Адэжь щIыналъэм щохьэщIэ

Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я федерацэм и уна­фэщIымрэ абы хэтхэмрэ мы махуэхэм Урысей Федерацэм адыгэхэр зэрыс и хэгъэгухэм щохьэщIэ, Адыгэ Хасэхэм цIыхухэм щахуозэ, республикэ унафэщIхэм йопсалъэ. 

Мызыгъуэгум гупышхуэу къэкIуа ди лъэпкъэгъухэр япэу къыщыувыIар Мейкъуапэщ. Адыгей Хасэм и тхьэмадэ ЛIы­мыщэкъуэ Рэмэзан къригъэб­лэгъа и къуэшхэр япэу Iу­щIащ Адыгэ Республикэм и ЛIыщхьэ КъумпIыл Мурат. ЗэIущIэм хэтащ Кавказ Хасэхэм я федерацэм и тхьэмадэ Улучай Юнал, абы къыдэлажьэхэр, УФ-м Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэм и IуэхущIапIэу Краснодар щыIэм и уна­фэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Шалимовэ Ольгэ, АР-м и министрхэм я кабинетым хэтхэр, Адыгей Хасэм ­щэнхабзэмкIэ, егъэджэныгъэмкIэ, хамэ къэралхэм щып­сэу ди лъэпкъэгъухэм запы­щIэнымкIэ и къудамэхэм я унафэщIхэр, Дунейпсо Адыгэ Хасэм хэтхэр, нэгъуэщIхэри. 
ЗэIущIэм щIидзэн ипэ къихуэу, Тыркум къикIа хьэщIэ-хэм Адыгейм и социально-­экономикэ зыужьыныгъэм, ухуэ­ныгъэ, егъэджэныгъэ, щIэ­ныгъэ, щэнхабзэ, спорт IэнатIэ-хэм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэ­хэм, псэу­­кIэр, шы­нагъуэн­ша­гъэр къызэры­щызэгъэпэщам теухуа видео роликхэр ирагъэлъэгъуащ. 
АР-м и Iэтащхьэм жиIащ КАФФЕД-м хэтхэм куэд ­щIауэ зэрапыщIар, зэры­зэ­кIэ­лъы­кIуэр, хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ я зэдэлэжьэныгъэм Уры­сеймрэ Тыркумрэ я зэпыщIэ­ныгъэр нэхъ быдэ зэрищIыр. КъумпIыл Мурат ехъуэхъуащ иджыблагъэ КАФФЕД-м и тхьэмадэу хаха Улучай Юнал. 
- Иджырей Iэмалхэр къэдгъэ­сэбэпу, къытщIэхъуэ щIэб­лэм щхьэпэ яхуэхъун зэпыщIэныгъэхэр дубзыхун хуейщ, нэхъри дызэзыпхын Iуэхугъуэхэм ды­лъы­хъуапхъэщ. Хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэ щIалэ­гъуалэм ящIэн хуейщ ди тхыдэр, ялъагъун хуейщ я адэжь лъахэм къыщыхъухэр, ди ехъулIэныгъэхэм иригуш-хуэу псэуну игъуэу къызолъытэ, - жиIащ КъумпIылым.
Хамэ къэралхэм щыпсэу ады­гэхэм жылагъуэ мыхьэнэ зиIэ республикэ дауэдапщэхэм - Адыгэ Республикэм и махуэ, Къэрал ныпым и махуэ, зи  Хэку къэзыгъэзэжахэм я махуэ, нэгъуэщI Iуэхухэм - хэтын щхьэкIэ хъыбар зэрырагъэ­щIэнур, къызэрырагъэблэгъэнур дыщIигъуащ Iэтащхьэм. Адыгейм и телерадиокомпа­нием и нэтынхэм я фIыгъэкIэ хэкум щыхъыбархэр псынщIэу ялъоIэс хамэ къэралхэм щыпсэухэм. Апхуэдэ дыдэуи Адыгэ къэрал университетымрэ Дюзджэ къалэм дэт  университетымрэ зэдолажьэ. 
ЗэIущIэм хэтахэм къыхагъэщащ коронавирус уз зэрыцIалэр къемыжьэ щIыкIэ жыджэ-ру зэкIэлъыкIуэу зэрыщытахэр къэублэжын зэрыхуейр, щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэм мы­хьэ­нэшхуэ зэраIэр, ди щIалэгъуа­лэр зэхъуажэурэ зэрыдгъэ­хьэщIапхъэр, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Iэмалхэр къагъэсэбэпу, егъэджэныгъэ, турист, лэ­жьыгъэ IуэхухэмкIэ зэкIэ­лъы­кIуэн зэрыхуейр. 
- Къапщтэмэ, быдэу жысIэ­фынущ Адыгеймрэ хамэ къэ­ралхэм щыпсэу ди лъэпкъэ­гъухэмрэ я зэхущытыкIэм но- би зэрызиужь зэпытыр, си гугъэщ фэ фыкъызэрыкIуар а Iуэхум нэхъри сэбэп хуэхъуну, - къыхигъэщащ КъумпIыл Мурат. 
КАФФЕД-м и тхьэмадэ Улучай Юнал Адыгэ Республикэм  и Iэтащхьэм фIыщIэ хуищIащ къахуищIа гулъытэмрэ къуэш хуэдэу зэрыригъэблэгъамрэ пап­щIэ. Абы жиIащ зи пашэ зэгухьэныгъэм илэжь Iуэхум  урысей-тырку зэгурыIуэныгъэр ­лъабжьэ  зэрыхуэхъур. 
