Ди шагъдийхэр Бытырбыху щагъэлъагъуэ

ШыщхьэуIум и 9-м щегъэжьауэ и 12-м нэс Санкт-Петербург (Бытырбыху) къалэм щекIуэкIынущ Шыхэм я гъэлъэгъуэныгъэ, «Иппосфера-2018» фIащауэ.

Илъэс къэс Урысейм щекIуэкI гъэлъэгъуэныгъэм мы гъэм хэтщ шы 240-м нэс, шы лъэпкъ 30 къызэ­щIиубыдэу. КъБР-м, КъШР-м, Адыгейм яйуэ абы екIуэлIащ «Шагъдий вагъуэбэ» зекIуэм хэта ших - республикэ къэс шы тIурытI. Зэхыхьэшхуэм и япэрей махуитIым къагъэлъэгъуащ Урысейм ис цIыхухэм адыгэшми адыгэ щэнхабзэми гулъытэшхуэ къызэрыхуащIыр. ФIыщIэ яхуэфащэщ, я лъэпкъэгъухэр ягъэгушхуэну, адыгэ фащэ ящыгъыу гъэлъэгъуэныгъэм къекIуэлIа бытырбыху щIалэгъуалэми.
«Адыгэшхэр лIэщIыгъуэкIэрэ зауэм къыщагъэщхьэпэу къекIуэкIащ. Ахэр хахуэу, шум къыкIэрымыхуу зэуэфу, ­къуршхэм я лъагъуэ зэвхэм ирикIуэфу щытын хуейт. Адыгэш щыпкъэхэм я пIалъэ зымыщIэ шэсагъащIэхэм, щыуагъэ псори хуагъэгъу. Шыхъуэ лъэрызехьэхэм ­къагъэхъуа адыгэш нэгъэсахэр мыбдежым щыфлъагъуну Iэмал фиIэщ. Фи Iэгуауэшхуэр шыхэми шууейхэми ­къалэжьауэ къызолъытэ», - а псалъэхэр зэхэпхырт адыгэш­хэр утыку къыщихьэм.

 

ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ

17.05.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ ТЕУХУА КОНЦЕРТХЭР

ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр, къэралым и дэнэ щIыпIэми хуэдэу, Налшык къалэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ. 

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.