КIуэкIуэ казбек хэтащ КъБР-м щыIэ МВД-м 2018 гъэм и япэ мазибгъум зэфIигъэкIа лэжьыгъэм кърикIуахэм ятеухуауэ коллегием иригъэкIуэкIа зэIущIэм

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къа­лэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр хэ-тащ КъБР-м щыIэ МВД-м 2018 гъэм и япэ мазибгъум зэфIигъэкIа лэжьыгъэм къри­кIуа­хэмрэ адэкIэ къапэщыт къалэнхэмрэ ятеухуауэ коллегием иригъэ­кIуэк­Iа зэIущIэм.

ЗэIущIэм хэтахэщ КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ ­Канунников В. А., къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ ми­нистру КъБР-м щыIэ Ромашкин И. К.,­ УФ-м СледствиемкIэ и комитетым СледствиемкIэ и управленэу КъБР-м щыIэм и уна­фэ­щIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Устэ В. Хъ., Урысейм ШынагъуэншагъэмкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу ­КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къа-лэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Филимонов М. В., КъБР-м и прокурорым и къуэдзэ Дармилов И. А. сымэ.
КъулыкъукIэ къабгъэдэхуэ къалэнхэр ­щагъэзащIэм IэкIуэлъакIуагъэ къызэрагъэ­лъэгъуам папщIэ министерствэм и лэ­жьакIуэ щхьэхуэхэм ведомствэм и награ­дэ-хэр иратащ.
 

 

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.05.2024 - 15:35

МАМЫРЫГЪЭМ И ЖЬЭГУР НАЛШЫК ЩЫЗЭЩIАГЪЭБЛАЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Мамырыгъэм и жьэгур Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и бзыпхъэщ» зыфIаща V щIыналъэ зэхуэсыр.

13.05.2024 - 08:48

БЗЭ ЗИМЫIЭР ЛЪЭПКЪЫНШЭЩ

ХамэщIым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу адэжь лъахэм ­къихьэжа адыгэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэныр, абыхэм я Iуэху зытетым зыщыгъэгъуэзэныр, я еджэныгъэр зэрекIуэкIым кIэ­лъыплъыныр, я лэжьыгъэр зэрызэте

13.05.2024 - 08:47

IУАЩХЬЭМАХУЭ ДАХА НЫПХЭР

Нэмыцэхэм я лъэсырызекIуэ полкищрэ танк дивизэрэ зэтезыкъутауэ щыта 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэ­тахэр хахуэу щыхэкIуэда Мартыновскэ районымрэ (Ростов щIыналъэм щыщщ) ди республикэмрэ зэпыщ

13.05.2024 - 08:46

ЩIЫХЬЫЦIЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Налшык – зауэлI щIыхьым и къалэщ» выставкэ-зэпеуэр.

13.05.2024 - 08:45

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ И ЩIЫХЬКIЭ

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым щагъэлъагъуэ студент-дизайнерхэм я лэжьыгъэхэр.