КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ хамэ къэралу 10-м, Урысейм и щIыналъэхэм ящыщу 48-м я спортсмен 2160-рэ. 
ГъэщIэгъуэну икIи гуащIэу екIуэкIа зэIущIэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм медаль бжыгъэхэмкIэ етIуанэ увыпIэр къыщихьащ. 
Щхьэзакъуэ зэпеуэхэм я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ щыхъуащ Блий Изабеллэ, Нэгъуей Алинэ, Блий Эмир, Гуэбэшы Аскэр, Токъуий Алий, Гуэбэшы Арнеллэ, КIэбышэ Ислъам сымэ.
ЕтIуанэ увыпIэр Байсиев СулътIан къихьащ, ещанэ хъуащ  Битокъу Темерлан, Сидакъ Имран, Къэзанш Артур, Гузеев Къантемыр, Гузеев Темырлан, Акбулатов Амир, Этезовэ Эльмэ, Сыжажэ Дамир, Глашев Муслим сымэ. 
Командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Гуэбэшы Аслъэн, КIэмпIарэ Рустам, Мэш Азэмэт, Щомахуэ Владимир сымэ. 
 

ТОМЭКЪУЭ Iэдэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