новеллэм къыщыгъэлъэгъуэжар фIища цIэм зы унагъуэ Iуэхуу къыпщигъэхъуми, апхуэдэ гузэвэгъуэр куэдт. Щысхьыншэу цIыхур щагъэкIуэд лъэхъэнэт. А зы унагъуэм и тхыдэмкIэ тхакIуэм ди нэгу щIигъэкIыжащ щIэпхъаджагъэр хабзэ щытыкIэм ирагъэувауэ, хейр мысэ щIыныр пщэрылъ зыщащIыжауэ, лей зехьэныр захуагъэр хъумэным пагъэкIуауэ къэрал псом щызекIуа гъащIэр, ем къызэгуичхэм я гур лажьэ зимыIэм трагъэпщэхэну игъуэ зэрихуар. Псалъэ хэIэтыкIаи мылъыхъуэу, ткIийуэ зыри имыукъуэдийуэ, ауэ щысхьырабгъу зымыщIэ пэжыр къиIуатэурэ, дигъэлъэгъуащ гу къабзэ зыкIуэцIылъ цIыхухэри екIуэкI далэм хуэкIуэ фэ зытезыгъэлъэдэф пцIыIуэпцIышэ лейзехьэхэри. А лейм и кууагъымрэ зэрышэчыгъуеймрэ къеIуатэ гуузу зи адэр яукIа, иджы гущIыIэ-псэщIыIэхэр «фызабэкъуэкIэ» зэджэ щIалэ цIыкIум и щытыкIэм: «Си псэр шэдыбжь мафIэм пэрылъщ. Си гум шабзэр пхридзащ. Дунейр апхуэдизу гуажэщ, апхуэдизу гуемыIущи, слъэкIамэ, скъутэжынут, уафэ IупщIэхэр къеджэрэзэхыу, вагъуэхэр къелъэлъэхыу». Сыт хуэдэ псантхуэрэ акъылрэ уиIэн хуей апхуэдэ гуауэм укъыхэхъукIыу, цIыху дыдж умыхъуу, уи лъагъумыхъуныгъэм дунеижьыр зэщIимыщтэу, лъыщIэжыным упымыхьэу, гъащIэ зэщымыщхъур зэтегъэувэжыным упэрыхьэн папщIэ? Аргуэрыжьщи, дэнэ нэс мы дызытепсэлъыхьым литературэр, дэнэ деж ди дуней нэпцIкIэ зэджэм къыщыщIидзэр?
«Ди адэр зэрагъэтIысар» зыфIища новеллэм Заур къыщигъэлъэгъуэжащ къэхъуа залымыгъэмрэ залымыгъэзехьэ лIыгъэтIысхэмрэ, абыхэм къагъэхъуар зи фэм дэкIа насыпыншэхэр. Хабзэхъумэ зыфIэзыщыжа хабзэкъутэхэм лъэпкъым зэраныгъэу къыхуахьам и щыхьэтщ мы новеллэр, дегъэлъагъуж къуажи къали гуIэ нэпскIэ зэрагъэнщIар, лэжьыгъэм хэзагъэхэр, псэукIэ зыщIэхэр зэрагъэкIуэдар, цIыхур гъэпудыныр, гъэмэжэлIэныр, щIыIэм егъэсыныр, и псэр щхьэзыфIэфIагъкIэ гъэныныр IэщIагъэрэ Iэужьу зэраIар. Сыту гуауэ зэхуэдэу гугъу зэдехьу дыгъуасэ зэдэлэжьахэр, пцIыупсу къэмыгъуэгурыкIуахэр зыр адрейм щыхьэтнэпцI хуэхъуным ирахулIэфу зэрыщытар.
Лъэпкъым и щыIэкIэрэ ар къызэриIуатэ бзэм и Iэмалу Нало Заур и новеллэхэм къыщимыгъэсэбэпа къэнакъым. ЩыIэкIэм - пэжыныгъэ, жыIэкIэм - Iэзагъышхуэ хэлъущ къызэригъэлъэгъуар. Ди тхыдэр тщIэжыну дыхуеймэ, абы хэта гуауэмрэ пцIымрэ къытригъэзэну дыхуэмеймэ, ди псэр дузэщIынумэ, псэкIи IэпкълъэпкъкIи узыншэ щIэблэ дгъэсэнумэ, Нало Заур и псэ лъэщапIэм къыщIэкIа тхыгъэхэм деджэурэ Iущ зытщIыныр зы хэкIыпIэщ. «Къру закъуэ» тхылъым фIэкIа щIэдмыджыкIми, гъащIэкIэ зэджэм и фIыпIэм хэша дыхъунурэ ар къызэрыIуэта адыгэбзэ гуащIафIэри дгъэщIэгъуэнущ, лъэпкъыу дыкъызэтенэнущ.
«ТIатIунэ и жэмыкуэр» новеллэм хэт гъукIэгъэсэн Брун ищIа брур зыхуащIам гулъэгу ныкъуэщIым хеIури, игъэкIэрахъуэу щIедзэ. Зэрыхъуар щилъагъукIэ, жеIэ: «Къащтэ КъурIэн, езы ХьэкIашэ ищIа хуэдэкIэ!» Абы ищхьэжкIэ кIуэ щытхъу щыIэтэкъыми, щIалэщIэ цIыкIум гуныкъуэгъуэу иIар а щытхъум докIуэдыж, и гум имыхуэж гуфIэгъуэм пэмылъэщыжу гъыну хуожьэ…
IутIыж Борис тхьэмыщкIэм и жыIауэ, щымыIа лIыгъэ зыхэтлъхьэрэ зэрамыгугъэу дыкъыщIэкIатэмэ, зыхуэбгъадэ хъун щымыIэу гъукIэ Iэзэ Нало Заур къытхуигъэщIа дунейр нэсу зэдгъэцIыхунти, ХьэкIашэ хуэдэхэм ящIа къру закъуэр щIызэпагъэлъэлъыжын щхьэусыгъуэ щыIэнтэкъым, кIыщ щIыхьэпIэм фIэлъынт гъукIэм я дамыгъэ палъэу… «Нало Заур зыхуеям дыхуэдэкIэ!», - жытIэфыну, ди лъэпкъыр щIэныгъэщIэхъуэпс хъурэ, и анэдэлъхубзэм емылъэпэуэжу, зэрыхуэфащэу лъэпкъыбзэ ищIыжамэ, ди цIыху телъыджэ димыIэжым и псэр Брун нэхърэ зыкIи мынэхъ мащIэу гуфIэнт. Абы и кIыщым къыщызылъэтыхьа хъуаскIэхэр ауэ сытми лыдакъым, езым фIыуэ илъэгъуа и адыгэ лъэпкъым хуэщхьэпэн хуейуэ аращи, къремынэ Налор уэгум къру закъуэу.