Театрхэм я лэжьэгъуэ пIалъэр зэриухам теухуа пшыхьхэр иджыблагъэ Налшык щекIуэкIащ. Илъэсым къриубыдэу абыхэм щIэ куэд утыку кърахьащ, нэхъ ипэкIэ ягъэувауэ щыта спектакль зэмылIэужьыгъуэхэр къагъэщIэрэщIэжащ.
ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым бадзэуэгъуэм и 14 - 15-хэм щагъэлъэгъуащ IутIыж Борис и пьесэм къытращIыкIа «Гуащэмыдэ хьэблэ» спектаклыр. Ар щIэрыщIэу ягъэувыжат тхакIуэр къызэралъхурэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу. Театрым и режиссёр нэхъыщхьэ, УФ-м щIыхь иIэ и артист Шыбзыхъуэ Басир ар утыку къришэжащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и грант ахъшэмкIэ.
Бадзэуэгъуэм и 16-м екIуэкIащ щIалэгъуалэм къызэрагъэпэща нэгузыужь концерт. Абы хагъэхьащ «Уэшх зыщэ», «Гуащэмыдэ хьэблэ», «Трактир гуащэ» спектаклхэм ящыщ пычыгъуэ нэхъыфIхэр. Къыхэгъэщыпхъэщ театрым илъэс куэд щIауэ щIэупщIэшхуэ иIэу щагъэув «Ханума» спектаклым и лIыхъужьхэм я фащэхэмкIэ ар езыгъэкIуэкIхэр хуэпауэ зэрыщытар.
«Мыщэ и къуэ Батыр» спектаклым хэт ролхэр пэшым щIэсхэм зэрахуэгъэзащIэмкIэ зэпрагъэуати, къыхэжаныкIахэм фэеплъ саугъэтхэр иратащ.
ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэкIэ щыIэ дыщэ медалыр Дунейпсо Арт комитетым къыбгъэдэкIыу а пшыхьым щратащ театрым и артисткэ пажэ ХьэхъупащIэ ФатIимэ.
Нэгузегъэужь пшыхьыр кърихьэлIахэм ягу зэрырихьам и щыхьэтт абы щаIэт Iэгуауэ инхэр.
Республикэм и артист цIэрыIуэхэу Тхьэгъэлэдж Светланэ, ГъукIэ Ислъам, «Бзэрабзэ» гупым я уэрэд гуакIуэхэмкIэ пщыхьэщхьэр ягъэдэхащ.