АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ. Апхуэдэу щытми, цIыху лъэпкъыр я бзэкIэ, я дуней тетыкIэкIэ, щIыпIэу зыщыпсэухэмкIэ хуабжьу зэщхьэщокI. Нобэрей щIэныгъэм цIыхухэр я сурэткIэ, я нэпкъпэпкъкIэ егуэш негроид, монголоид, европеоид расэхэмкIэ.

         19-нэ лIэщIыгъуэм псэуа нэмыцэ философ цIэрыIуэ Гегель и тхылъ «Псэм и философием» зэрыщитхымкIэ, адыгэхэр европеоидхэм я ипщэ къудамэм хыхьэу илъытэрт. Абы европеоидхэм къахигъэщхьэхукIырт кавказ расэр икIи хигъэхьэрт адыгэхэр, грузинхэр. Гегель дуней хъурей тхыдэжьыр къэзыгъэхъур, зыгъэкIуатэр ахэрауэ къилъытэрт.

         Ди лъэпкъыр езыр сыт щыгъуи зэрызэджэжу щытар адыгэщ, бзэуэ яIурылъар адыгэбзэщ; гъащIэ щIыкIэу, гъэпсыкIэу, дуней тетыкIэу, цIыху зэхущытыкIэу яIар адыгагъэщ, адыгэ хабзэщ. Ауэ адыгэхэм къакIуа илъэс мин бжыгъэ хъу гъащIэ гъуэгум нэгъуэщI лъэпкъхэм къыфIащауэ, къреджэу щытауэ тхыдэм цIэ куэд хэтщ.

         Адыгэ-абхъаз-абазэ лъэпкъхэм я къекIуэкIыкIар зыдж еджагъэшхуэ куэдым къызэралъытэмкIэ, абыхэм я къежьапIэу убж хъунущ илъэс минитхукIэ узэIэбэкIыжмэ щыIа Хьэт (Хат) къэралыгъуэжьыр. А къэралыгъуэм хыхьэу щытащ хы ФIыцIэ Iуфэхэр хиубыдэу Анатолиер (иджы Тыркур), КъухьэпIэ Кавказыр (Иджырей Грузиер), Абхъазыр, Краснодар крайр, Адыгейр. Хьэт къэралыгъуэр къэзыгъэхъуа хьэтит лъэпкъым хыхьэ лIакъуэхэу абешла, кашк жыхуиIэхэрауэ къалъытэ адыгэ-абхъаз-абазэ лъэпкъхэр къызытекIар. Апхуэдэу къыщIалъытэм и щхьэусыгъуэр хьэтитхэм я бзэу щытамрэ адыгэ-абхъаз-абазэхэм я бзэхэмрэ зэрызэтехуэрщ.

         Кашк цIэм къытекIыжауэ ябж зэман жыжьэхэм адыгэхэм зэреджэу щыта кешак, кашаг, касог цIэхэр.

         Ди лъэхъэнэм ипэкIэ 8-нэ – 7-нэ лIэщIыгъуэхэм къыщыщIедзэ кашк, абешла жыхуиIэ хьэтит лIакъуэхэм къатехъукIыжа Меот къэралыгъуэм. Меот къэралыгъуэр адыгэ лIакъуэ куэду зэхэтт. Абыхэм ящыщт синдхэр, ахейхэр, керкетхэр, зиххэр.

         Адыгэхэр сыт щыгъуи езыхэм я Хэку исыжащ икIи абыхэм нэмыщI нэгъуэщI лъэпкъ адыгэ щIыналъэм исауэ тхыдэм ущрихьэлIэркъым. Адыгэ щIыналъэу ябжу щытащ ищхъэрэмкIэ Тэн псым къыщыщIэдзауэ Кавказ мылылъэ бгыжьхэм ипщэкIэ еуалIэу. КъуэкIыпIэмкIэ адыгэ щIыгур нэсырт Сунжэ псыр Тэрч щыхэлъэдэжым.

