КУЭД КЪЭЗЫМЫГЪАЩIЭУ КУЭД ЗЫЛЭЖЬА

Налшык дэт Лъэпкъ музеймрэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музеймрэ къыщызэIуахащ су­рэтыщI цIэрыIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и сурэтыщI Аккизов Екъуб и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэ­гъуэныгъэ. Ар траухуащ IэщIагъэлIыр къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъуам. 

Фэеплъ пшыхьым зи псалъэ щыжызыIэну хуейхэр, Екъуб и ныбжьэгъуу, и цIыхугъэу щытахэр щызэхуэсат Лъэпкъ музейм и пэшым. И гуащIэм фIыуэ щы­гъуазэхэр зэрымымащIэм и щы­хьэтт мы Iуэхум зыкърезыгъэ­хьэ­лIахэм я бжыгъэр. ЯщIэрт абыхэм ди щIыналъэм и щIыуэпс къулейр, щыпсэу лъэпкъхэм я тхы­дэр, хабзэр, цIыхухэм я даха-гъэр, нэгъуэщI Iэджи зи лэжьыгъэхэмкIэ къэзыгъэлъэгъуа Ак­кизовым куэд зэрыхузэфIэкIар. Блынхэм фIэлъ сурэтхэр и лэ­жьыгъэхэм я Iыхьэ мащIэу зэ­ры­щытыр къэплъытэмэ, Екъуб и ­гъащIэ мащIэр лъэпкъымрэ цIы­ху­бэмрэ яхуэлэжьэным щхьэу­зыхь зэрыхуищIар хьэкъ пщохъу. 
Налшыкдэсхэмрэ абы и хьэ­щIэхэмрэ я пащхьэ музеитIым къыщрахьа IэдакъэщIэкIхэр зэ­зыгъэлъагъуну хуейхэм апхуэдэ Iэмал яIэщ зы мазэ пIалъэкIэ. КъищынэмыщIауэ, Iуэхум хэтщ Аккизов Екъуб теухуа альбом дахэм и «лъэтеувэ». Тхыгъэ гъэ­щIэгъуэнхэмкIэ, сурэт телъы­джэ­хэмкIэ гъэбея къыдэкIыгъуэр тхы­лъымпIэфI дыдэкIэ тедзащ, езыр щхъуэкIэплъыкIэ дахэщи удехьэх. 
IуэхущIапIэм и унафэщI Накуэ Феликс къызэхуэсахэм фIэхъус ярихри, гъэлъэгъуэныгъэр къы­зэ­Iуихын папщIэ япэ псалъэр иритащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. 
- Куэд щIауэ дгъэхьэзыр, Iэджэ щIауэ дызыпэплъэ Iуэхущ мы зэIущIэр. Дыхуейт щIэщыгъуэ ­хъунуи, ар къыдэхъулIауэ къызолъытэ, - жиIащ министрым. - Нобэ флъагъу IэдакъэщIэкIхэм яхэтщ зэи утыку кърамыхьахэр, ахэр гунэс зэрыфщыхъунум шэч къытесхьэркъым. Аккизов Екъуб ябгъэдэбгъэувэ хъунущ КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын сы­мэ, сыту жыпIэмэ ар классикщ, гъуазджэм зыми емыщхь хэлъ­хьэныгъэшхуэ хуищIащ.
КъыкIэлъыкIуэу къэпсэлъа­-пIэр хуит хуащIащ КъБР-м ЦIыху­хэм я хуитыныгъэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Зумакулов Борис. Абы къыхигъэщащ Аккизовыр балъкъэрхэм япэу къахэкIа профессиональнэ сурэтыщIу зэ­рыщытыр, и лъэпкъым и тхыдэм, щIыналъэм и дахагъэм гимн пэлъытэ хуэхъуа сурэтхэр зэ­рищIар. 
