ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ

Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ, Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэр зи нэIэ щIэт Новак Александр видеозэпыщIэныгъэ IэмалкIэ иджыблагъэ зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ Кавказым и инвестицэ зэхуэсышхуэр къызэгъэпэщынымрэ ар егъэкIуэкIынымрэ зи пщэрылъ къызэгъэпэщакIуэ гупым хэтхэм. 

Ахэр тепсэлъыхьащ зэIущIэм и мардэу щытынухэм, абы щызэпкърахыну Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм, нэгъуэщIхэми. ЗэIущIэм и лэжьыгъэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис.
Хъыбар зэрыщыIэмкIэ, Кавказым и инвестицэ зэхуэсышхуэр мы гъэм Шэшэн республикэм щрагъэкIуэкIынущ, ауэ ар щызэхашэну пIалъэр зэкIэ яубзыхуакъым. 
«Хамэ къэралхэм я лIыкIуэхэр, бизнесым хэтхэр ди деж къэкIуэну дапоплъэ. Жыджэру зэIущIэм зыхудогъэхьэзыр», - жиIащ Новак Александр. 
«Кавказышхуэ – зы тенджызым къыщыщIэдзауэ адрей тенджызым нэсыху» зыфIаща а инвестицэ зэхыхьэшхуэм къалэн нэхъыщхьэу иIэнур щIыналъэхэм ягъуэтыну зыужьыныгъэхэмрэ яхэр адэкIи зэрызэдэлэжьэну щIыкIэмрэ убзыхунырщ, нэхъапэм зыщIадза Iуэхухэм кърикIуахэр зэпэлъытыжынырщ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2023 гъэм и накъыгъэм Кавказым и япэ инвестицэ гъэлъэгъуэныгъэр Минводы къалэм щекIуэкIауэ щытащ. Абы хэтащ къэрал 15-м я лIыкIуэу мини 3-м щIигъу. Лэжьыгъэ программэм Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэу 30-м щIигъу хиубыдащ, сом меларди I50-м щIигъу я уасэ зэгурыIуэныгъэу 50-м нэблагъэ зэращIылIащ.
Нэгъаби хуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэрри абы екIуу хэтынущ, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щиIэ ехъулIэныгъэхэр игъэлъэгъуэнущ, лъэныкъуитIми я фейдэ хэлъу зыдэлэжьэну IуэхущIапIэщIэхэм зыпащIэнуи я мурадщ республикэм и лIыкIуэхэм.
 

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