ИНДИЕМ ЗЭРЫКIУЭНУМ ЗЫХУЕГЪЭХЬЭЗЫР

Тулэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм тхэквондомкIэ (ИТФ, Олимп джэгухэм хыхьэркъым) и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 39-м я спортсмену 1100-м щIигъу.

         Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр ихъумэу чемпионатым хэта Гъэсашэ Инал килограмм 60 зи хьэлъагъхэм я гупым домбеякъ медаль къыщихьащ икIи апхуэдэ щIыкIэкIэ Iэмал игъуэтащ мы гъэм Азием и чемпионату Индием щекIуэкIынум хэтыну.

ЩIалэр зыгъасэр Бэлагъы Iэдиихущ.

                                                    ТОМЭКЪУЭ Iэдэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.

06.05.2024 - 09:25

ГЪУАЗДЖЭМ И ХЭЩIАПIЭ

«Гардарика - Кавказ» арт-фестивалыр КъБР-м и Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ.

06.05.2024 - 08:10

УРЫСЕЙМ И ЧЕМПИОН ШЭРИЙ ИНАЛБЭЧ

Мэзкуу областым хыхьэ Сколково щIэныгъэ къалэм къикIыу хъыбар гуапэ иджыблагъэ къытIэрыхьащ. Мы махуэхэм абы и «Live Арена» спорткомплексым щекIуэкIащ Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпионат.

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну.