Ухуэныгъэ IэнатIэм щыIэ лэжьыгъэхэм топсэлъыхь

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек иригъэкIуэ­кIащ ухуэныгъэмрэ инф­раст­руктурэм епха проектхэмкIэ штабым и зэIущIэ.

Абы хэтащ КъБР-м и Пра­вительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м ухуэ­ны­гъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйст­вэмкIэ и министр Бэрбэч Алим, КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр Ды­щэкI Аслъэн, Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз.
Зэхуэсым щызэпкърахащ лъэпкъ проектхэм, къэрал, щIыналъэ программэхэм хыхьэу зыщIадза ухуэныгъэшхуэхэр зэре­кIуэкIыр, апхуэдэуи ухуэныгъэм щIа­дзэным и пэ къихуэу зэфIагъэкIын хуей къа­лэнхэм зэману трагъэкIуадэр гъэмэ­щIэнымкIэ щыIэ Iэмалхэр зэ­палъытащ.
Мусуков Алий жиIащ дызэрыт илъэсым еджапIитI ухуэн зэрыщIадзэр: ахэр Прохладнэ къалэмрэ Куба къуажэмрэ щащI. Абыхэм ехьэлIа Iуэху псори зэфIагъэкIыу зэгурыIуэныгъэхэм дызэрыт мазэм и кIэм Iэ традзэну я мурадщ. ЕджапIэхэр илъэситIым къриубыдэу ящIынущ. Спорт пятиборьем зыщыхуагъэсэну спорт комплексыр ухуэным теухуа зэгурыIуэныгъэр зы­хуэфащэ IуэхущIапIэхэм иращIылIащ. Лэжьыгъэхэм зэман гъунэгъум щIадзэнущ.
КъБР-м и Iэтащхьэм нэхъ пасэу къалэн зэращищIам тету Прохладнэ къалэ округымрэ Прохладнэ щIыналъэмрэ я сымаджэщ нэхъыщхьэхэм я медицинэ оборудованэхэм къыхащэхуащ, унэхэр зэрагъэплъыну хьэкущIэхэри ягъэувауэ абыхэм я лэжьэкIэр къапщытэ. Сабий садхэр щаухуэ Солдатскэ станицэм, Бэтэх, Бахъ­сэн Ипщэ ­къуажэхэм. Аушыджэр къуа­жэм амбулаторэм и ухуэныгъэр щрагъэ­жьащ. Псы къыщIэшыпIэхэр щащI Солдатскэ, Пролетарскэ станицэхэм. Ап­хуэдэуи яужь итщ Бахъсэн бжьамий гу­пым и проектыр зэхэлъхьэнымрэ Iуащ­хьэмахуэ щIыналъэм и жылэхэм къагъэсэбэпа псыр къызэрыIуаш Iэмэп­сы­мэхэр зэгъэпэщы­жы­ным­рэ ехьэлIа лэ­жьыгъэхэм.
Гъуэгухэр елэжьыным и Iуэху зыIутым и гугъу щащIым Мусуков Алий жиIащ абыхэм ехьэлIа зэгурыIуэныгъэхэр зэрызэращIылIар, объек­тхэм лэжьыгъэшхуэ зэрыщекIуэкIыр. Налшык къалэм гъуэгухэр щы­щIыным иджыри сом ме­луан щитI хуэдиз къыхущIагъуащ, дызэрыт илъэсым зэрагъэпэщыжын хуей уэрам­хэм я гъуэгу­хэм зыхуэфащэ лэжьыгъэхэр иращIы­лIэн папщIэ. КIуэкIуэ Казбек зэIущIэм хэтхэм ягу къигъэ­кIыжащ гъуэгухэр къэгъэ­нэхуным, лъэс зекIуапIэхэр зэIузэпэщ щIыным хуэфащэ гулъытэ хуащIын зэ­рыхуейр.
Апхуэдэуи зэIущIэм щы­тепсэлъыхьащ бжыгъэр зи лъабжьэ лэжьэкIэщIэм хуэ­кIуэным ехьэлIа Iуэхухэм, социальнэ IэнатIэм ахэр шэщIауэ къыщыгъэ­сэбэ­пы­ным. Щхьэхуэу хэплъащ ухуэ­ныгъэ ирагъэкIуэ­кIыну хуит зыщI дэфтэрхэр къы­дэ­хыным трагъэкIуадэ зэманыр гъэмэщIэнымкIэ щы­Iэ хэкIыпIэхэм. КъБР-м УхуэныгъэмкIэ и минис­терст­вэр муниципальнэ зэгу­хьэныгъэхэм ящIыгъуу хэплъэнущ инвестицэ проектхэм я дэфтэрхэр гъэхьэ­зыныр щIэгъэпсынщIэнымкIэ хэкIы­пIэхэм.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.