Фошыгъу диабетыр дунейпсо медицинэр зыIууэ узыфэ нэхъ гугъухэм икIи хьэлъэхэм хабжэ. Мы зэманым фошыгъу узыр къефыкIыу дуней псом тетщ цIыху мелуан 450-рэ, абыхэм я нэхъыбэм - мелуан 424-м - узыфэм и 2-нэ лIэужьыгъуэр япкърытщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, инсулиныр яхурикъуркъым. КъызэрагъэлъагъуэмкIэ, Урысейм а узыр зыпкърыту щыпсэухэм я бжыгъэр мелуани 5-м ноблагъэ. Иужьрей зэманым дохутырхэр нэхъ игъэгузавэ хъуащ а узыфэр зэуалIэхэр нэхъыбэ зэрыхъум, ди жагъуэ зэрыхъунщи, балигъхэм я мызакъуэуи ар яхуэлъэщ сабийхэми. Ар хэмытIасэу къэпхутэн щхьэкIэ узым зэрызыкъыуигъащIэ нэщэнэхэу гулъытэ нэхъ зыхуэщIыпхъэхэм, ар зыпкърытыр зэрызыкIэлъыплъыжын хуейм тедгъэпсэлъыхьащ Налшык дэт Поликлиникэ нэхъыщхьэм терапевту икIи эндокринологыу щылажьэ Балъкъэр Дахэнагъуэ:
- Къыхэгъэщыпхъэщ фошыгъу диабетыр япэ, етIуанэ лIэужьыгъуэу зэрызэщхьэщыкIыр. Зэхуэдэ нэщэнэу яIэр лъым хэлъ фошыгъур зэрыдэкIуейрщ. Япэ лIэужьыгъуэ зиIэхэм я Iэпкълъэпкъым езым и инсулиныр къемэщIэкIыу мэхъури, ирагъэкъужын папщIэ хущхъуэ дэIэпыкъуэгъу хуащI. Ар мастэу халъхьэу аращи, псэухукIэ зрихьэлIэнущ. ЕтIуанэ лIэужьыгъуэм хуэдэ зиIэхэм нэхъыбэрэ урохьэлIэ. Сымаджэхэм я процент 90-м узыфэр къызыхахар егъэлеяуэ пшэр зэрыхъурщ. Аращи, лы лей къызыщтэн щIэзыдза цIыхур а узыфэр иIэнкIэ шынагъуэу къалъытэ гупым хабжэ.
Зэпымыууэ псыхуэлIэ уиIэмэ, щIэх-щIэхыурэ угъутхьэну ухуеймэ, щIыфашхэ ухъуамэ, ахэр фошыгъу диабетым и «хъыбарегъащIэщ». ЦIыхухэм я деж нэсхьэсыну сыхуейт: фошыгъу диабетым зыщыфхъумэфынущ Iэпкълъэпкъым и «уэзджынэхэм» и чэзум гулъытэ хуэфщIмэ. Абы папщIэ лъым хэлъ фошыгъум и закъуэкъым щIэх-щIэхыурэ къэфпщытэн хуейр. Мыхьэнэшхуэ яIэщ инсулиным и щытыкIэми «индекс НОМА» анализыр зыхуэдэми. Абы къигъэлъагъуэ хэхъуэр нэхъ лъагэхукIэ, узыфэм нэхъ гъунэгъу фыхуохъу. Лъым хэлъ фошыгъур мардэм тету илъэс бжыгъэкIэ екIуэкIынкIи хъунущ, ауэ абы щыгъуэми инсулиным и щытыкIэр узыгъэгузавэу.
Фошыгъу диабетыр узыфэ бзаджэщ, ар зэрекIакIуэм елъытауэ, абы къегъэхъей нэгъуэщI узхэри. Псалъэм папщIэ, нэхэм зэралъагъум кIэреч, псантхуэ узыфэ зэхуэмыдэхэр къыхокI, жьэжьейхэр тэмэму мылажьэу мэхъу. Абы къыхэкIыуи сымаджэр дохутырым и жыIэм ткIийуэ тетыпхъэщ.
