Мы проектыр Путин Владимир и пащхьэ щралъхьащ «Мэшыкъуэ-2018» щIалэгъуалэ зэхыхьэм. Президентым абы теухуауэ жиIащ: «Хуабжьу мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ».
«Фадэ щыземыкIуэ Урысей» стендым къыщагъэлъэгъуащ щIыналъэхэм ящыщу фадафэхэр гъэмэщIэным нэхъ жыджэру яужь итхэри, а Iуэхур Iэпэдэгъэлэл зыщIхэри. Проектым тету къэралым и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм фадафэхэр гъэмэщIэным хуэунэтIа рейдхэр щрагъэкIуэкI, спортым зыщыхуагъасэ утыкухэр къыщызэрагъэпэщ.
Къэралым и Iэтащхьэм къыхигъэщащ мы Iуэхум жылагъуэ лIыкIуэхэр зэрыхэтым мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Абы жиIащ фадэм дихьэххэр къэралым нэрылъагъуу нэхъ мащIэ зэрыщыхъуар.
«Дэ ди проектым Президентыр щыгъуазэ тщIыну икIи ар къызэрыщыхъуар зэхэтхыну хуабжьу дыхуейт. Къэралым и унафэщIым и псалъэхэм къагъэлъэгъуащ дэ ди гугъуехьыр зэрымыпщIэншэр, гъуэгу тэмэмым дызэрытетыр», - жиIащ «Фадэ щыземыкIуэ Урысей» проектым и унафэщI Хамзаев СулътIан.
Фадафэхэмрэ наркотикхэм ятхьэкъуахэмрэ ебэныным теухуауэ «Фадэ щыземыкIуэ Урысей» федеральнэ проектым къыщыхалъхьа Iуэхухэр щы-
зэхуэхьэсыжа докладыр нэхъ япэкIэ иратащ УФ-м и Президентым и Администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Кириенкэ Сергей. Абыхэм яхэтщ фадэ зращэну хуитхэм я ныбжьым хэгъэхъуэным теухуа жэрдэм. Апхуэдэу проектым хэтахэм къалъытэ наркотикхэм ятхьэкъуахэм я узыншагъэр зэтегъэувэжынымкIэ жыпхъэ пыухыкIахэр ягъэувын хуейуэ.
Докладым хэт къыкIэлъыкIуэ жэрдэмыр спортым зегъэужьынырщ. Абы и лъэныкъуэкIэ къыхалъхьащ псэупIэ хьэблэщIэхэм спортым зыщыхуагъасэ щIыпIэхэр зэрыщаухуэу щыта хабзэхэм хуэкIуэжын хуейуэ. Апхуэдэу проектым хиубыдэу къагъэуващ хабзэм къемызэгъыу фадэ зыщэхэм яхь жэуапыр ягъэткIии-ну.