Уасэ ныкъуэкIэ загъэпсэху

ДЫГЕЙ. Сабийхэм зыщагъэпсэху лагерхэм щIат ахъшэм и процент 50-р Ростуризмэм къаретыж. Республикэм зы мазэ хъуауэ щолажьэ щIыналъэ службэм и операторыр.

Абы цIыхухэр щегъэгъуазэ сабийм и зыгъэпсэхугъуэ пIалъэм текIуэда ахъшэм и ныкъуэр къэралым къузэритыж щIыкIэм. 2021 гъэм накъыгъэм и 10-м щегъэжьауэ фокIадэм и 20 хъуху пIалъэ гуэркIэ зыгъэпсэхуакIуэ ягъэкIуа сабийм «Мир» картэмкIэ пщIэ щIатамэ, абы и ныкъуэр къыхуралъхьэжынущ, ауэ зы путёвкэм щхьэкIэ сом мин 20 нэхърэ нэхъыбэ къратыжынукъым.
ЗыгъэпсэхупIэхэр къэралым ейми унейми зэхэгъэж щыIэкъым, ауэ ныбжьыщIэр жэщи-махуи щыIэу зыгъэпсэхугъуэ пIалъэр щрихьэкIауэ щытын хуейщ. Я бынхэр зыгъэпсэхуакIуэ щагъакIуэкIэ щIат ахъшэм и ны­къуэр махуитхум къриубыдэу адэ-анэм къаIэрохьэж, зы унагъуэм щыщу цIыкIу зыбжанэ лагерым ягъэкIуами, дэтхэнэм щхьэкIи уасэ ныкъуэр къахуокIуэж.

 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.