         Абы лъандэрэ блэкIа илъэсищэ бжыгъэхэм адыгэхэм я щIыгукIи, я бжыгъэкIи хэщIурэ кIуащ. А лIэщIыгъуэ хьэлъэхэм адыгэхэр зауэ зэпымычым хэтащ. Адыгэ щIыналъэ дахэм, псомкIи бейм, Iузэв хым, хы ФIыцIэм лъэкIыныгъэшхуэу къаритым Iэджэ къехъуапсэрт икIи апхуэдиз зи телъыджагъ Хэкур къазэун мурадкIэ къэрал куэдым IэщэкIэ зэщIэузэда я дзэхэр къизэрыгуэрт. Илъэсищэ бжыгъэкIэ абыхэм япэщIэтурэ, я щхьэ, я Хэку яхъумэжыным къарууэ яIэр трагъэкIуадэурэ, я псэм емыблэжурэ къэгъуэгурыкIуащ адыгэхэр. Мис аращ ди лъэпкъым къалэшхуэхэр, чэщанэхэр куэду ищIыну щIыхущIэмыхьар.

         НобэкIэ адыгэхэр щопсэу Урысейм хыхьэ Адыгей, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэм. Ахэр езыхэр псори адыгэкIэ зоджэж, ауэ тхылъхэм щратхэкIэ адыгей, къэбэрдей, шэрджэс жиIэу иратхэ, а цIэ дыдэхэмкIи нэгъуэщI лъэпкъхэр къыдоджэ.

         Япэми хуэдэу, ноби адыгэхэр лIакъуэ зыбжанэу зэхэтщ, хэкурыс адыгэхэм яхохьэ лIакъуэхэу: шапсыгъхэр – щыпсэур хы ФIыцIэ Iуфэрщ, бжьэдыгъухэр, абазэхэхэр, кIэмыргуейхэр – Адыгэ Республикэм исхэщ. Беслъэнейхэр, къэбэрдейхэр исщ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм. Къэбэрдейхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щопсэу. Адыгэ чыристанхэр Ищхъэрэ Осетием и Мэздэгу районым исхэщ, Ставрополь, Краснодар крайхэми яхэпхъауэ къуажэ бжыгъэ яхэсщ.

         Адыгэхэр дунейпсо цIыхубэ цивилизацэм хэлъхьэныгъэ гъэнэхуа хуэзыщIа, ар зыгъэкIуэта лъэпкъхэм ящыщщ. Мысыр, Сирие, Иордание къэралхэр зэфIэувэн щхьэкIэ а щIыналъэхэр псэупIэ зыхуэхъуа адыгэхэм я лIыгъэ, я акъыл, я гуащIэшхуэ халъхьэурэ къогъуэгурыкIуэ, ноби щагъэтакъым.

          Адыгэхэм я хабзэхэр, адыгагъэр, я фащэр, Iэщэхэр, нарт эпосыр, я щIыгу лэжьыкIэр, адыгэшхэр, Iэщ зехуэкIэр, нэгъуэщI куэд лъэпкъ гъунэгъухэм яфIэфIу ящтащ икIи ахэр адыгэхэм зэраIэрыкIыр ящыгъупщэркъым. Зэрыкавказу къащтащ адыгэ фащэр, ди къафэхэр, макъамэхэр. Тхыдэм зыщIыпIэ дежи къыщыхэщыркъым, сыт хуэдэу лъэщу щымытами, адыгэхэр нэгъуэщI къэрал е лъэпкъ теуэу, зауэ иращIэкIыу къазэуауэ. Ауэ езы адыгэхэм я тхыдэ кIыхьым уриплъэжмэ, я натIэу щытащ я Хэкур яхъумэжыныр, кIэи бжыгъи зимыIэ биймрэ абыхэм къращIылIэ зауаехэмрэ япэщIэтыныр.

         Адыгэхэм гъащIэ гъуэгуу къакIуам сыт хуэдэ гузэвэгъуэрэ гужьеигъуэрэ хэмытами, сыт хуэдэ хьэзаб ятемылъами, дэнэ къэралыгъуэ къыщымыхутами, лъэпкъ зэхуэмыдэ дапщэм яхуэмызами, яхузэфIокI я бзэр, адыгагъэр, зыми емыщхь адыгэ хабзэ гъуэзэджэр яхъумэжын.

         ШЭРДЖЭС Алий.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