Я махуэр ягъэлъапIэу

КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ Урысейм и Къэ­рал автоинспекцэр къы­зэрызэрагъэпэщрэ илъэс 85-рэ зэрырикъум теухуа махуэшхуэ зэIущIэ.

ГИБДД-м (ГАИ)-м и лэ­жьакIуэхэм я махуэр щагъэлъапIэ зэIущIэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру щыIэ полицэм и генерал-майор Павлов Василий, КъБР-м Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советым и секретарь Тату Къазбэч, КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, ­КъБР-м узыншагъэр хъумэ­нымкIэ и министрым и къуэ­дзэ Аникушинэ Татьянэ, Урысей МВД-м и Краснодар университетым и къудамэ, IэщIагъэм хагъэхъуэнымкIэ Кавказ Ищхъэрэ институ­тым и унафэщI полицэм и полковник Щхьэгъэпсо Заурбий, КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Руслан. Кърагъэблэгъа хьэщIэ лъапIэхэм ящыщт «Сбербанк» ПАО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и уна­фэщIым и къуэдзэ Уэзро­къуэ Азэмэт, КъБР-м Узыншагъэр хъу­мэнымкIэ и ми­нистерствэм и Перина­таль­нэ центрым и дохутыр нэхъыщхьэ Гаевэ Алёнэ, ­махуэшхуэр зыгъэ­лъапIэ ­къулыкъум щIыхь зиIэ и ветеранхэр.
Павлов Василий къы­зэхуэсахэм защыхуигъазэм къыхигъэщащ IэнатIэм гъуэгуа­нэ екIу къызэри­кIуар, ГИБДД-м и лэжьа­кIуэхэм Iэмал псори къы­зэрагъэсэбэпыр гъуэгум къы­щыхъу гузэвэгъуэр гъэ­мэщIэным теухуауэ. Сыт щыгъуи набдзэгубдзаплъэу щытын къалэн мытыншыр жэщ-махуэ ямыIэу зэрырахьэкIым, я IэщIагъэм зэры­хуэIэижьым, абы зэрыху­э­пэжым папщIэ министрым фIыщIэ яхуищIащ зи махуэр зыгъэлъапIэхэм.
КъБР-м Экономикэ, жы­лагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советым и секретарь Тату Къазбэч къэрал автоинспекцэм и лэжьакIуэхэм я махуэмкIэ ехъуэхъури, я лэжьыгъэм адэкIи ехъу­лIэны­гъэ­хэр щызыIэрагъэ­хьэну, ­унагъуэ зэIузэпэщ яIэну зэ­­ригуапэр яжриIащ.
Къэрал автоинспекцэм и лэжьакIуэхэм я лэжьыгъэм пщIэшхуэ къыхуищIащ Урысейм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм Гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэ­ныр къызэгъэ­пэщынымкIэ и управленэ нэхъыщхьэм и унафэщIым. КъБР-м щыIэ МВД-м и ГИБДД-м и лэжьа­кIуэхэм ялъэгъуащ Урысей МВД-м и ГУОБДД-м и уна­фэщI полицэм и генерал-лейтенант Черников Михаил къазэрехъуэхъуар. «Къэрал автоинспекцэм щIэгъэкъуэ­нышхуэ иIэщ нобэ, щIыналъэхэм я автопаркхэр ирагъэфIэкIуащ, яIэрыхьащ я лэжьыгъэр ящызыгъэ­псын­щIэ IэмэпсымэщIэхэр икIи махуэ къэс гу лъыдотэ абыхэм фIы къазэры­пэ­кIуэм», - жеIэ Черниковым икIи фIыщIэ къахуещI я къалэныр тэ­мэму зэрагъэзащIэм папщIэ.
Къызэхуэсахэм ягу къагъэкIыжащ я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэда я лэжьакIуэ 54-м я цIэхэр, я фэеплъым пщIэ ­хуащIу дакъикъэкIи щымащ.
Махуэшхуэ зэхыхьэм хэтахэм псалъэ гуапэкIэ за­хуигъэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м и ГИБДД-м и Управ­ленэм и унафэщI полицэм и подполковник Яльмеев Роберт. Абы фIыщIэ яхуищIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ МВД-м и унафэщIхэм республикэм и гъуэгухэм хабзэр щагъэ­зэщIэнымкIэ я жэрдэмхэр къызэрыдаIыгъым папщIэ. Ар тепсэлъыхьащ я къулыкъур зэрызэфIэувам и тхы­дэм, къыхигъэщащ ветеранхэм Къэрал автоинспекцэм и IэнатIэхэм я зыу­жьы­ныгъэм хэлъхьэныгъэш­хуэ зэрыхуащIар.
АдэкIэ Урысей МВД-м «За доблесть в службе», «За ­боевое содружество» и медалхэр, Урысей МВД-м и щIыхь тхылъхэр иратащ я лэжьакIуэ пэрытхэм. «Урысей МВД-м и ГИБДД-р илъэс 85-рэ ирокъу» фэеплъ медалхэр хуагъэфэщащ Урысей МВД-м и Краснодар университетым и къудамэ, Iэ­щIагъэм хагъэхъуэнымкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым и унафэщI полицэм и полковник Щхьэгъэпсо ­Заурбий, Къэрал кIуэцI Iуэху­хэмкIэ органхэмрэ Къэ­рал кIуэцIыдзэхэмрэ я ветеранхэм я советым и президиумым хэт Пыхъ МуIэед, ­КъБР-м щыIэ МВД-м дэ­лажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Руслан сымэ.
«Сабиигъуэр шынагъуэн­шэу» федеральнэ егъэджэ­ны­г­ъэ программэр Къэ­бэрдей-Балъкъэрым ще­гъэ­жьэ­ным теухуа пре­с­с-кон­ференцыр къызэ­рагъэ­пэщу зэрырагъэкIуэкIам папщIэ КъБР-м Узыншагъэр хъумэ­нымкIэ и министерствэм и щIыхь тхылъхэр иратащ Яльмеев Робертрэ ­КъБР-м щыIэ МВД-м и УГИБДД-м и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ полицэм и майор Моторовэ Аллэрэ.
IэнатIэм и лэжьакIуэ нэхъыфIхэм иратащ нэгъуэщI IуэхущIапIэхэми къабгъэ­дэкI саугъэтхэр.
ЗэIущIэ гуапэр иухащ концерткIэ. Къызэхуэсахэм я нэгу зрагъэужьащ, я гукъыдэжыр къаIэтащ республикэм и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ цIэрыIуэхэм. Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм и ГИБДД-м и гимныр ­игъэзэщIащ лъэпкъхэм зэдай, урысейпсо зэпеуэхэм я ­лауреат ДыщэкI Артур.

.

УЭРДОКЪУЭ Женя

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.