- Хэкум къэкIуэн и пэ дэ да­хуэзащ УФ-м Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм и IуэхущIапIэу Тыркум щыIэм, Россотрудничествэм я къулыкъущIэхэм. Дэ дызытет къыхуеджэныгъэр «КАФФЕД-м и гупэр Урысейм хуэгъэзащ» ­гуп­сысэрщ. ИкIи хуабжьу ди ­гуапэ хъуащ ди къуэшхэр зэ-рыс республикэр къыддэлэ­жьэну хьэ­зыру къызэрытпе­жьар, - жиIащ Юнал.
Абы фIыщIэ хэха яхуищIащ Тыркум щIыхъей къыщыхъуам Адыгейм исхэр зэракъуэувам папщIэ, апхуэдэуи къыхигъэщащ а къэралым ис ди къуэш­хэр хэкум щекIуэкI Iуэхухэм ­набдзэгубдзаплъэу зэрыкIэ­лъыплъыр, абы и ехъулIэныгъэ­хэм зэрыщыгуфIыкIыр. 
КАФФЕД-м и тхьэмадэм ­утыку кърихьащ дызыхуэкIуэ илъэсищым а зэгухьэныгъэм ищIэну и мурадхэр. Хэкум ехьэ­лIахэр жыпIэмэ, адыгэхэр нэхъыбэу щыпсэу хэгъэгухэмрэ КАФФЕД-мрэ проект зыбжанэ зэ­дагъэзэщIэну я ­гуращэщ, ахэр теухуащ Тыркум щыIэ адыгэ къуажэхэмрэ хэкум щы­Iэ­хэмрэ нэхъри зэпыщIэным, адэжь лъахэм къэзыгъэзэжыну хуейхэм сэ­бэп яхуэхъуным, анэдэлъ­хубзэм­кIэ конференц­хэмрэ курс­хэмрэ къызэгъэпэ­щы-ным, спорт зэхьэзэхуэхэр зэхэ­шэным, лъэпкъ IэщIагъэ­хэр къыдэкIуэтей щIэблэм ­щра- ­­гъэцIыху Iуэхугъуэхэр къе­хьэ­­жьэным, хьэрычэт, егъэ­джэныгъэ, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэмкIи зэдэлэжьэным. 
Абы и жэуапу КъумпIылым жи­Iащ ди къуэшхэм ядэ­лэ­жьэныр зэи гулъытэншэ зэрамыщIар, утыку кърахьа Iуэху-хэм хэплъэу, щIапхъэхэр зэраубзыхунур, зэрызэгурыIуэнур. 
Адыгейм и хьэщIэхэр ирагъэблэгъащ Мейкъуапэ дэт, Пушкиным и лъэпкъ унэмрэ АР-м и Лъэпкъ музеймрэ. А ­махуэхэм ди лъэпкъэгъухэр ирагъэплъащ Къуиикъуэ Налбий и пьесэм къытращIыкIа «СыволъэIу, сыщIэфлъхьэж!» спектаклым. Адыгэхэм я декоративно-прикладной гъуазджэм щагъэгъуэзащ ды­щэи­дэм хуэIэзэ бзылъхугъэхэу Чэт Сафиет, Гумэ Ларисэ, Джэримыкъуэ Зуретэ сымэ я IэдакъэщIэкIхэмкIэ. 
Адыгэ Республикэм и Театрхэм я зэгухьэныгъэм и уна­-фэщI Ачмыжь Рустам зэрыжиIамкIэ, зэкъуэшхэм я мып­хуэдэ зэкIэлъыкIуэм дунейпсо зэпыщIэныгъэхэр нэхъ егъэ­быдэ, зэдэлэжьэныгъэхэр ирегъэфIакIуэ. 
- Адыгэ театрыр къапщтэмэ, лъэпкъ, щIыналъэ зэпыщIэныгъэр иригъэфIэкIуэн папщIэ зыми щысхьынукъым. Нобэ- кIэ щэнхабзэ зэпыщIэныгъэр куэдым лъабжьэ зэрыхуэхъур долъагъу, Тырку Республикэм адыгэ куэд зэрыщыпсэур ­къэп­лъытэмэ, Iэмал имыIэу дызэ­рыщIэн, дызэкIэлъыкIуэн ­хуейщ. Уеблэмэ зэгъусэу зы Iуэху зэдэтщIэным мыхьэ­нэш­хуэ иIэщ. Лъэпкъ театрым и ­къалэн нэхъыщхьэ дыдэр анэдэлъхубзэр хъумэнырщ, ар гъуазджэм и утыку лъагэм ­щыгъэIунырщ, - жиIащ Рустам. 
Пщыхьэщхьэм Тыркум къикIа хьэщIэхэм я нэгу зрагъэужьащ лъэпкъ къафэмкIэ «Налмэс» къэрал академическэ ансамблым, «Ашэмэз» цIыхубэ ансамблым, «Мыст» адыгэ макъамэмкIэ гу-пым. 
Тхьэмахуэм щIигъукIэ Тыркум къикIа адыгэхэр щыхьэ­щIэнущ Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Краснодар крайм. Ахэр хэтынущ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэхуэсу Налшык ще­кIуэкIынум. 
Ди лъэпкъэгъухэм хы ФIы- цIэ Iуфэм Iус шапсыгъхэм я щы­IэкIэ-псэукIэм зыщагъэ­гъуэзащ Шапсыгъ Хасэм и тхьэ­мадэ КIэкIыхъу Мэжид ­иригъэблагъэри. КупщIафIэу   махуитI щагъэкIуащ Къэ­рэ­­шей-Шэ­рджэс Республикэми. Шэрджэс Хасэм и тхьэмадэ ­Аслъэн Алий я гъусэу ахэр IущIащ КъШР-м и Прави­те­льс­т­вэм и УнафэщI Аргун Мурат. 
ХьэщIэхэр дыгъуасэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэсащ.

НэщIэпыджэ  Замирэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