«Муниципальнэ сыхьэт»: реанимацэхэм щIэлъхэм я бжыгъэм хохъуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зи чэзу «муниципальнэ сыхьэт» зэIущIэр иригъэкIуэкIащ.

ЗэIущIэм зыщытепсэлъыхьыну Iуэху ­нэхъыщхьэхэм ящыщу КIуэкIуэ Казбек ­къигъэлъэгъуащ республикэм щыпсэухэм вакцинэр яхэлъхьэныр.
«ЩытыкIэр зэрыщымыту къигъэлъэ­гъуэну зыри яужь иткъым икIи зыри дыбзыщIыркъым – сымаджэхэм я бжыгъэм ­хохъуэ. Реанимацэ дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэ апхуэдиз сымаджэ дэ зэи диIакъым, реаниматологхэр я къару къызэрихькIэ мэ­лажьэ. Дэ, шэч хэмылъу, псори тщIэнущ госпиталхэр IэщIагъэлIхэмкIи, хущхъуэкIи, IэмэпсымэхэмкIи ирикъуу къызэдгъэпэ­щын папщIэ. Ауэ фегупсыс сымаджэ ­хъуахэм адэкIэ къапэщылъым, медицинэ лэжьакIуэхэр зыхэт гугъуехьхэм. Фи щхьэ­ри фи Iыхьлыхэри узыфэ шынагъуэм щы­ф­хъумэным икIи мардэ ткIийхэр гъэувы­ным дыхуэмыкIуэным хэкIыпIэу иIэр зыщ - коронавирус узыфэ зэрыцIалэм ущы­зыхъумэну мастэр зыхегъэлъ­хьэ­нырщ», - къыхигъэщхьэхукIащ республикэм и Iэтащхьэм.
КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам зэрыжиIамкIэ, ­реанимацэм зыщыкIэлъыплъ сымаджэ­хэм я бжыгъэр хэпщIыкIыу нэхъыбэ хъуащ, коронавирус узыфэ зэрыцIалэр нэхъ етащ, узыфэр цIыхухэм нэхъ хьэлъэу къофыкI икIи ар зэуэлIахэр нэхъ гъэхъужыгъуей мэхъу. Мы зэманым реанимацэхэм цIыху 59-рэ щIэлъщ, абыхэм ящыщу 45-р цIыхур зэрагъэбауэ Iэмэпсымэм пыщIащ, 3-р нэхъ хьэлъэщ. Мы зэманым ирихьэлIэу гос­питалхэм псори зэхэту цIыху 373-м щоIэзэ.
ТхьэмахуитI зэхуакум къриубыдэу сымаджэхэм я бжыгъэм хуэдищкIэ хэхъуащ, ап­хуэдиз дыдэкIэ нэхъыбэ ящIащ госпиталхэм гъуэлъыпIэу щIэтым я бжыгъэр. Нобэм ирихьэлIэу госпиталитI мэлажьэ - Къалэ клиникэ сымаджэщ №1-мрэ узыфэ зэмы­лIэужьыгъуэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ щIыналъэзэхуаку сымаджэщымрэ, псори зэ­хэту гъуэлъыпIэ 450-рэ щIэту. Министрым апхуэдэу жиIащ иужьрей жэщ-махуэм ­компьютер томографие къэпщытэныгъэр цIыхуи 148-м зэращIар, абыхэм ящыщу ­70-м я тхьэмбылыр зэрымыузыншэр наIуэ къэхъуащ. Республикэм и цIыхухэм мастэр яхэлъхьэным теухуа лэжьыгъэм пащэ. Мы махуэм ирихьэлIэу вакцинэр ирахьэлIащ цIыху мин 68-м щIигъум. Мастэр щыхалъ­хьэ щIыпIэхэр пщэдджыжьым къыщыщIэ­дзауэ пщыхьэщхьэ хъуху мэлажьэ, зыщагъэпсэху махуэ ямыIэу. Вакцинэр зыхезыгъэIуну хуейхэм поликлиникэм мастэ щыхалъхьэ и къудамэм зыщрагъэтх е къэрал Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэ порталыр къагъэсэбэп хъунущ.
 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.