КъалэныщIэхэр яубзыху

КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ абы къы­дэлажьэ Жылагъуэ советым и зи чэзу зэIущIэ. Абы щыхэплъэжащ 2018 гъэм и ещанэ ­мазищым кърикIуа­хэм.

КъБР-м къэрал кIуэцI Iуэ­хухэмкIэ и министр, поли-цэм и генерал-лейтенант ­Ромашкин Игорь зэIущIэр къы­щызэIуихым Советым хэтхэм фIыщIэ яхуищIащ республикэм и хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьыгъэм жы­джэру зэрыхэтым пап­щIэ. Абы къыхигъэщащ полицэмрэ жылагъуэмрэ  зэ­пы­щIауэ зэрызэдэлажьэм и фIы­гъэкIэ ОВД-хэм я Iуэ­ху­щIа­фэхэм ятеухуауэ цIы­ху­хэм къабгъэ­дэкI фIыщIэ нэхъыбэ къаIэрыхьэ зэ­ры­хъуар.
- Жылагъуэ советым щыщ­­хэм хэлъхьэныгъэ ин абы хуэфщIащ. Ди лэжьыгъэм жыджэру фызэры­хэтым цIыхухэм ярегъэ­лъагъу дэ сыт щыгъуи жы­-ла­гъуэм ­пап­­­щIэ дызэрызэIухар, - жи­Iащ Ромашкин Игорь.
Республикэ МВД-м и деж щыIэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ, Урысей Феде­рацэм щIыхь зиIэ и артист Балъкъыз Валерэ тепсэ­лъы­хьащ къэрал кIуэцI Iуэху­хэмкIэ органхэм я лэжьа­кIуэхэм министерствэм и жылагъуэ советхэм я лIы­кIуэхэр ящIыгъуу ира­гъэ­кIуэкIа, мыхьэнэ нэхъ зиIэ­у къилъытэ Iуэху зыбжанэм. Абы къы­зэ­ры­хи­гъэ­щам­кIэ, зриплъэж лъэхъэнэм ахэр хэтащ министерствэм иригъэ­кIуэкIа ­Iуэ­хугъуэ 60-м щIи­гъум: со­­циальнэ Iуэ­ху­хэмрэ мы­хьэнэ пыухыкIа зиIэ                           проектхэмрэ, КъБР-м щыIэ ­                МВД-м и УГИБДД-мрэ  ­УНК-мрэ ирагъэкIуэкIа ­про­­­­­филактикэ рейдхэм, фэ­еплъ Iуэхухэм, щыIащ ­республикэм и са­на­торэ-­­          ку­рорт IуэхущIапIэхэм ­зы­­­щы ­­зы­гъэп­­сэхухэм я деж, ­нэ­­­гъуэщIхэми.
«Каникулы с общественным советом» урысейпсо акцэ ирагъэкIуэкIам нэхъ зэпкърыхауэ тепсэ­лъы­хьащ советым жэуап зыхь и секретарь ШкIэжь Ирэнэ. Республикэ МВД-м и деж щыIэ Жылагъуэ советым и жэрдэмкIэ ирагъэкIуэкIа Iуэ­хухэм хэтащ Къэбэрдей-Балъ­къэрым и школхэм къы­щызэрагъэпэщауэ щы­та лагерхэмрэ санато­рэ­хэмрэ зы­щы­зыгъэпсэху сабий 700-м ­щIигъу. Гъэмахуэ лъэхъэнэм нэ­­хъыбэу трагъэщIащ къыт­щIэхъуэ щIэб­лэм ядэлэ­жьэным, рес­пуб­ли­кэм щыпсэу ныбжьы­щI­э­хэм я деж хабзэ­хъумэ IэнатIэм и пщIэр щы­Iэтыным.
ЗэIущIэм хэтахэр тепсэ­лъыхьащ къызэгъэпэщы­ныгъэ Iуэху зыбжанэм, хэп­лъащ къапэщыт къалэнхэм.
Республикэ МВД-м и Жы­лагъуэ советым хэтхэм я мурадщ адэкIи щIалэ­гъуалэм ядэлэжьэну, хэкупсэ гъэ- ­­сэ­ныгъэ, зэкъуэ­тыныгъэ яхэ­лъ­­хьэным, хабзэмрэ законымрэ тетыным гулъытэ хэха хуащIыну.

 

Дыгулыбгъу Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.05.2024 - 08:48

БЗЭ ЗИМЫIЭР ЛЪЭПКЪЫНШЭЩ

ХамэщIым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу адэжь лъахэм ­къихьэжа адыгэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэныр, абыхэм я Iуэху зытетым зыщыгъэгъуэзэныр, я еджэныгъэр зэрекIуэкIым кIэ­лъыплъыныр, я лэжьыгъэр зэрызэте

13.05.2024 - 08:47

IУАЩХЬЭМАХУЭ ДАХА НЫПХЭР

Нэмыцэхэм я лъэсырызекIуэ полкищрэ танк дивизэрэ зэтезыкъутауэ щыта 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэ­тахэр хахуэу щыхэкIуэда Мартыновскэ районымрэ (Ростов щIыналъэм щыщщ) ди республикэмрэ зэпыщ

13.05.2024 - 08:46

ЩIЫХЬЫЦIЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Налшык – зауэлI щIыхьым и къалэщ» выставкэ-зэпеуэр.

13.05.2024 - 08:45

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ И ЩIЫХЬКIЭ

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым щагъэлъагъуэ студент-дизайнерхэм я лэжьыгъэхэр.

12.05.2024 - 09:03

ЛЪАХЭХУТЭ ЗЭПЕУЭ

КъБР-м и Сабий, щIалэгъуалэ творчествэ унэм иджыблагъэ щекIуэкIащ урысейпсо зэIущIэ.