Тхыдэр жьы хъуркъым

Урысей тхыдэ зэгухьэныгъэм, УФ-м и тIасхъэщIэх IэнатIэм я унафэщI Нарышкин Сергей МГИМО-м щригъэкIуэкIа зэIущIэм видео зэпыщIэныгъэкIэ хэтащ КъБР-м и Парламентым, Урысей тхыдэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-­Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и советым я УнафэщI Егоровэ Татьянэ.

ЗэIущIэм къыщызэщIакъуэжащ зэгухьэныгъэр 2020 гъэм зэлэжьахэр. На­рышкин Сергей жиIащ IуэхущIапIэр щIэ­рыщIэу зэраухуэжрэ и проектхэм, Урысейм и мызакъуэу, хамэ къэралхэми щIэуп­щIэ яIэ зэрыщыхъуар. Тхыдэ зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщ щIэныгъэ лэжьыгъэхэм къызэщIрагъэубыдэм гъэ къэс хэхъуэ зэпытщ.
Къэпсэлъам къыхигъэщащ тхыдэмкIэ щIэныгъэ лэжьакIуэхэр зэрагъэхьэзырым зегъэужьыным мыхьэнэшхуэ иIэу къызэрилъытэр, апхуэдэуи школхэм а дерсыр зэрыщрагъэджым зэпымыууэ я нэIэ трагъэтын зэрыхуейр.
- Тхыдэр и лъабжьэу жыпIэ хъунущ цIыхум и зыужьыныгъэм, хэкупсэ ар ­хъуным, - къыхигъэщащ Нарышкиным.
ЗэIущIэм щыхэплъащ Хэку зауэшхуэм зэ­рыщIидзэрэ илъэс 80 зэрырикъум, иджырей урысей къэралыгъуэм и илъэс 30-м, Ништадт зэгурыIуэныгъэр зэры­зэращIылIэрэ илъэс 300 зэрыдэкIам, нэгъуэщI махуэхэми ехьэлIауэ зэгухьэныгъэр зэлэжьынухэм.
- ЗэIущIэм щаубзыхуащ Урысей тхыдэ зэгухьэныгъэм 2021 - 2024 гъэхэм гулъы­тэ зыхуищIыну Iуэхугъуэ нэхъыщ­хьэхэр. ИкъукIэ ди гуапэщ зэгухьэныгъэм 2024 гъэм зэлэжьыну къигъэлъэгъуа Iуэху­гъуэхэм Налшык къалэр къызэрыунэхурэ илъэс 300 зэрырикъур зэрахэтыр. Зэ­рыт­щIэщи, республикэм и къалащхьэр 1724 гъэм къызэрагъэпэщауэ щытащ. Шэч хэмылъу, щIыналъэ къудамэм гулъытэ хэха хуищIынущ а Iуэхум, - жиIащ Егоровэ Татьянэ.
Зэхуэсым Урысей тхыдэ зэгухьэныгъэм и унафэщIу илъэсищ пIалъэкIэ лэжьэну Нарышкин Сергей щыхахыжащ. Уна­фэщIхэм ящыщу къагъэлъэгъуащ ­МГИМО-м и ректор Торкунов Анатолий, РАН-м Сыбырым щиIэ къудамэм археологиемрэ этнографиемкIэ и институтым и щIэныгъэ унафэщI Деревянкэ Анатолий, РАН-м тхыдэмкIэ и институтым и щIэныгъэ уна­фэщI Чубарьян Александр сымэ.
ЗэIущIэм щагъэбелджылащ тхыдэмкIэ щIэ­ныгъэ лэжьакIуэхэр гъэхьэзырынымкIэ зэгухьэныгъэм и комиссэр икIи абы и унафэщIу ягъэуващ IуэхущIапIэм и Советым хэт, УФ-м юстицэмкIэ и министрым и къуэдзэ Логинов Андрей. Комиссэм и мурадщ тхыдэ, археологие щIэныгъэхэмкIэ УФ-м и щIыналъэхэр зыхущыщIэ IэщIагъэлIхэр игъэбелджылыну, егъэджэныгъэ программэ­хэр зэрырагъэфIэкIуэну Iэмалхэм елэ­жьыну.
Къыхэгъэщыпхъэщ, Урысей тхыдэ зэгухьэныгъэр 2012 гъэм мэкъуауэгъуэм и 20-м къызэрызэрагъэпэщыжар. Мы зэманым абы и къудамэхэр къэралым и щIыналъэ 50-м щIигъум къыщызэIуахауэ щолажьэ. IуэхущIапIэм и мурад нэхъыщ­хьэр хэку, дунейпсо тхыдэр егъэджыным, апхуэдэуи цIыхубэм я блэкIар хъумэным теухуауэ жылагъуэми, къэралми, щIэныгъэлIхэми я къарур зэщIэгъэуIуэнырщ.

 

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.