ЛЭЖЬЫГЪЭМ КЪРИКIУЭР НЭРЫЛЪАГЪУУ

Туризм IэнатIэм пыщIауэ лажьэ IуэхущIапIэу зы илъэсым къриубыдэу сом мелуани 180 нэхърэ мынэхъ мащIэ хэхъуэу зиIэхэм «Лэжьыгъэм кърикIуэр» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр дяпэкIэ иратынущ. Апхуэдэ унафэм иджыблагъэ Iэ щIидзащ лъэпкъ пэхуэщIэм и унэтIакIуэ, УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Белоусов Андрей. 
Унафэм ипкъ иткIэ зыщIагъэкIуэнущ хьэщIэщхэр, кемпингхэр, коттеджхэр, санаторэхэмрэ курортхэмрэ, жармыкIэхэр, цIыхухэм зыщагъэпсэху паркхэр, аттракционхэр, дыгъэ зегъэупIэхэр зыгъэлажьэхэм, турагентствэхэмрэ туроператорхэмрэ. Лъэпкъ пэхуэщIэм ухыхьэн папщIэ интернетым и гуэдзэн «Производительность.рф»-м лъэIур къыщыбгъэнэн хуейщ, иужькIэ абы хэплъэн хуэдэу.
«Лъэпкъ пэхуэщIэм хиубыдэу компаниеу 200-м нэблагъэм федеральнэ щIыналъэ эксперт дэIэпыкъуныгъэхэр къагъэсэбэп хъунущ», - къыхигъэщащ Белоусов Андрей.
«2023 гъэм къэрал кIуэцI туризм IэнатIэм и зэфIэкIым процент 20-кIэ къыхэхъуащ. ХьэрычэтыщIэхэм я хэхъуэр хуэдитIкIэ нэхъыбэ хъуащ. ЩIэупщIэм зэпымыууэ къызэрыхэхъуэм и фIыгъэкIэ турист IэнатIэм мылъкуу къыхалъхьэми хэпщIыкIыу хохъуэ. Абы фейдэуэ къыпэкIуэжынур «Лэжьыгъэм кърикIуэр» лъэпкъ пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ къиIэтынущ. ХьэщIэщхэм туристхэр щIэгъэтIысхьэнымкIэ, бгы лъапэхэм щыIэ гъуэгу кIапсэхэм щызэтрихьэ цIыхухэр нэхъ псынщIэу зэтегъэкIа хъунымкIэ, цIыхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъым къыхэгъэхъуэнымкIэ экспертхэр къадэIэпыкъунущ», - жиIащ УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ КIэрэф Мурат.
Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир ипэкIэ унафэ ищIауэ щытащ 2030 гъэм ирихьэлIэу пэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ (щIыуэпсым хъугъуэфIыгъуэхэр къыщIэзыш IуэхущIапIэхэр яхэмыту) я лэжьыгъэм и Iэужьым процент 40 нэхърэ мынэхъ мащIэкIэ къыхагъэхъуэну. Апхуэдэ IуэхущIапIэхэр къэралым нобэкIэ мин 12-м щыноблагъэ. 
«Лэжьыгъэм кърикIуэр» лъэпкъ пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ къэралым и IуэхущIапIэу мини 4-м щIигъум хэхъуэу сом мелард 318-рэ яIащ. Лъэпкъ пэхуэщIэм и бюджетым нэхърэ ар хуэдипщIкIэ нэхъыбэщ. ПэхуэщIэр апхуэдэуи IуэхущIапIэхэм ядоIэпыкъу нобэ дунейм къыщекIуэкI зэхъуэкIыныгъэ зэIумыбзхэм химылъэфэнымкIэ, атIэ фейдэ яIэу къыхэкIынымкIэ. Абы нэмыщI, лэжьэкIэщIэм ипкъ иткIэ, илъэсихым къриубыдэу экономикэр зыхуэныкъуэ цIыхуIэр мини 130-кIэ игъэмэщIэнущ.
 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.05.2024 - 16:58

ПУТИН ВЛАДИМИР И КЪУЛЫКЪУМ ПЭРОХЬЭ

Путин Владимир Урысейм и Президент къулыкъум иджы етхуанэу пэрыуващ, хэхыныгъэхэм щытекIуа нэужь. А Iуэхум иращIэкIа зэхуэсышхуэр сыхьэтым нэблагъэкIэ екIуэкIащ.

09.05.2024 - 15:02

ЗАУЭМ И БЫНХЭМ ГУЛЪЫТЭ ХУАЩIУ

Налшык дэт къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIащ ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм теухуа пшыхь.

09.05.2024 - 09:03

ШАБЗАУЭХЭМ Я ЗЭФIЭКIЫР

Ростов областым хыхьэ Таганрог къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я шабзауэхэм я чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ.

09.05.2024 - 09:03

ЗАУЭЛIЫМ ДЕЖ ХЬЭЩIАПIЭ

Хэку зауэшхуэр зэрыувыIэрэ илъэс 79-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щекIуэкIынущ.

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.