КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Ю. А. Iуащхьэмахуэ лъапэ хиубыдэ Азау хуейм щахуэзащ «Зэныбжьэгъугъэм и гъуазэхэр» Урысейм зэкъуегъэувэ-2018» федеральнэ проектым хэтхэм

Мы проектым хиубыдэ Iуэхухэр мы ­зэманым щокIуэкI Центральнэ, При­волжскэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округхэм. Абы хэтщ Урысейм и щIыналъэхэм, ди гъунэгъу къэралхэм ящыщу 20-м къикIа щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ.

Проектыр зытеухуар лъэпкъ зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэнырщ, щэнхабзэ-тхыдэ хъугъуэфIыгъуэхэр ­хъумэнырщ, экологием шынагъуэ къытемыгъэ­хьэнырщ. «Зэныбжьэгъугъэм и гъуазэ­хэр» отряд зэгуэтым хохьэ Урысейм и ­щIыналъэхэм, апхуэдэу къэралым и ВУЗ нэхъ инхэм я волонтёру 120-рэ.
КIуэкIуэ Юрий лъэпкъ зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэным телажьэ «Зэныбжьэгъугъэм и гъуазэ» щIыналъэ зэхуаку жыла­гъуэ зэщIэхъееныгъэм и тхьэмадэ, УФ-м и Центросоюзым и проектхэм я унафэщI, Москва дэт Кавказ клубым и советым, Телевиденэмрэ радиомрэ я дунейпсо академием и правленэм хэт Гусаров Руслан фIыщIэ хуищIащ волонтёрхэм я лэжьыгъэм зегъэубгъуным куэд зэрыхи­щIы­хьам, Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я хабзэхэм хуэфащэ гулъытэ зэры­хуищIам папщIэ.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ

17.05.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ ТЕУХУА КОНЦЕРТХЭР

ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр, къэралым и дэнэ щIыпIэми хуэдэу, Налшык къалэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ. 

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.