ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ. Абы хэтащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Щауэ Iэхьед и цIэр зэрихьэу Бахъсэн къалэм дэт спорт еджапIэм и гъэсэнхэр икIи ехъулIэныгъэхэр яIэу къагъэзэжащ.
Бахъсэндэсхэм япэ зэIущIитIыр я хьэрхуэрэгъухэм къыфIахьащ бжыгъэхэр II:0-у, 8:0-у. ИужькIэ, 4:0-у абыхэм хагъэщIащ Иноземцевэ къалэм и «Юниор Иноземцево» клубыр. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, адэкIэ I:0-у Георгиевск и «Интер»-р къытекIуащ. Иужьрей дыдэ зэIущIэр Нарткъалэм и командэм 5:0-у къыфIахьри, етIуанэ увыпIэр зэпеуэм щаубыдащ.
Къыхэдгъэщынщи, зэIущIэхэм ди футболист ныбжьыщIэхэм псори зэхэту топ 28-рэ я хьэрхуэрэгъухэм худагъэкIащ, езыхэм я гъуэр зэ закъуэ кърагъэщтауэ аращ.
Командэм дэлажьэр Бахъуэ Муратщ.

ТОМЭКЪУЭ Iэдэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ

17.05.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ ТЕУХУА КОНЦЕРТХЭР

ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр, къэралым и дэнэ щIыпIэми хуэдэу, Налшык къалэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ.