ХэкIыпIэхэр къалъыхъуэ

КъБР-м узыншагъэр ­хъу­мэ­нымкIэ и министр Къа­лэбатэ Рустам хэтащ куэдрэ узримыхьэлIэ узы­фэхэр (орфаннэ) зып­къ­рытхэр къэхутэнымрэ ахэр гъэхъужынымкIэ Кавказ Ищхъэрэ щIэныгъэ-практикэ конференцым.
ЗэIущIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм щекIуэкIын хуейуэ щытат, ауэ коронавирус узыфэ зэрыцIалэр зыпкърытхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэм къы­хэкIыу, онлайн жыпхъэм иту къызэрагъэпэщащ.
Конференцым къыщып­сэлъащ федеральнэ медицинэ центрхэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ я IэщIагъэлIхэр, ди республикэм и дохутыр пажэхэр.
- Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм ехьэлIауэ Урысей Федерацэм и къэрал политикэм нобэ щигъэнэхъыщ­хьэхэм ящыщщ куэдрэ ­уз­римы­хьэлIэ узыфэхэр зыпкъ­рыт сымаджэхэм зы­хуэныкъуэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэр егъэгъуэты­ным­рэ хущхъуэ­кIэ къызэгъэ­пэщынымрэ, - жиIащ ­министрым зэIущIэр къы­щы­зэ­Iуихым. – Мы илъэсым и пэщIэдзэм УФ-м и Президентым и унафэкIэ къэу­нэхуа «Круг добра» фондым узыфэ хьэлъэ зыпкърыт сабийхэм фIагъ лъагэ зиIэ Iэзэгъуэхэр ягъуэтынымкIэ мыхьэнэшхуэ егъэзащIэ. Абы ехьэлIауэ республикэми Iуэху щхьэ­хуэхэр къыщетхьэ­жьащ. Академик Бочков Н. П. и цIэр зезыхьэ медико-генетикэ щIэныгъэ центрыр ди дэIэпыкъуэгъуу щIыналъэм щыщу гипофосфатазие узыфэр зыпкърыт сабийхэр и чэзум къэхутэным теухуауэ лэжьыгъэ идогъэкIуэкI.
ЗэIущIэм щытеп­сэлъы­хьащ­ куэдрэ узримыхьэлIэ узыфэхэр нэхъ пасэу къэху­тэным теухуауэ щыIэ Iэмалхэм, ар сабийм зэрыпкъ­рытыр къозыгъащIэ нэщэ­нэхэр зыхуэдэм, апхуэдэу кли­никэ щытыкIэ зэмылIэу­жьыгъуэхэр щызэпкърахащ.
Конференцыр сыхьэтитхукIэ екIуэкIащ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу дохутыр 70-м нэблагъэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ республикэхэм я IэщIагъэлIхэуи апхуэдиз дыдэ.

ЩхьэщэмыщI Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.