Гъатхэ лэжьэгъуэр зэхуащIыж

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ мэкъуауэгъуэм и 29-м гъатхэ лэжьэгъуэм и иужьрей зэIущIэр иригъэкIуэкIащ.

ЗэIущIэм хэтащ УФ-м и сенатор - Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэ Ульбашев Мухьэрбий, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэ­сым и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур, КъБР-м и прокурор Хабаров Николай сымэ.
Депутатхэр арэзы техъуащ Налшык суд IуэхущIапIэ №7-м зэзыгъэкIуж хеящIэм и къулыкъум Тембот Мухьэмэд ягъэувыну къызэрагъэлъэгъуам. КъищынэмыщIа­-уэ, ХьэщIэлI Славэ щхьэщахащ КъБР-м Къэзыпщытэ-къэзыбж и палатэм и аудитор IэнатIэр.
ЗэIущIэм щыдаIыгъащ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къу­лыкъур Жыласэ Заурбэч, «Заман» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къулыкъур Конаков Хьэсэн зэрыхуагъэлъэгъуар.
Абыхэм Егоровэ Татьянэ ехъуэхъун и пэ, фIыщIэ псалъэхэр яхужиIащ респуб­ликэ газетитIым илъэс куэдкIэ я редактор ­нэхъыщхьэу лэжьа ХьэфIыцIэ Му­хьэ­мэдрэ Аттаев Жэмалрэ. «Республикэм и зэман нэхъ гугъухэм ХьэфIыцIэ Му­хьэ­мэдрэ Аттаев Жэмалрэ яхузэфIэкIащ лъэпкъ газетитIым я къалэнхэр зыхуей хуэзауэ къызэрагъэпэщыну, уеблэмэ ­зрагъэужьыну. Абыхэм зэфIагъэува ­лъабжьэр яхъумэну, нэхъыбэжым хунэ­сыну дохъуэхъу Жыласэ Заурбэчрэ Ко­наков Хьэсэнрэ», - жиIащ Егоровэм. Депутатхэм къабгъэдэкIыу къулыкъу зы­хуагъэфэщахэм ехъуэхъуащ Пащты Бориси.
ЗэIущIэм ещанэ еджэгъуэу депутатхэм къыщащтащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм халъхьэ зэ­хъуэкIыныгъэхэм ятеухуауэ» КъБР-м и ­законым и проектыр. КъБР-м и Парламентым Законодательствэмрэ щIыпIэ уна­фэр зехьэнымкIэ и комитетым и уна­фэщI Мэлбахъуэ Борис жиIащ КъБР-м и Парламентым и нэIэм щIэту а дэфтэрым мази 4-кIэ зэрелэжьар IуэхущIапIэ зыбжанэм я лIыкIуэхэр зыхэта лэжьакIуэ гупыр.
Депутатхэр хэплъащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюджетыр 2021, 2022, 2023 гъэхэм тещIыхьауэ» КъБР-м и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» КъБР-м и законым и проектым. КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ зэрыжиIамкIэ, бюджетым и хэ­хъуэр зэрагъэзэхуэжащ федеральнэ ­мылъкуу сом зы мелардрэ мелуан 477,5-рэ бюджет зэхуаку трансферт хэхауэ къы­зэрыкIуамрэ ПсэупIэ-коммунальнэ Iэ­натIэм зегъэужьыным сэбэп хуэхъунымкIэ фондым кхъахэ хъуа унэхэм цIыхухэр къыщIэгъэIэпхъукIыным тещIыхьауэ сом мелуани 107,5-рэ (имыгъэзэжу) респуб­ликэм къызэрыритамрэ къыхэкIыу. А зэхъуэкIыныгъэхэр къэлъытауэ, щIыналъэм­ и хэхъуэр сом мелард 45-рэ мелуан ­236-рэ, къигъэсэбэпыну зыхуеинур - сом мелард 46,4-рэ хъунущ. Бюджетыр зы­хущыщIэр сом зы мелардым щIегъу.
