КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ. Абыхэм ящыщ зыщ компьютер Iэмалхэр къагъэсэбэпу ныбжьыщIэхэм яхуэгъэзауэ ялэжь щIэпхъаджагъэхэр. 
«Сабийхэр абыхэм зэрыщыпхъумэфынур, хъыбархэр зэрызэIэпах иджырей технологием къашэнкIэ хъуну шынагъуэр ягурыбгъаIуэкIэрэщ. Нобэрей сабийхэм иджырей технологиехэр я гъащIэм хэмыту ар я нэгу къахущIэгъэхьэххэркъым. Абыхэм я нэхъыбэм ягурэ я щхьэрэ зэтелъщи, куэдым хащIыкIыу закъыщохъуж, апхуэдэуи социальнэ напэкIуэцIхэмкIэ закъыпызыщIэ псэлъэгъухэм дзыхь ирагъэзыщэ. Абыхэм ялъагъу сурэт нэпцIхэм я щIыбагъ къыдэт бзаджащIэр «къахуэцIыхуркъым», - жеIэ 2023 гъэм ЩIалэгъуалэ проектхэмкIэ урысейпсо зэпеуэм и етIуанэ лъэхъэнэм и грантыр къэзыхьа Шалыгин Константин. - Компьютер Iэмалхэм фIыуэ хэзыщIыкIыр бжыгъэрылъанэ Iуэхуми хъарзынэу хозагъэ. А Iуэхум ухуэIэзэным къикIыр контент зэмылIэужьыгъуэхэр къэбгъуэтыфу, ахэр къэбгъэсэбэпыфу, онлайн IэмалхэмкIэ абыхэмкIэ нэгъуэщIхэм уадэгуэшэфу щытынырщ. Бжыгъэрылъанэм сабийхэм Iэмал хъарзынэхэр къарет интернетым егъэджэныгъэм теухуауэ къралъхьэ Iуэхугъуэ куэдым зыщагъэгъуэзэну. Абы къикIращи, абы и фIыгъэкIэ сабийхэм егъэджэныгъэ и лъэныкъуэкIэ щIэ куэд къащIэфынущ, я щIэныгъэм хагъэхъуэфынущ, унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ я къэухьым зрагъэужьыфынущ. Интернетым хъыбар къыщыфлъыхъуэмэ, «ВКонтакте» напэкIуэцIыр къызэвгъэпэщмэ, электрон тхылъ феджэмэ, фи ныбжьэгъур къыщалъхуа махуэр онлайн-махуэгъэпсым къыщывгъэлъагъуэмэ е, псалъэм папщIэ, такси къевджэн щхьэкIэ гуэдзэн щхьэхуэр къэвгъэсэбэпмэ, бжыгъэрылъанэ Iэмалхэм фызэрыхуэIэрыхуэм ахэр и щыхьэтщ».
Компьютерри бжыгъэрылъанэ Iэмалхэри Iэзэу къэзыгъэсэбэпыфыр нобэрей гъащIэм тыншу хэпсэукIыфынущ. Ауэ абыхэм я къэгъэсэбэпынри, шынагъуэншэкъым. А Iуэхум ныбжьыщIэхэр фIыуэ хэгъэгъуэзэным, компьютер щIэпхъаджащIэхэм я Iуэху мыщхьэпэхэр зэхагъэкIыфу егъэсэным хуэунэтIащ Шалыгин Константин и проектыр.
А проектым хэту ирагъэкIуэкIынущ онлайн, офлайн зэIущIэу 8, абы иужькIэ республикэм и интернатхэмрэ кадет школхэмрэ къыщызэрагъэпэщынущ кибершынагъуэншагъэмкIэ джэгу-зэпеуэ. Апхуэдэу а Iуэхум ухэзыгъэгъуазэ тхылъ цIыкIуи къыдагъэкIынущ.
Iуэху щхьэпэм мылъкукIэ и щIэгъэкъуэнщ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэр, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэр, ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ министерствэр, КъБР-м и Жылагъуэ палатэр, абы и деж щылажьэ ЩIалэгъуалэ советыр, Къэбэрдей-Балъкъэр гуманитар-техникэ колледжыр.

 

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