- Сэ си къулыкъум къысхуигъэув къалэнукъым мыбы сы­къы­зэрыкIуар, атIэ илъэс куэдкIэ зыцIыхуауэщ, и ныбжьэгъужьу дэ­гъуэгурыкIуауэщ. Куэдрэ ды­зэхуэзащ, Iэджэрэ дызэпсэ­лъы­лIащ, дунейм ехыжыхуи дызэрыгъэпэжащ. ЦIыху нэст, цIыхуфIт, гу пцIанэт, убгъэдэсыну уасэ иIэ­тэкъым, - жиIащ Борис. - Дригушхуэрт апхуэдэ IэщIагъэлI телъыджэм дызэрыщIыгъум, а зэманым нэсу зыхэдмыщIэми. Су­рэтыщI гъуазджэм и тхыдэм ар  къы­хэнэнущ шэч хэ­мылъу. Абы  и лъэныкъуэкIэ лэ­жьыгъэшхуэ ещIэ Екъуб и ныбжьэгъуу щыта сурэтыщI цIэрыIуэ Пащты Герман. Сэ си нэгу щIэ­кIащ щIыпIэ куэдым зи гуа­щIэр къыщащIэ Аккизовым и цIэр Герман щы­лажьэ Красноярск зэ­рыщи­гъэ­лъапIэр. МыдэкIэ Екъуб и щхьэгъусэ Сиярэрэ ипхъу Има­рэрэ абы и лэжьыгъэм пащэри, узыншагъэрэ гукъыдэжрэ яIэу куэдрэ иужьым итыну си гуапэщ. 
Гъэлъэгъуэныгъэм кърит гукъыдэжым, гупсысэм тегъэщIауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ ­КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ. Апхуэдэуи ар къеджащ Урысейм и цIыхубэ су­рэ­тыщI, ди къэралым и Сурэ­тыщI­хэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Ковальчук Андрей Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм фIыщIэ къызэ­рыхуищI тхыгъэм. Аккизовым и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ нэхъ зыубгъуауэ къытеувыIащ Шэ­джэм районым и щIыпIэ самоуправленэм и советым и тхьэма­-дэ Уэдыхь Хьэсанш, сурэтыщI Сурхайхайнов Ибрэхьим, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Моттаевэ Светланэ сымэ. Екъуб график телъыджэти, и IэдакъэщIэкI сурэ­тышхуэхэм къадэкIуэу, тхылъ куэд и лэжьыгъэхэмкIэ игъэщIэ­рэщIащ. «Эльбрус» тхылъ те­дзапIэм щылэжьа Моттаевэм и куэдт Аккизовым хэлъа цIыхугъэм, ар гумызагъэу тхылъхэм зэрелэжьам теухуа гукъэкIыжхэр. 
Аккизовэ Имарэ псалъэ щратым, фэеплъ зэIущIэм зыкъре­зыгъэхьэлIа псоми фIыщIэ ин яхуищIащ, и адэр гуапэу зигу къэзыгъэкIыж дэтхэнэми ехъуэхъуащ. Щхьэхуэу фIыщIэ яхуи­щIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, абы и къуэдзэ Карчаевэ Iэминэ, псалъэкIи IуэхукIи зэпымыууэ щIэгъэкъуэн къыхуэхъу Пащты Герман, Екъуб и шыпхъу Чипчиковэ Мадинэ (ди жагъуэ зэры­хъунщи, дунейм ехыжащ). 
- Нобэ флъагъу гъэлъэгъуэ­ныгъэр илъэситIкIэ дгъэхьэзыращ, - жиIащ Имарэ. - Мис а зэманым къриубыдэу хузэфIэкI псори Iуэхум хилэжьыхьу къызбгъэдэта, нобэрей зэIущIэр къэхъуныр зэлъыта дэтхэнэми Тхьэм фигъэпсэу вжызоIэ. Си адэр зэрывгъэлъэпIам хуэдэу фи щхьэр лъапIэ хъуну сыхуейщ. 

 

Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

ИСТЭПАН Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.