- Законопроектым къыщылъытащ Тырныауз къалэм псы фIейр зэрагъэкъабзэ ухуэныгъэхэр щыгъэувынымрэ Iуащхьэмахуэ лъапэ апхуэдэхэр щызэгъэ­пэ­щыжынымрэ сом мелуан 15 къыхэгъэ­кIыныр, сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэм щIэмытхэмрэ псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным сом мелуан 31,7-рэ хуэгъэхьэзырыныр. Апхуэдэуи хуэгъэкIуатэ зиIэ цIыху щхьэхуэхэм хущхъуэхэр пщIэн­шэу къахуэщэхунымрэ сабийр илъэс ­хъухукIэ и шхынымкIэ къызэгъэпэ­щы­нымрэ тещIыхьауэ къэдгъэсэбэп ахъшэр хэдгъэхъуащ сом мелуан 37,6-кIэ, - жиIащ министрым. - Муниципальнэ щIыналъэ­хэм субсидие етыным хыхьэу, курыт еджапIэхэр зэрагъэпэщыжыным (Шэ­рэдж Ипщэ къуажэм) текIуэдэну сом мел­уан 32,7-рэ къыщыдгъэлъэгъуащ проектым. Къэрал дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыу­жьыныгъэмкIэ и министерствэм зыхуэ­зыгъазэм я бжыгъэм зэрыхэхъуам ипкъ иткIэ, республикэ бюджетым къыхэкIыу сом мелуан 12,2-рэ щIыдгъужащ, псори зэхэту а Iуэхум текIуэдэнур сом мелуан 39-рэ мэхъу.
Депутатхэр едэIуащ «КъБР-м ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэм и щIы­налъэ фондым и бюджетыр 2021, 2022 - 2023 гъэхэм тещIыхьауэ» КъБР-м и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и законым и проектым. Арэзы техъуащ «Социальнэ, щэнхабзэ, коммунальнэ IуэхущIапIэхэр, инвестицэ проектхэр зытетыпхъэ мардэхэр гъэбелджылыным теухуауэ», «ЩIыщIагъ фIы­гъуэхэм теухуауэ» КъБР-м и законхэм ­зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэм зэрызыщыщIагъакъуэ Iэмал­-хэр къызэрызэрагъэпэщым теухуауэ» ­КъБР-м и Законым и гуэдзэным зэ­хъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ­унагъуэ хуэмыщIахэмрэ я закъуэ псэууэ зыхузэфIэмыкIхэмрэ къэралым зэры­защIигъакъуэм теухуауэ» КъБР-м и Законым и 2-нэ, 4-нэ Iыхьэхэм зэхъуэкIы­ныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и законхэм я проектхэм.
Апхуэдэуи зэIущIэм щаубзыхуащ ­КъБР-м и Парламентыр 2021 гъэм и бжьы­хьэ зэхыхьэгъуэм зэлэжьынур.
Егоровэ Татьянэ зэIущIэм и кIэм де­путатхэр къыхуриджащ коронавирусым зэрыпэщIэт хущхъуэр зыхэзымылъхьахэр а Iуэхум иужь итыну, езыхэми я благъэ-Iыхьлыхэми я узыншагъэм кIэлъыплъыну.
- ЦIыхухэми апхуэдэ лъэIукIэ захуэзгъэзэну сыхуейт, сыту жыпIэмэ корона­вирусым дыщытекIуэнур абы зэрыпэ­-щIэт хущхъуэр нэхъыбэм зэтхьэлIэмэщ. Ар псоми къыдгурыIуэн хуейщ. Зэрыф­лъагъущи, иужьрей тхьэмахуитIым ди къэралым щыхэхъуэжащ сымаджэу зы жэщ-махуэм къахутэм и бжыгъэр. Вакцинэр псоми зыщыхрагъалъхьэ къэралхэм щытыкIэр нэхъыфI зэрыщыхъужам гу лъыттэн, дызыхуэсакъыжын хуейуэ къызолъытэ, - жиIащ Егоровэм.
Зэрыхабзэу, иужьрей зэIущIэр зэхуа­щIыжащ Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ я къэрал гимнхэмкIэ.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.