Узыр зыпкърыт цIыхум гъащIэ узыншэ зэрырихьэкIынум и акъылыр триухуэн хуейуэ аращ. Махуэ къэскIэ хьэуа къабзэм хэту къикIухьыпхъэщ, щхьэж и зэфIэкI елъытакIэ спорт лIэужьыгъуэ гуэрым зыдригъэхьэхыныр фIы дыдэщ, мыхьэнэшхуэ иIэщ жэщым сыхьэт 11-м нэхъ фIэмыкIыу угъуэлъыжыным, Iэпкълъэпкъри акъылри абы егъэсауэ тэмэму зыгъэпсэхуа ухъун папщIэ. Ерыскъым куэд дыдэ елъытащ: къэуат щIэлъу, ауэ емыгъэлеяуэ щытыпхъэщ, IэфIыр хэгъэкIыпхъэщ, углевод зыхэлъ шхыныгъуэр гъэмэщIапхъэщ. Къапщтэмэ, фошыгъу диабетыр зиIэ сымаджэхэм я мызакъуэу, узыншэу щытыну хуей псоми я мардэщ ахэр.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, фошыгъу диабетым и япэ лIэужьыгъуэр пхуэгъэхъужыркъым, сымаджэр псэухукIэ инсулин мастэр зыхилъхьэнущ. ЕтIуанэ лIэужьыгъуэр и чэзум къахутэрэ, ар зиIэ цIыхур узыншэу зэрыпсэуным хущIэкъуу и шхы-ным кIэлъыплъмэ, физическэ жыджэрагъэм хигъахъуэмэ, пхуэгъэхъужынущ. Абы и щапхъэхэр мащIэкъым. Узыфэр хэтIэсамэ, ар Iэмалыншэщ. Ауэ апхуэдэ сымаджэми дохутырым и жыIэр игъэзащIэу зэгугъужу зыкIэлъыплъыжмэ, узым нэхъ тыншу декIуэкIынущ.
«Ей, бетэмал, илъэс зыбжанэ ипэкIэ къызжепIахэм щхьэ семыдэIуарэт», - сымаджэхэм жаIэу сыт хуэдизрэ зэхэсха. Уи жагъуэ мэхъу зи узыншагъэм зыкъигъэза, сэбэп узыхуэхъуфыну сымаджэр дохутырым и гъусэу и узым пэщIэмыувэу, имышхыпхъэ ерыскъым кърит гурыфIыгъуэр япэ зэрыригъэщыр, апхуэдэ щIыкIэкIи абы къыхихыну ныкъуэдыкъуагъэр, уеблэ- мэ и гъащIэр езым нэхъ кIэщI зэрищIыжыр зыгуригъэIуэну хэмыту. Ди зэпсэлъэныгъэр къэзгъэсэбэпу газетым и щIэджыкIакIуэхэм лъэIукIэ захуэзгъэзэнут: фи сабийхэр фымэгъэшхакъуэ, балигъым и Iыхьэм хуэдиз къахутевмыгъэувэ, ерыскъы къагъэнар евгъэшхыжынуи хэвмыгъэзыхь. Ди республикэм исщ пшэрыIуэу зэрыщытым къыхэкIауэ фошыгъу диабетым и етIуанэ лIэужьыгъуэр зиIэ щIалэгъуалэ куэд. Абыхэм сащепсалъэкIэ наIуэ мэхъу я хьэлъагъыр куэдыIуэ зэрашхым къызэрыхэкIар, шхыным хуаIэ нэхъуеиншагъэр я сабиигъуэм къызэрыщежьэр. Хабзэу зыхуэвгъэувыжи, махуэ къэс дакъикъэ 30 - 40-кIэ къызэрыфкIухьыным фыхущIэкъу. Фи фIэщ зэрыхъун, зыхэфщIэу абы фи щытыкIэр нэхъыфI ищIынущ.