БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат. Апхуэдэ зэи къэмыхъуауэ, Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэту къэралым и щIыхьыр яхъумэну дзыхь кърагъэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэу Багъ Идаррэ Бекъул Миланэрэ. 

Абы и мызакъуэу, мы тхыгъэр щыдгъэхьэзырым ирихьэлIэу Мэзкуу къалэм къикIыу хъыбар гуапэ къытIэрыхьащ. Мэлыжьыхьым и 24-м Бекъул Миланэ къыхуагъэфэщащ Урысейм дунейпсо классымкIэ спортым и мастер цIэ лъапIэр. Ар къыпэкIуащ адыгэ бзылъхугъэм иужьрей илъэсхэм къигъэлъэгъуа и зэфIэкIхэм. Республикэм щыяпэу, Миланэ УФ-м тхэквондомкIэ и чемпион нэгъабэ хъуащ, дунейпсо, европей зэхьэзэхуэшхуэхэм щытекIуащ, етIуанэ-ещанэ увыпIэхэр къыщихьащ. Бекъулым зыкъыщигъэлъагъуэр килограмм 46-рэ зи хьэлъагъхэм я дежщ.
Багъ Идари зэфIэкIышхуэ зиIэ спортсменщ, абыи Урысейм дунейпсо классымкIэ спортым и мастер цIэ лъапIэр зэрехьэ, УФ-м тхэквондомкIэ тIэунейрэ и чемпион хъуащ, къэралым и командэ къыхэхам лъэ быдэкIэ хыхьащ. Идар зыкъыщигъэлъагъуэ килограмм 58-м щызауэхэм я деж щызэхагъэува рейтингым бжьыпэр щиIыгъщ. 
Ди спортсменхэм зыщагъасэр Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спорт академиерщ, ахэр зи нэIэ щIэтыр Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Ахъмэт Амирщ.
Дехъуэхъунщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэм я зэфIэкI псори ирахьэлIэу, зэхьэзэхуэм екIуу зыкъыщагъэлъэгъуэну, текIуауэ къагъэзэжыну.
Мыдрейуэ, кIэщIу щыгъуазэ фыхуэтщIынщ УФ-м и командэ къыхэхам хэту къэралым и щIыхьыр Сербием щызыхъумэну дзыхь зрагъэза ди спортсменхэм.
ЦIыхубзхэм я командэм хэтщ Бекъулыр (кг 46-рэ), Рогозинэр (кг 49-рэ), Мининэр (кг 53-рэ), Близняковэр (кг 57-рэ), Кучинэр (кг 62-рэ), Хузинэр (кг 67-рэ), Хан (кг 73-рэ), Адебайо (кг +73-м). 
ЦIыхухъухэм я командэм хыхьащ Багъыр (кг 58-рэ), Артамоновыр (кг 63-рэ), Даниловыр (кг 68-рэ), Даурыр (кг 74-рэ), Храмцовыр (кг 80), Пряжниковыр (кг 87-рэ), Лариныр (кг +87-м).
Абыхэм къапэплъэ Европэпсо зэхьэзэхуэр мы гъэм Париж къалэм щызэхаублэну гъэмахуэ Олимп джэгухэм къызэрыхахыу зэрыщытынур къэбгъэлъагъуэмэ, шэч хэлъкъым ар гуащIэу икIи гъэщIэгъуэну зэрекIуэкIынум. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абы ущытекIуэныр тIэунейкIэ нэхъ лъапIэж хъунущ. Аращи, фIымкIэ дыплъэнщ!
 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.