УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр. Абы щытепсэлъыхьащ ар зэрырагъэкIуэкIыну щIыкIэмрэ абы щхьэкIэ зэлэжьыпхъэхэмрэ.
ВидеозэпыщIэныгъэ Iэмалхэр къагъэсэбэпу зэIущIэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борисрэ Маркетингымрэ республикэ щIыб зэпыщIэныгъэхэмкIэ департаментым и унафэщI Богацкая Севилрэ. 
КъызэгъэпэщакIуэ комитетым гулъытэ хуищIащ зэIущIэр зэрырагъэкIуэкIыну мардэхэм, хагъэхьэну Iуэхугъуэхэм: бизнес, щэнхабзэ, спорт программэхэм, ислъам дунейм и лIыкIуэу абы хэтыну къэралхэмрэ урысей компаниехэмрэ я стендхэр зэхэгъэува зэрыхъуным, нэгъуэщIхэми. 
«Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсыр мы гъэм 15-нэу Къэзан къалэм щекIуэкIынущ накъыгъэм и 14 - 19-хэм. А илъэсхэм къриубыдэу ар бизнесымрэ щэнхабзэмрэ я дунейпсо зэхуэсыпIэшхуэ хъуащ икIи абы и къалэн нэхъыщхьэу щытыр Урысеймрэ ислъам диным тет къэралыгъуэхэмрэ я сату-экономикэ, щIэныгъэ-техникэ, социальнэ, щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр егъафIэкIуэнырщ, зэдэлэжьэнырщ. 
Япэ илъэсхэми хуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэрри абы екIуу хэтынущ, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щиIэ ехъулIэныгъэхэр игъэлъэгъуэнущ.    

 

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.